КъБР-м и цIыхубэ артист КъаздэхъуСулътIан
2019-10-08
- Зыми емыщхь
- Пасэу белджылы къэхъуат Къаздэхъу СулътIан гъуазджэм зэрыдихьэхыр: школ самодеятельностым хэтт, езыр къыщалъхуа Ислъэмей къуажэм икIыурэ Бахъсэн кIуэрти, ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъагъуэ спектаклхэм еплъырт. Налшыки щынэс щыIэт, театрым еплъын папщIэ. Тэмэму ящIащ Москва кIуэуэ актёру еджэну мурад зыщIа СулътIан нэхъыжьхэр зэрыпэрымыуар.
- МОСКВА Луначарскэм и цIэр зезыхьэ и театр институтыр 1958 гъэм Къаздэхъу СулътIан щIыгъуу къаухауэ щытащ цIыху пщыкIублым. ЗэщIэгъэуIуауэ, гугъэшхуэ уагъэщIу къэкIуэжащ ахэр псори лъэпкъ театрым.
- Нэхъыщхьэр — зэчийрщ, сценическэ Iэзагъырщ. Ауэ ари зыми щыщкъым, театрыр гукIи псэкIи фIыуэ умылъагъумэ, абы сытым дежи ухуэпэжу ущымытмэ.
- СулътIан щIалэ лъагэкъым, и нэгур угъурлыфэщ, и макъыр щабэщ, езыр Iэдэбщ. Абы ищIащ цIыху ткIийм икIи пхъашэм, хьилэшым икIи бзаджэм, жэрдэмыншэм икIи псэ махэм — кIэщIу жыпIэмэ, я дуней тетыкIэкIи, я лэжьыгъэкIи, я псэукIэкIи зэмыщхь цIыху Iэджэм я теплъэхэр. Ауэ зыми жиIакъым СулътIан и лэжьэкIэм фэрыщIагъ хэлъу, ролым пэмылъэщауэ.
- Шэч хэлъкъым — фIыщ актёрым адрейхэм къазэрыщхьэщыкI хъэтI, езым и Iуэху бгъэдыхьэкIэ иIэжмэ. Къаздэхъур адрейхэм ещхь зымыщI и хъэтIщ дэтхэнэ зы ролми щIэ зэрыхилъхьэфыр. Ар хуэхейщ зыгуэрым зыпыщIыжыным. СулътIан щыджэгуащ спектакль куэдым — псори тIощIрэ пщIым щIегъу. Абыхэм я нэхъыбэм роль нэхъыщхьэхэр щигъэзэщIащ.
- Къаздэхъум актёр зэфIэкI зэрыбгъэдэлъым щыхьэт тохъуэ классическэ пьесэхэми Островский А. Н. и «Гу пщтырым», Мольер и «Хуэмыхъуу Iэзэ ящIам», Флетчер и «Фыз къэгъэIурыщIэкIэм», нэгъуэщIхэми), совет драматургхэм я пьесэхэми (Злобиным и «Махуэ телъыджэм», Розовым и «Гъуэгу махуэм», Вишневскэм и «Псэ зэпылъхьэпIэ илъэсым», Шолоховым и «ЩIыщIэ къэIэтам»), адыгэ драматургхэм ятха пьесэхэм япкъ иткIэ ягъэува спектаклхэми ехъулIэныгъэкIэ ар зэрыщыджэгур.
- Актёрым куууэ зыхещIэ дэтхэнэ пьесэри зытеухуа Iуэхугъуэр, абы къыхэкIыуи сыт хуэдэ ролми бгъэдыхьэкIэ тэмэм къыхуегъуэтыфыр. Псом хуэмыдэу ар наIуэ щыхъуащ «Фыз къэгъэIурыщIэкIэм». СулътIан зи роль игъэзэщIа капитан Перец щхьэщытхъум фадэр фIэфIщ, езыр мыщIыжьщ, гурбиянщ. Ауэ зи псэр къабзэ цIыхущ. ФитI-бзитIу, гущIэгъуншэу, гъэпцIакIуэу яхэткъым ар цIыхухэм. Абы и гур зэIухащ. Къаздэхъум пэжагъышхуэ хэлъу къигъэлъэгъуащ ар. А ролымкIэ СулътIан жиIэ хуэдэщ: «Ари цIыхущ, гъащIэ мыхъумыщIэм зэрызэIигъэхьар и дагъуэми».
