Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр зыгъэбэгъуа цIыхушхуэ
2019-09-26
- УсакIуэ, тхакIуэ, щIэныгъэлI, политик, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, лъэпкъ IуэрыIуатэм и зэхуэхьэсыжакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур Мыхьэмэт и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу кIэралъхьащ ар илъэс куэдкIэ щыпсэуа унэм, Горькэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тетым.
- Тележурналист Аттаев Азнор иригъэкIуэкIа пэкIум кърихьэлIат Налшык къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, щIэныгъэм, гъуазджэм, литературэм я лэжьакIуэхэр, Налом и благъэхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ, и лэжьэгъуу щытахэмрэ и гъэсэнхэмрэ. Абы къыщыпсэлъащ БизнесымкIэ институтым и ректор Хъурей Феликс,филологие щIэныгъэхэм я доктор Гъут Iэдэм, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и тхьэмадэ Беппаев МутIалип, жылагъуэ лэжьакIуэ ГубэщIыкI Жантемыр сымэ, нэгъуэщIхэри. КъэпсэлъапIэр хуит зыхуащIа дэтхэнэри къытеувыIащ Нало Заур цIыхугъэу, жэуаплыныгъэу хэлъам, нэгъэсауэ щIэныгъэлI щыпкъэу зэрыщытам, куэдым яхузэфIэмыкIын жыджэрагъ- рэ зэчийрэ зэриIам, абы и IэдакъэщIэкI лэжьыгъэ купщIафIэхэр къызыхэкIа лъэпкъым хъугъуэфIыгъуэу къызэрыхуэнам. ЗэIущIэм кърихьэлIахэр щIэныгъэлIым зы дакъикъэкIэ щыму хуэщыгъуэри, фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ Нало Заур щIэныгъэ лэжьыгъэу, литературэ-крити- кэ, публицистикэ тхыгъэу щитIым щIигъу и къалэмыпэм къызэрыпыкIар, дунейпсо, союзпсо, щIыналъэ щIэныгъэ конференцэу пщIы бжыгъэхэм купщIафIэу къызэрыщыпсэлъар. Абы и нэIэм, и унафэм щIэту къыдэкIащ адыгэ филологием, щэнхабзэм и тхыдэм, IуэрыIуатэм ехьэлIа статьяхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ. ЖыпIэнуракъэ, зылI ищIэн нэхърэ нэхъыбэ хузэфIэкIащ Налом.
- И гуащIэм гулъытэ имы-
- гъуэтауи пхужыIэнукъым. Заур къыфIащащ «КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьа-кIуэ», «Абхъаз къэрал университетым и профессор» цIэ лъапIэхэр. Абхъазым и Леон орденыр, «Хэку зауэшхуэм и зэманым лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIигъэкIам папщIэ», «1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 50 ирокъу» медалхэр къратащ, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм (1966, 1987 гъэхэм), Къэбэрдей-Балъкъэрым и профсоюзхэм я щIыналъэ советым и президиумым я щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ.
- Нало Заур къыщалъхуа Хьэтуей жылэм щыпсэухэр а цIыхушхуэм ирогушхуэ, иропагэ. Абы и щыхьэту, илъэс зыбжанэ ипэ къуа- жэ школым кIэралъхьауэ щытащ и фэеплъ пхъэбгъу.
- ИСТЭПАН Залинэ.