Спортым и лIыхъужьхэм зэрылъэпкъыу дрогушхуэ
2019-09-19
- Тхыгъэхэр зыгъэхьэзырар КъБР-м щIыхь
- зиIэ и журналист Жыласэ Заурбэчщ
- Къардэн Мурат и щапхъэ
- ЦIыху цIэрыIуэхэмкIэ бейщ Зэрэгъыж къуажэр. Абыхэм ящыщ зыщ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Олимп чемпион (2000 гъэм), Дунейпсо кубокыр щэнейрэ къэзыхьа (1992, 1995, 1997), Европэм щытекIуа (1998), иджы Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат.
- Ди адэжьхэм пщIэ лей зыхуащIурэ къэгъуэгурыкIуа бэнэкIэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ 2000 гъэм Австралием и Сидней къалэм щекIуэкIа Олимп Джэгухэм пашэныгъэр щызыубыда Къардэн Мурат щытхъу хэха хуэфащэщ. Абы и гъащIэ гъуэгуанэр щапхъэ зытраххэм хуэдэщ. АрщхьэкIэ псори нэгъуэщIу къекIуэкIыфыну къыщIэкIынут, ар бэнэным щысабийм димыхьэхатэмэ. Къардэн Мурат сыт щыгъуи фIыкIэ игу къегъэкIыж гъащIэм и гъуэгу захуэм тезыгъэувахэр. Апхуэдэхэм ящыщащ ГъуэплъащIэ Замири. Аращ бэнэным япэ лъэбакъуэхэр щезыгъэчар. АбыкIэ фIыщIэ куэд бгъэдэлъщ и япэ гъэсакIуэхэм ящыщу щыта Къалмыкъ Юри.
- Мурат и ныбжьыр илъэсипщI ирикъуауэ арат я унагъуэр Налшык щыIэпхъуам. Дауи, спортым зыщыхуебгъэсэну абы Iэмалхэр щынэхъыбэт икIи ахэр нэсу къигъэсэбэпащ ныбжьыщIэм. Псом япэу Мурат зыхригъэтхащ бэнакIуэ гупым.
- Курыт щIэныгъэ зригъэгъуэта иужькIэ Къардэныр щIэтIысхьащ Дон Iус Ростов дэт Олимп резервхэр щагъэхьэзыр еджапIэм. Ар и зыужьыныгъэм и зи чэзу лъэбакъуэ лъэщт. АдэкIэ, спортым и мастер хъуа иужькIэ, Мурат къыпэплъэрт Краснодар щыIэ ФизкультурэмкIэ къэрал институтыр. Къардэным абы щIэныгъи щызригъэгъуэтырт, спортми щытекIуэрт.
- Дунейпсо кубокыр щэнейрэ абы зыIэригъэхьащ. 1998 гъэм Европэм и чемпион хъуащ. А псори Олимп лъагапIэм 2000 гъэм хуэзышэ лъагъуэ дахэт.
- Олимп Джэгухэм хэтыну игъащIэ лъандэрэ зи хъуэпсапIэ адыгэ щIалэм къыхукъуэкIа Iэмалыр нэ-су къигъэсэбэпащ. Сидней и алэрыбгъухэм къыщыпэщIэува и хьэрхуэрэгъу псоми ар ефIэкIащ. Псом хуэмыдэу удэзыхьэхт кIэух зэIущIэр. Абы къыщыпэщIэтащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIа бэнакIуэ лъэщ дыдэ Линдлэнд Мэтт. Ар 3:0-у хигъащIэри, ди лъахэгъур Олимп чемпион хъуащ.
- Спортым хэкIыжа иужькIэ Къардэным къулыкъушхуэ зыбжанэ къыхуагъэфэщащ икIи дэтхэнэри фIы дыдэу, и акъылрэ цIыхугъэрэ пэлъэщу зэрехьэ. Ар илъэс зыбжанэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъуу щытащ. ИтIанэ КъБР-м и Парламентым Физкультурэмрэ спортымкIэ и комитетым и унафэщIу, СпортымкIэ министру лэжьащ. Иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэщ. Мурат педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, спортым щIыхь зиIэ и мастерщ, ЩIыхь орденыр зэрехьэ. Ар лъэпкъри Хэкури зэрыгушхуэ, зэрыпагэ адыгэлI нэсщ.
- Хъущт Аслъэнбэч и «бгырыпх зэдзэкIар»
- Китайм и къалащхьэ Пекин 2008 гъэм щекIуэкIа Олимп Дджэгухэм я дыщэ теувапIэм Хъущт Аслъэнбэч лъэ быдэкIэ техьащ, илъэси 190-рэ и пэкIэ Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ и закъуэу къэзыгъэIурыщIа адыгэлI Хьэшыр Чылар хуэдэу.
- Хъущт Аслъэнбэч наIуэ ищIащ зыхуигъэувыжа къалэным псэемыблэжу зэрыхуэкIуэфыр. ГъащIэм абы и лъагъуэр щыпхишыфащ — гугъурэ нашэкъашэу икIи джылахъстэней щIалэжь цIыкIуу къежьар Олимп чемпион хъуащ.