- Вишневский Всеволод и «Оптимистическая трагедия»-р совет пьесэ нэхъыфIхэм ящыщ зыщ. Къаздэхъум абы Одессит и ролыр щигъэзэщIащ. Пэжу, ар ролышхуэкъым. Ауэ ар ин хъунуми зэрыцIыкIуу къэнэжынуми, зэрыжаIэщи, зэлъытар езы артистырщ. СулътIан хузэфIэкIащ пычыгъуэ тIэкIур ин ищIын. Къаздэхъум и Одесситыр щхьэхуещэщ, и ныбжьэгъу дыдэхэри ищэфынущ езым и сэбэп зыхэлъым щхьэкIэ. Абы и мызакъуэу, ар купщIэншэщ, къэрабгъэщ, зи хущхьэ хъум и бзущ.
- «ЩIыщIэ къэIэта» спектаклыр ди театрым и иужьрей илъэсхэм иIа лэжьыгъэ нэхъыфIхэм ящыщ зыщ. Абы роль нэхъыщхьэхэм ящыщ зы щигъэзэщIащ Къаздэхъум – къуажэ Советым и унафэщI Разметнову джэгуащ. Шолоховым и романми абы къытращIыкIа спектаклми гулъытэшхуэ щыхуащI а образым. Ар куэдкIэ къащхьэщокI Давыдов гуащIэми Нагульнов мэхъашэми. Разметновыр къэлыбыгъуафIэкъым, ауэ и Iэдэбагъым щIихъумэркъым и тегушхуэныгъэр. Ар цIыху гуапэщ ныбжьэгъум щепсалъэм деж, гулъытэ яхуещI и къуажэгъу гуащIэрыпсэухэм. Апхуэдэущ Разметновыр дэ Къаздэхъум зэрыдигъэлъагъур. НэгъуэщI роль куэди СулътIан игъэзэщIащ и Iэзагъэм щыхьэт техъуэу.
- АтIэ, сыт Къаздэхъум и ехъулIэныгъэхэм я щэхур? Дауи, ищхьэмкIэ щыжытIахэрщ нэхъыщхьэр. Ауэ СулътIан фIыуэ ещIэ актёрым и лэжьыгъэм цIыкIуфIэкIу зэрыхэмылъыр, сценэм къихьа цIыхум и псэлъэкIэкIи, и джэгукIэкIи дагъуэ иIэн зэрыхуэмейр. Къаздэхъур ящыщкъым зи макъым щIэдэIужхэм. Сценэм щитым деж ар зэдаIуэр и гум и макъырщ. Абы и дежкIэ нэхъыщхьэр псалъэм и IукIэракъым, абы щIэлъ гупсысэрщ. Къаздэхъу СулътIан хущIокъу и джэгукIэкIи, и бэкъуэкIэкIи, и зыIыгъыкIэ псомкIи а гупсысэр сценэм къыщигъэлъэгъуэну.
- КЪАМБИЙ Зуфар.
- 1978 гъэ
- Ди гум щопсалъэ, щогуфIэ, щопсэу
- Илъэс тIощIкIэ сыкIэлъыплъащ СулътIан и лэжьыгъэм. А зэманым къриубыдэу абы и зэфIэкIым куэд хигъэхъуащ. «Мыр япэм сцIыхуу щыта Къаздэхъуракъым» щIыжыпIэн щыIэт. ФIы и лъэныкъуэкIэ.
- IУТIЫЖ Борис и «Тыргъэтауэ» спектаклым щыслъэгъуа артистыр къысхуэцIыхужыртэкъым. СулътIан игъэзэщIа Шупашэ и ролыр купщIафIэт, зэрыджэгу щIыкIэри уи фIэщ хъурт.
- Абы иужькIэ Къаздэхъур удихьэхыу хэтащ «Хьэцацэ дахащэ», «Гуащэмыдэ хьэблэ», «ГушыIэр гушыIэщ», «Фыз цIыкIу къамэшхуэ», «ТIатIушэрэ СатIурэ», «Эдип» спектаклхэм. Илъэс къэси и зэфIэкIым хигъахъуэ зэпытт. Хуэфащэ дыдэуи СулътIан къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр.
