ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЕфIакIуэ, ехъулIэ, фIыуэ тлъагъу щIыналъэ!

2019-10-04

  • Ди лъэпкъэгъу адыгейхэм я гуфIэгъуэщ — жэпуэгъуэм и 5-р Республикэм и махуэщ. 1995 гъэм мазаем и 17-м ар икIи мылэжьэгъуэу абы щагъэуващ.

  • Сыт щыгъуи хуэдэу, а махуэм гуфIэгъуэ зэхыхьэ, Iуэху куэд республикэм щокIуэкI. ЩIыналъэм и щыхьэр Мейкъуапэ къалэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм выставкэхэр, жармыкIэхэр, концертхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр къыщызэрагъэпэщ.
  • Хэгъэрейхэм яхуоблагъэ Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа хьэщIэ лъапIэхэр икIи, дауи, я къуэш Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я лIыкIуэхэр. Мыбдежым белджылы щохъу «Зыщ ди блэкIари, зыуэ щрет ди къэкIуэнури» псалъэхэм я мыхьэнэр.
  • ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дэ а щIыналъэм къуэпс куэдкIэ дыпыщIащ, абы теухуа тхыгъэхэри щIэчэ имыIэу тыдодзэ. Ауэ иджыри къэс а республикэм куууэ щымыгъуазэхэр щыIэнкIэ зэрыхъунум къыхэкIыу, аргуэру къытыдогъэзэж: Адыгейр Псыжь, Лабэ, Щхьэгуащэ псыежэххэм я зэхуакум щыIэщ. Адыгэхэм я гъусэу абы щопсэу урысхэр, ермэлыхэр, белорусхэр, украинхэр, нэмыцэхэр, алыджхэр.
  • Ди лъэпкъэгъухэр мы щIыпIэм къэкIуащ ди эрэм ипэкIэ. Пасэрей алыдж тхакIуэхэм я лэжьыгъэхэм ар IупщI дыдэу къыхощ. Езыхэр лIэщIыгъуэ куэд ипэкIи я зэфIэкIкIэ дунейм щынэхъ бжьыфIэхэм ящыщащ. Дунейпсо археологием и нэхъ фIыгъуэшхуэхэм ящыщщ ди зэманым къэса Мейкъуапэ щэнхабзэр. Абы къыщIэна Iуащхьэ IэрыщIхэм, испы унэхэм, нэгъуэщI телъыджэхэм уащрохьэлIэ.
  • Зэгуэр мы щIыналъэм пхрыкIыу щытащ Азием икIыу Европэм кIуэ Шылэ гъуэгушхуэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэ псом я дежкIэ лъапсэрыхыу щыта Кавказ зауэм и удынышхуэ къытехуащ мы щIыналъэм. А зауэм хэмыкIуадэу къэнахэр Тыркум, иужькIэ Сириемрэ Иорданиемрэ куэду зэрыIэпхъуам къыдэкIуэу, дуней псом щикъухьа хъуащ. АрщхьэкIэ блэкIар блэкIащ. Абы къыпхуегъэгъэзэжынукъым.
  • Совет властыр ягъэува иужькIэ ВЦИК-м и Президиумым и унафэкIэ 1922 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м Ку-бань-тенджыз ФIыцIэ областым и Краснодар, Мейкъуапэ къудамэхэм къыхагъэкIри, Адыгей автоном область къызэрагъэпэщауэ щытащ. СССР-м и лъэхъэнэм щIыналъэм хуабжьу зиужьащ. Абы игъуэтащ промышленность пэрыт, къэрал псом щыцIэрыIуэ мэкъумэш хозяйствэ, щэнхабзэ. Ауэ ар япэ лъэбакъуэт. ЛъэхъэнэщIэр къэунэхуащ 1991 гъэм. А илъэсым и мэкъуауэгъуэм щIыналъэм игъуэтащ РСФСР-м хэт автоном республикэм и статусыр. Иджы Урысей Федерацэм хэт адыгэ къэралыгъуэр щытщ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу зи Iуэху нэхъ зэпэщхэм икIи нэхъ псынщIэу зызыужьхэм.
  • Ди лъэпкъэгъухэр щIыпIэ телъыджэм щопсэу. Ар къулейщ зи теплъэхэм узыIэпашэ бгы лъагэхэмкIэ, бгъуэнщIагъ куухэмкIэ, псыкъелъэхэмкIэ. Хьэджэхъу тIуащIэм щыIам ар зэи щыгъупщэжынукъым. Сыт и уасэ дунейм нэхъ ныбжьышхуэ щызиIэ чэщей хужьышхуэхэр плъагъун къудейр! Дунеяплъэ къэзыкIухьхэр куэду щопэкIу Гъуам аузым, Рэфыбг псым, Гъуазэрыплъ и къурш лъагэхэм. ЩIыналъэм иджыри щагъэхьэзыр пасэ зэманым адыгэ IэпщIэлъапщIэхэм ящIу щыта хьэпшып телъыджэхэр. Ахэр тыгъэ хуащI республикэм къеблагъэхэм.
  • АрщхьэкIэ, дауи, псом нэхърэ нэхъ лъапIэр дэ фIыуэ тлъагъу щIыналъэм и цIыхухэрщ. Абыхэм я деж нэсу къыщызэтенащ адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ. Абы кIуэ псоми ар хьэкъ ящохъу.
  • Ди лъэпкъэгъухэм гуапэу дохъуэхъу езыхэм я гуфIэгъуэшхуэмкIэ.
  •  
  • Шал  Мухьэмэд.