- Аслъэнбэч и анэр пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэщ, и адэр пасэу дунейм ехыжащ. Спортым и япэ лъэбакъуэхэр Хъущтым щрагъэчащ тренерхэу Битокъу Юрэрэ Цырхъ Анзоррэ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм «технолог» IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ. Абы иужькIэщ Аслъэнбэч бэнэкIэм и зэман псори щыхухихар.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Тэрч къалэм пэмыжыжьэ Белоглинское къуажэм къыдэкIа бэнакIуэм 2008 гъэм Китайм щызэхэта Олимпиадэм ехъулIэныгъэ щиIэныр зи фIэщ хъур зырызы-хэт, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам илъэсиплI хъуауэ хэт пэтми. ЩIэупщIэ щыIэт: хэт ар езы Хъущтыр? Сыт абы хузэфIэкIынур? Ар дауэ къэралым и командэ къыхэхам зэрыхыхьар? Апхуэдэ псалъэмакъ мыщхьэпэ къекIуэкIхэм емылъытауэ, Аслъэнбэч зыхуигъэувыжа къалэныр зэригъэзэщIэным иужь итт. Нэхъ мащIэ дыдэу ар зыщыгугъар Пекин зэрыкIуэн путёвкэ зыIэригъэхьэнырати, къехъулIащ.
- Хъущтым и зэфIэкIыр къэзымылъыта псоми я нэхейкIэ Китайм абы лъагапIэ нэхъ ин дыдэр къыщищтэфащ: зэIущIих иригъэкIуэкIати, хыми текIуэныгъэ къабзэ къыщихьащ, и хьэрхуэрэгъухэм зы очкои къаримыгъэхьу! Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр спортым и тхыдэм илъэс куэдкIэ къыхэнэнущ.
- Пекин и дыщэ медалыр Аслъэнбэч къыхуихьащ езым фIэкIа зыми нэгъэсауэ къыхуэмыгъэсэбэп бэнэкIэ Iэмал гъуэзэджэм — «бгырыпх зэдзэкIа» зыфIащам. Мы спорт лIэужьыгъуэм хэтхэр щыгъуазэщ ар зэбгъэхъулIэну хуабжьу зэрыгугъур. КъызэрымыкIуэ къарумрэ Iэзагъымрэ къищынэмыщIауэ, абы папщIэ егъэлеяуэ псынщIагъ пхэлъын хуейщ: къыпщхьэщыс хьэрхуэрэгъум напIэзыпIэм укъыIэщIокI, зэщIэбоубыдэ, алэрыбгъум къытыбочри, уи щхьэмкIэ щхьэпрыбодз. Апхуэдэ Iэмалыр Аслъэнбэч хуабжьу дэзыхьэх адыгэ бгырыпх лъэпкъ бэнэкIэм куэдрэ ущрохьэлIэ.
- Нобэ Хъущтыр Европэм щэнейрэ и чемпионщ (2008, 2009, 2010), дунейпсо зэпеуэм тIэунейрэ жэз медалхэр къыщихьащ (2009, 2010), Дунейпсо кубокыр зыIэригъэхьащ (2008 гъэм), Урысей Федерацэмрэ хамэ къэралхэмрэ я зэхьэзэхуэ зыбжанэм щытекIуащ, дунейпсо классымкIэ спортым и мастерщ.
- Алыдж-урым бэнэкIэм хэкIыжа иужькIэ Хъущт Аслъэнбэч илъэс зыбжанэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министру лэжьащ. А IэнатIэми ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащ.
- Президентхэми ягъэныбжьэгъу Мудрэн Беслъэн
- 2016 гъэм адыгэм ди пщIэр аргуэру лъагэу Iэта хъуащ. Бразилием и Рио-де-Жанейрэ къалэм щызэхэта XXXI Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм текIуэныгъэ гукъинэж щызыIэригъэхьащ дзюдоист гъуэзэджэ Мудрэн Беслъэн.
- ГъащIэми хуэдэу, спортым цIыхухэр лъагъуэ зырызкIэ хохьэ. Къапщтэмэ, Мудрэн Беслъэн и натIэ хъунур къыхухэзыхар и къуэшращ. Ар спортым зэрыхыхьар самбэращ. Зыгъэсэн зэрыщIидзэ- рэ куэд дэмыкIауэ, 2007 гъэм Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ икIи дунейпсо зэпеуэм дыжьын медалыр къыщихьащ. Абыхэм къыхэкIыу «Дунейпсо классымкIэ спортым и мастер» цIэ лъапIэр къыфIащащ. АрщхьэкIэ иужькIэ дзюдор къыхихыжащ. Щхьэусыгъуэр зы закъуэщ — дэтхэнэ зы спортменми хуэдэу, Мудрэныр щIэхъуэпсырт Олимп зэпеуэхэм хэтыну, арщхьэкIэ самбэр абы и программэм хагъэхьатэкъым. Дзюдом и Iуэхур абыкIэ нэхъыфIт.