- Илъэс тIощIкIэ си ныбжьэгъуащ а цIыху гуащIафIэр. Ар хьэлэлт — сом фIэкIа имыIыгъми, къыбдигуэшынут. Ар гумащIэт — хамэ къэрал къикIа ди лъэпкъэгъухэм зэман ятригъэкIуадэрт. Ар езэшыртэкъым — гуп яхэсмэ, усэ къеджэрт, дахэу гушыIэрт, уэрэдыжь къыхэбдзэмэ, къыбдиIыгът.
- Сэ мызэ-мытIэу СулътIан и гъусэу гъуэгу сытехьащ. Ар цIыху тыншт, махуи жэщи, илъэс бжыгъэкIэ уригъусами, уигъэзэшынутэкъым.
- Илъэс зыбжанэ хъуауэ Къаздэхъу СулътIан щыIэжкъым. Ауэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрыр фIыуэ зылъагъухэм ЦIыхубэ Артистыр ноби я гум щопсалъэ, щогуфIэ, щопсэу.
- ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
- Хущхъуэ хъарзынэ
- ГушыIэр, жаIэ, Тхьэм и щIасэщ.
- Ар зи мыщIасэр щIэх жьы мэхъу.
- Жьы зывмыщIынумэ нэхъ пасэу,
- Хущхъуэ хъарзынэщ мыр: «Къаздэхъу»…
- Хущхъуэгъуэ папщIэу уи лэжьыгъэр
- Уэ яхуогуэшыр цIыху къопщIам.
- Аращ и щэхур лъагъуныгъэ
- Адыгэ лъэпкъым къыпхуищIам.
- ДЫГЪУАСЭ хуэдэщ мы усэ кIэщI цIыкIур сэ СулътIан щыхуэстхар, ауэ гущIэгъуншэу ежэкI зэманым зэрыжиIэмкIэ, илъэс 12 мэхъу абы лъандэрэ. Псом нэхърэ нэхъ гуауэу абы хэлъращи, илъэс зытIощIырыпщI хуэдизкIэ ажал Iуэху лъэпкъ зи щхьэ хуумыхьыфыну абы щыгъуэ къытщыхъуу щыта езы Къаздэхъу СулътIан дунейм зэрехыжрэ илъэс бжыгъэ хъуащ.
- Актёр Iэзэу, актёр Iэсэу щытауэ къызолъытэ сэ Къаздэхъу СулътIан. СулътIан и актёр Iэзагъым зэран хуэхъуарэ сэбэп хуэхъуарэ Тхьэм ещIэ, ауэ си тхыгъэхэм къытращIыкIа спектаклхэм хэту ар куэдрэ сценэм къызэрихьар Адыгэ театрыр фIыуэ зылъагъу псоми ящIэж, сэри абы хуабжьу сригуфIэу икIи сригушхуэу щытащ.
- СулътIан и актёр Iэзагъэм теухуауэ зэ къытезгъэзэжынщи, ар ящыщт птхам нэгъуэщIынэкIэ уезыгъэплъыжыфхэм, ущыгуфIыкIыу, кIуэаракъэ, уригъэхъуэпсэжу ролыр зыгъэзащIэхэм.
- СэркIэ гуимыхужщ абы Тыргъэтауэ и адэ Шупашэ и ролыр гукIи псэкIи етауэ игъэзащIэу, тхыгъэм зы «IэфI» гуэр хэлъыххэмэ, ар къеплъхэм, къедаIуэхэм я деж гупсэхуу нихьэсыфу зэрыщытар. Апхуэдэ дыдэу Iэзэу игъэзэщIащ СулътIан «Эдип» пьесэм къытращIыкIа спектаклым хэт Форбас и ролри.
