Балъкъэр Елдар Адыгэ щауэщ!
2019-09-26
- Къэбэдей Адыгэ Хасэмрэ Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и лэжьакIуэхэмрэ жэрдэм ящIу къыхалъхьа «Адыгэ щауэ» республикэ зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр дыгъуасэ Джылахъстэнейм щрагъэжьащ.
- Зэпеуэм щIидзэн ипэ адыгэ фащэкIэ хуэпа шууейхэм адыгэ ныпыр хуарзэу яIыгъыу Тэрч къалэ и уэрам нэхъыщхьэм ирикIуащ.
- Я акъыл жанагъкIэ, IэрыхуагъкIэ, шы гъэхъукIэм зэрыхащIыкIкIэ, лъэпкъ хабзэм зэрыщыгъуазэкIэ щIыналъэм и къуажэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэу щIалибгъу зэпеуащ.
- Зэхьэзэхуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтащ щIыналъэм пщIэ щызиIэ, зи цIэр фIыкIэ къыщацIыху нэхъыжьыфIхэу Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Ахъсор Хьэлым, щIыналъэм ГъуазджэхэмкIэ и уардэунэм и унафэщI Пщыншэ Хьэлым, Тэрч щIыналъэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Накуэ Сослъэн, щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и унафэщI КIэрэф Мурадин, Сабий зэчиифIэхэм я унэм и лэжьа-кIуэ Хьэмыкъуэ Мадинэ, щIыналъэм и Шууей хасэм и тхьэмадэ Iэщыж Залым, «Терчанка» къэфакIуэ гупым и унафэщI ГуэныкIэ Лиуан сымэ.
- УнэтIыныгъибгъукIэ зыкъэзыгъэлъэгъуа щIалэхэм адыгэ лъэпкъым и лъапIэныгъэхэм, адыгэм и тхыдэ лъагъуэжьхэм гъэщIэгъуэну тепсэлъхьащ. Адыгэ щауэм хэлъын хуей хьэл-щэн дахэмрэ иIэн хуей къэухьымрэ щхьэж зэрыхузэфIэкIкIэ къагъэнэIуа иужь къэпщытакIуэ гупым Гран-прир хуигъэфэщащ Болэтей къуажэ щыщ Балъкъэр Елдар. Япэ увыпIэр къихьащ Щамырзэ Роберт (ХьэпцIей къуажэ), етIуанэ хъуар ТIымыжь Анзорщ (Абейкъуажэ), ещанэр Алъхъэс Iэсхьэдщ (Тэрч къалэ).
- Зэпеуэр къызэзыгъэпэщахэми абы хэтахэми дохъуэхъури, лъапэ махуэ ирихьэжьауэ къэтлъытэу, «Адыгэ щауэ», гъуэгу махуэ бжыдоIэ!
- Щомахуэ Залинэ.