- АтIэми, Къаздэхъур цIыхухэм ягу нэхъ къызэринари, и актёр IуэхущIафэм и нэхъыбапIэри абы и гушыIэ, ауан ролхэрщ, комедиехэм щигъэлъэгъуа зэфIэкIырщ. Си тхыгъэхэм къытращIыкIа спектаклхэу «Гуащэмыдэ хьэблэ», «ГушыIэ махуэ апщий!», «ГушыIэр гушыIэщ», «Жьэмыгъуэ — Африкэм» жыхуиIэхэм хэтащ СулътIан. Сэ сытым дежи жызоIэ, ноби жысIэну сыхуейщ: Къаздэхъу СулътIанрэ Мэшыкъуэ Фенярэ а спектаклхэм я ролхэр зэрыщагъэзэщIам хуэдэу зыгъэзэщIэн къэгъуэтыгъуейщ. А артист гъуэзэджэхэм я фIыгъэкIэ си персонажхэу Жьэмыгъуэрэ Хьэжымуридрэ роль-маскэ жыхуаIэ мыхьэнэр щагъуэтауэ къызолъытэ сэ ди театр гъуазджэм.
- Сэ си насып къикIауэ къызолъытэ Къаздэхъу СулътIан хуэдэ актер иным си пьесэхэр цIыхухэм я гум, я псэм зэрынихьэсам къыхэкIыу. Срогушхуэ ар си ныбжьэгъуфIу зэрыщытам, зы лэжьапIэ дыIумытами, дызэдэлэжьащ, театр Iуэху къызэдетхьэжьэу, зэфIэтхыу дызэщIыгъуащ, жысIэну сызэрыхуитым.
- И актёр Iэзагъэм и закъуэтэкъым Къаздэхъум цIыхур зэрызыIэпишэр. Нэгъэсауэ цIыху угъурлыт, жумартт, хэтыкIэ, дэгъуэгурыкIуэкIэ ищIэрт.
- Елбэдым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет «хрущёвкэ» гуэрщ СулътIан щыпсэуар. Актёр, къэфакIуэ, музыкант жыпIэми, гъуазджэм и лэжьакIуэ зыкъом щопсэу а унэм. Щопсэу, сэ зэрысщIэмкIэ, я гуауэри я гуапэри зыуэ, я шыгъупIастэ зэIурылъу, я Iуэху дэтхэнэри къызэдаIэту. ЖыпIэнуракъэ, хъуэпсэгъуэу. А псор щIыжысIэращи, Къаздэхъу СулътIанрэ абы и щхьэгъусэ Русланэрэщ (жэнэткIэ Тхьэм игъэгуфIэ, ари дунейм ехыжащ) а зэгъунэгъуфIхэм я нэхъыжьуи Iуэхупэублэуи щытахэр.
- Бын и лъэныкъуэкIи я псэхэр щIэгуфIэн лъэужь дунейм къытранащ СулътIанрэ Русланэрэ. я къуэ закъуэ Аслъэн «щэ уэстын, хьэмэ щэ и уасэу зы уэстын?» жыхуаIэм хуэдэщи, нобэрей гъащIэм хъарзынэу хэзэгъауэ къэзылъхуахэм зэрахуэфэщэну мэпсэу, сабийуэ къаIэрыхьэу СулътIанрэ Русланэрэ зэдапIа фIэкIа умыщIэну, Аслъэн и щхьэгъусэ Рити нэгъэсауэ цIыху угъурлыщ, бын дахэ зэдапI. Апхуэдэщ СулътIанрэ Русланэрэ япхъу Ларисэ и унагъуэри. Ларисэ адэм и IэщIагъэр къыхихащ, иджыпсту актёр IэщIагъэмкIэ сабийхэм ядолажьэ.
- Мыпхуэдэу сухыну сыхуейт си тхыгъэр. Къаздэхъу СулътIани, СулътIан и ныбжьхэми, ахэр къызыщIэтэджа ди артист нэхъыжьыжхэми я балигъ гъащIэм и нэхъыбапIэр щрахьэкIар, Тхьэм ирещIи, Адыгэ театрыращ, абы нэхъыфIу ялъагъу уни дунейм тетауэ къыщIэкIынукъым. Илъэс мин бжыгъэкIэ адыгэ лъэпкъыр дыхуэкIуауэ жыпIэ хъунущ театр диIэ хъуным (театр унэракъым дэ мыбдежым зи гугъу тщIыр). Зы лIы ныбжь хуэдизи ирикъуакъым а насыпыр дэ зэрыдгъуэтрэ. НтIэ, а насыпыр адэкIи зыхуэхъумэн, нэгъэсауэ лъэпкъым хуэзыгъэблэфын абы епха псо- ри Тхьэм дищI!
- IУТIЫЖ Борис,
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ.
- 2007 гъэ
- Гъунэгъу телъыджэ
- ЕджапIэм сыкъикIыжу театрым къыщызгъэзэжам япэ дыдэу къысIущIауэ щытар СулътIанщ. Театрым щIалэгъуалэ и мащIэу, ещанэ студиер Москва ягъэкIуа къудейуэ арати, лэжьыгъэм псынщIэу сыпэрыуващ.
- СПЕКТАКЛЬ екIуэкIхэм псынщIэ дыдэу сыхашэрт, щIэ ягъэувахэми ролыншэ сыщыхъуртэкъым. Мис а лъэхъэнэм гъуэгугъэлъагъуэ, чэнджэщэгъу, театрым и щэху мытхахэм нэIуасэ сахуэзыщIар СулътIант. Къалэм фэтэр зэрыщызимыIэм къыхэкIыу, къуажэм кIуэр-къэкIуэжу сылажьэрт.
- Театр лэжьыгъэр зэрыгъэщIэгъуэным хуэдэу, абы и ухуэкIэри мыдрейхэм ещхьтэкъым, пщэдджыжьым сыхьэтыр пщIым щIэбдзэрти сыхьэтитI хъуху репетицэт, абы иужькIэ пщыхьэщхьэ хъуху сыхьэтищ-плIыкIэ зыбгъэпсэхурти, пщыхьэщхьэм къуажэм яшэну спектаклым укърихьэлIэжын хуейт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а зэман мащIэм сэ къуажэм сыкIуэжыфыртэкъыми, а сыхьэт зыщыплIыр есхьэкIынымкIэ хуабжьу зыкъысщIигъэкъуащ Къаздэхъум. Езыхэри ехьэжьауэ мыпсэуми, зыщIэсыр «хрущёвкэ» пэш цIыкIуитIми, зэи цIыхуншэ хъуртэкъым СулътIан и унагъуэр, апхуэдэ дыдэуи я Iэнэр ерыскъыншэтэкъым. Мызэ-мытIэу щызгъуэтащ абы щхьэегъэзыпIэ, гувауэ спектаклыр иухамэ, нэху сыкъыщригъэкIыуи щытащ. Репетицэ нэужьым дыкъанэрт театрми, си ролым зэгъусэу делэ- жьырт.
- Лэжьыгъэм щыщIэбдза лъэхъэнэм зыкъыпщIэзыгъэкъуа цIыхур пщыгъупщэ хъун-тIэ? ИужькIэ зэман докIри, сэри лэжьыгъэм сыхэзэгъауэ, актёрыным нэмыщI режиссёрынми сыщыхыхьэм, япэ дыдэу згъэувар Иоселиани Отар и пьесэм къытесщIыкIа спектаклырати, дауи, СулътIан хэзгъэхьащ. Шэт Николай и пьесэ «Сыт и уасэ лъагъуныгъэр?» щызгъэувми, дызэдэлэжьащ икIи а спектаклым дыщызэдэджэгуащ.
- Зэман докIри, фэтэр къызат, СулътIан и бынунагъуэр пэш зэв цIыкIуитIым къыщIешри, зы унэ дыщIохуэ, дыщIэхуэ къудей мыхъуу, зы къатым дытохуэ, дэ унагъуитIым фIэкI темысу.
- Мис абдежщ сэ къыщызгурыIуар гъунэгъуфI жыхуаIэр зыхуэдэр. Унэ дызыщIэхуар артистхэмрэ дохутырхэмрэ зэдагуэшу арати, щIэсхэри псынщIэу дызэрыцIыхури, «хьэблэ цIыкIу» зыфIэтщыжауэ дыпсэуащ. Гуп зэхэшэу, хьэблэ зэрыIыгъыу, дифIри ди Iейри зэрыщIэу дыпсэуным елIэлIар СулътIанрэ абы и щхьэгъусэ Русланэрэщ.
- Хуабжьу зэдекIуу, зыр зым щIэгъэкъуэн хуэхъуу я гъащIэ мащIэр зэдахьащ а тIум, я псэхэр зэпэIэщIэу псэуфыну къыщIэкIынтэкъыми, зэрагъэхьышхуэ щымыIэу, зэкIэлъехыжащ дунейм. Хьэблэр апхуэдизу а тIум зэрагъэIыгъти, зыгуэрым къишэмэ е ипхъу иригъашэмэ, а Iуэхугъуэм елIалIэхэрт езыхэм яйм хуэдэу. Егъэлеяуэ Iэтауэ, телевиденэмкIэ трахыу дгъэлъэпIащ унэр къызэрыдатрэ илъэс 20 щрикъури, илъэс 25-рэ щыхъури. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыхэм я зэхэублакIуэу щытари а тIурщ.
- СИ ПСАЛЪЭМАКЪЫР гъунэгъум тезухуами, СулътIан и гуащIэми фIыуэ сыщыгъуазэу щытащ. ДжэгуакIуэшхуэм и зэфIэкIым, абы зэрызиужьым сфIэгъэщIэгъуэну сыкIэлъыплъырт, си лэжьыгъэми ар къалэн къысщищIырти. Режиссёрхэм нэхъ къагъэсэбэпу щытар СулътIан хэлъ комедийнэ зэфIэкIырт, уеблэмэ, образ дыхьэшхэну хъуар абы иратырт гугъу зрамыгъэхьын папщIэ. Актёр Iэзэм а ролыр къызэрехъулIэнур ящIэрти, театреплъхэм я гум зэрынэсын зэфIэкI зэриIэр къагъэсэбэпырт. Ауэ IутIыж Борис и «Тыргъэтауэмрэ» «Эдипымрэ» СулътIан щигъэзэщIа образхэр тлъэгъуа иужькIэ, режиссёрхэми театреплъхэми къагурыIуащ абы и къэухьыр зэрыиныр, узыгъэгупсысэ психологие драмэми, трагедиеми зэрыхуэIэижьыр.
- СулътIан и зэфIэкIхэр къыщыгъэсэбэпа хъуащ радиомрэ телевиденэмрэ. Абы къыбгъэдэкIа лэжьыгъэ куэд яIэщ «дыщэ фонд» жыхуаIэм хэхуауэ. Къаздэхъум куууэ иджат, ищIэрт ЩоджэнцIыкIу Алийрэ КIыщокъуэ Алимрэ я IэдакъэщIэкIхэр. И кIэм нэс гукIэ ищIэрт Алим и «Мадинэ» поэмэри, усакIуэшхуэм и тхыгъэхэм къытрищIыкIа композицэ игъэхьэзыращ «Зы актёрым и театр» жыхуаIэхэм хуэдэу, икIи мурад ищIат абы щыгъуазэ ищIыну республикэм курыт еджапIэу итыр.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а мурад дахэр и кIэм хунэгъэсакъым, игъэлъэгъуэфар спектаклитхущ. «Мы узыр тIэкIу сщхьэщыкIмэ, уэри узигъусэу, республикэм и школ псори къызэхэткIухьынщ», — къызжиIэгъат абы. Хъарзынэ хъунт, абы и лэжьэгъуу щыта нэхъ щIалэхэм а IуэхугъуэщIэр и кIэм нагъэсамэ. Сэ сыщыгъуазэщ а мурадми, си гуапэу сыдэгуэшэнт апхуэдэ гупыж зыщIынухэм.
- Куэд илэжьу щытащ икIи хузэфIэкIащ СулътIан хамэ къэрал щыIэ ди лъэп- къэгъухэм хуэгъэзауэ. Мызэ-мытIэу ар щыIащ адыгэ щыпсэу къэралхэм, яхуэзащ икIи зыкъыщигъэлъэгъуащ «Адыгэ Хасэ» куэдым. Хэкум къагъэзэжынымкIэ зыбжанэм сэбэп яхуэхъуащ, ахэр иджы унагъуэ хъужауэ ди деж щопсэу. Къаздэхъум и унагъуэр «етIуанэ хэкущ» жаIэу, абы и деж къемыблагъэу, щымыхьэщIэу и шыгъупIастэ яIумыхуэу адыгэ куэдым ягъэзэжакъым.
- — СулътIан хуабжьу и нэ къикIыу щытащ илъэс 70 щрикъур игъэлъэпIэну, абы ирихьэлIэу игъэлъэгъуэну лэжьыгъэшхуэ зыбжани иубзыхуат. СощIэж, Къаздэхъум и илъэс хыщI юбилейр зэфIэдгъэкIауэ, мыр къызжиIауэ щытауэ: «Юбилей куэдри фIыкъым, ауэ илъэсипщI къэс зэ узэхуэс хъунущ къэпкIуа гъуэгуанэм уриплъэжыну, пхузэфIэкIар къэппщытэжыну. Шыбг дыкъимыхуэу илъэс блыщIым дынэсарэ, абы и лъагапIэм дытету «зы пшыхьыфI» тщIыжамэ, ара хъунт дэ тхузэфIэкIынур». И псэм ищIа хъунт — къехъулIакъым.
- ТХЬЭЗЭПЛЪЫЖ Ислъам,
- КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
- Си адэр иужьрейуэ мэджэгу
- Дэтхэнэ зы цIыхуми иIэщ гум щигъафIэ гукъэкIыжхэр. АпхуэдэхэмкIэ сывдэгуэшэну сыхуейщ.
- ЖЬЫ ХЪУАУЭ зипхъу закъуэр зыфIэкIуэду зи закъуэу къэна лIыжьым и ролыр си адэм «Жын фIыцIэ» спектаклым зэрыщигъэзэщIам сыщеплъар си сабиигъуэрами, нобэр къыздэсым сщыгъупщэркъым. Гузэвэгъуэм иужьыгуа, гъащIэр зыфIэмыIэфIыж лIыжьым губгъуэхэр, мэзхэр, бгыхэр, къуажэхэр къызэхикIухьырт. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, зы къуажэ гуэрым щилъэгъуащ и пхъум ещхьу зы хъыджэбз. ЛIыжьым щIидзащ абы щэхуу кIэлъыплъын. ИужькIэ махуэ къэс губгъуэ удз гъэгъахэр хуихь хъуащ. Хъыджэбзым лIыжьым и гузэвэгъуэр зыхуэдэр къищIа нэужь, тхьэмадэм и щытыкIэр къыгурыIуащ икIи адэ гумащIэр пхъум зэрыхущытым хуэдэу къыхущытыну хуит ищIащ. Зэман дэкIа нэужь, хъыджэбзыр щIалэ къулейм щхьэгъусэ хуохъу, ауэ, псэгъу хуэхъуам и унагъуэм ар «зэрапэскъым», унагъуэ бей къызэрыхэмыкIам, и адэр фадэм зэрыдихьэхым, нысащIэр зэрысымаджэм къыхэкIыу. ЩIалэм и унагъуэр хуожьэ нысащIэр лъэныкъуэ ирагъэзыну. Гузэвэгъуэ къызэрыхъунур лIыжьым псэкIэ зыхещIэри, а унагъуэм макIуэ, ауэ хъыджэбзыр дунейм ехыжауэ ирохьэлIэ…
- Пхъу хуэхъуа пщащэр щылIэм, лIыжьми щIэпсэун щхьэусыгъуэ имыIэжу къызэрилъытэр и нэгум къищу, гум щIыхьэ гъыбзэ къришу, хъыджэбзыр и IэплIэм илъу утыку къохьэ. А дакъикъэм пэшым щIэсхэр дымат… Сигу узат апхуэдэу дэIэпыкъуэгъуншэу, закъуэныгъэр къытехьэлъэу, зэфIэкIыншэу си адэр щыслъэгъуам. Нэхъ сфIэгуэныхь хъуар си адэрарэ е зи ролыр игъэзащIэ лIыжьырарэ гурыIуэгъуэтэкъым… КъыкIэлъыкIуэ гукъэкIыжыр зэпхар си адэр дунейм ехыжыным ипэ къихуэу сызрихьэлIа Iуэхугъуэрщ. ЛэжьапIэ нэужьым си адэ-анэр слъагъуну сыкIуат. А зэманым я узыншагъэм къимыхьу тIури пIэм хэлът. Си анэм пэшыр къызэпиплъыхьри, жиIащ: «Къаздэхъу, куэд щIауэ унэр зыхуей хуэдгъэзакъым, унэлъащIэхэр жьы хъуащ, зэтхъуэкIамэ фIыт. Зыгуэр къытщыщIрэ цIыхухэр къакIуэм, цIыху цIэрыIуэу щыта щхьэкIэ, фIыуи псэуакъым, унэлъащIэ лъапIи яIакъым, я пэшхэри зехьатэкъым къытхужаIэнщ». Абы и жэуапу си адэм жиIащ: «Умыгуза- вэ, Русланэ, мылъкукIэ мыхъуми, ныб- жьэгъукIэ дыкъулейщ! Дунейм нэхъ лъапIэ дыдэу тетыр — цIыхуращ! Нэхъыщхьэр цIыхум и гукъеуэр щхьэщыпхыфу, зыр зым удэIэпыкъуфу, узэкъуэту упсэунырщ».
- А лъапIэныгъэхэр си адэ-анэр псэуху ядэтлъэгъуащ. Си адэр щIэпсэуари щIэлэжьари цIыхухэращ, сценэр абы и гъащIэм къыгуихыртэкъым.
- Иужь дыдэу утыку зэрихьам сыкъытемыувыIэн слъэкIынукъым. Иужьрей мазэхэм ар сымаджэщым щIэлъащ. Си адэм и гукъыдэжыр къэзыIэтыф щымыIэу хэплъэрт. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым Балъкъыз Валерэ (а зэманым Къэбэрдей драмэ театрым и унафэщIу лажьэрт) сымаджэщым къакIуэри, хъыбар къригъэщIащ IутIыж Борис и творческэ пшыхь зэрыщыIэнум, абы и «УгушыIэнумэ, къеблагъэ» пьесэм щыщ Iыхьэ си адэмрэ Мэшыкъуэ Фенэрэ ягъэзэщIэну программэм зэрыхагъэхьам теухуауэ. Си адэр, дауи, абы арэзы техъуакъым. Балъкъыз Валерэ фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ си адэм гугъэ езыгъэщI псалъэхэр абы щыгъуэ къызэрыхуигъуэтыфам папщIэ. Валерэрэ сэрэ тщIэрт си адэр СЦЕНЭМ ЗЭРЫЩЫПСЭУР, утыку щиткIэ къаруущIэ къызэрыхэхъуэр. СЦЕНЭМ ЗЭРЫЩЫДЖЭГУНУМ узым ирипэщIэтыну къару къыхилъхьэну хуабжьу дыщыгугъырт. Си адэм театреплъхэм фIыуэ къызэралъагъур, къызэрыпэплъэр къыгурыIуэрти… арэзы хъуащ. И нэм хъуаскIэ къыщIих хъужащ, къару, гукъыдэж къылъыкъуэкIри, жиIэн хуейхэр игу къигъэкIыжу щIидзащ. Спектаклыр щыщыIэну махуэм, машинэ къагъакIуэри, театрым докIуэ. Си адэр зэрысымаджэр и лэжьэгъу артистхэм ящIэрти, джэгуфыну пIэрэ, жаIэу гузавэрт.
- Си адэр сценэм щихьэнум пэплъэрт. Сэ зыхэсщIэрт театреплъхэр и джэгукIэмкIэ арэзы имыщIыфыным ар зэрытегузэвыхьыр. Мис сценэм итщ. Си адэр джэгурт, иужьрейуэ утыку зэритыр гукIи псэкIи зыхищIэу. И къару, и гурыгъугурыщIэ псор и IэзагъкIэ къигъэлъагъуэу спектаклым еплъхэм ар яхуэупсащ. Абы къыпэкIуащ актёрым и дежкIэ нэхъ лъапIэ дыдэр — пшыхьым кърихьэлIахэм я Iэгуауэ кIыхьыр.
- Сценэм икIыжа нэужь, программэр иухыху ар и лэжьэгъухэм я джэгукIэм кIэлъыплъащ. Зигъэпсэхуну жетIа щхьэкIэ, къытхуидакъым. И нэхэм нэщхъеягъуэ къащIихырт, и лэжьэгъухэм, сценэм, театреплъхэм сэлам ярихыж хуэдэт…
- Абы сыщыкIэлъыплъым сигу къэкIыжащ «Жын фIыцIэ» спектаклым къарууншэу, дэIэпыкъуэгъуншэу, и пхъур фIэкIуэдауэ, закъуэныгъэр къытехьэлъэу къыхэщ лIыжьыр. Иджы и пхъур абы бгъэдэтт зэгуэрым лIыжьым зыхищIар езым и щхьэкIэ игъэву.
- БЫДЭ Ларисэ,
- Къаздэхъу СулътIан ипхъу. 2014 гъэ