- Зэман кIэщIым къриубыдэу бэнэкIэ лIэужьыгъуэщIэр Беслъэн къигъэIурыщIащ икIи къыкIэлъыкIуэ илъэсым абыкIи къэралым щынэхъ лъэщ дыдэ хъуащ. АдэкIэ Европэм чемпион (2012, 2014), дунейпсо зэхьэзэхуэм етIуанэ (2014) щыхъуащ, Европей джэгухэм (2015) дыщэ медалыр къыщихьащ. Абыхэм къапэкIуащ «Урысей Федерацэм дзюдомкIэ щIыхь зиIэ и мастер» цIэр. АдэкIэ Олимп лъагапIэм хуэкIуэ гъуэгур къызэIуха хъуащ.
- Мудрэн Беслъэн Бразилием зэрыщымыхуэмыхунур хэт и дежкIи гурыIуэгъуэт. Нэрылъагъут ар зым щхьэкIи къызэримыкIуэтынур. Уеблэмэ, абы гу лъитат Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимири.
- Хуабжьу дызэрыщIэхъуэпсауэ, гуфIэгъуэшхуэкIэ щIидзащ Рио-де-Жанейрэ къыщызэIуаха XXXI Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм. Абы и япэ махуэм Урысей Федерацэм дыщэ медалыр къыщыхуихьащ Бахъсэн къалэм щыщ адыгэ щIалэ Мудрэн Беслъэн — дзюдомкIэ килограмм 60-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм ар Олимп чемпион щыхъуащ! Къэбэр-дей щIалэр, и хьэрхуэрэгъу псоми ефIэкIри, Олимп лъагапIэм къыщыхутащ. Ар тыншауэ зыми хужыIэнукъым.
- Бразилием щекIуэкI Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм Урысей Федерацэм япэ дыщэ медалыр къыхуэзыхьа Мудрэн Беслъэн и текIуэныгъэм теухуа хъыбарымкIэ къызэIуахащ дунейм я хъыбарегъащIэ IэнатIэ нэхъыщхьэхэм я къыдэкIыгъуэхэр. Дэтхэнэми хуэфэщэн пщIэ лъагэ щыхуащIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ адыгэ щIалэм и ехъулIэныгъэ иным, къызыхэкIа лъэпкъым, къэралым я дежкIэ абы иIэ мыхьэнэм. Езыми хэкулI нэсу аргуэру зыкъигъэлъэгъуащ журналистхэм щепсалъэм. Абыхэм ящыщ зы къеупщIат цIэрыIуэ зэрыхъуам къыхэ-кIыу дяпэкIэ дэнэ щыпсэуну къыхихынуми. «Си хэкужь хуэдэ щыIэкъым. Дуней псор тIэу-щэ хъурейуэ къэслъэтыхьащи, унэм щызгъэзэжынум сыт щыгъуи тепыIэншэу сыпоплъэ. Ди бгы лъагэхэм, дыкъэзылъхуахэм, гъунэгъухэм, Iыхьлыхэм зэи защызгъэнщIыркъым».
- Махуэ Билал и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр
- Ди лъэпкъэгъу бэнакIуэхэр дэнэ щIыпIи щыцIэрыIуэщ. Абыхэм яхэтщ къэралым, Европэм, дунейм, Олимп Джэгухэм щытекIуахэр. Иджыпсту зи цIэ нэхъ къраIуэхэм ящыщщ Махуэ Билал. Иужьу ар зыхэта дунейпсо чемпионату 4-м ящыщу 3-м нэхъ хьэлъэ дыдэхэм (килограмми 120-м нэсхэм) я зэпеуэм дыщэ медалхэр къыщихьащ. ЕплIанэми къыщыхагъэщIэфакъым — и хьэрхуэрэгъумрэ абырэ финалым щызэрытемыгъакIуэм, пхъэидзэ ящIри и кIэныр къимыкIауэ аращ.
- Адыгэ пелуаным спортым къыщехъулIам хуэдэ зыхузэфIэкIыр мащIэ дыдэщ. Абы щыгъуэми, шэч къытетхьэркъым иджыри илъэс куэдкIэ и текIуэныгъэхэмкIэ дызэригъэгушхуэнум. Дунейпсо тепщэныгъэ иIэми, Махуэм и плъапIэ нэхъыщхьэр Олимп дыщэ медалращ икIи ар зыIэригъэхьэн папщIэ иджыблагъэ утыку къихьэжащ, илъэситIым нэблагъэкIэ и узыншагъэр зэфIигъэувэжри.
- ЗэрыфщIэжщи, 2008 гъэм Пекин щекIуэкIа Олимп Джэгухэм хэтыну Махуэ Билал хузэфIэкIакъым. И щхьэусыгъуэр псоми ящIэж — абы и пэ къихуэ зэхьэзэхуэм Красноярск щыхэту щхъухь къызэрырахьэлIарщ. И узыншагъэр зэфIэувэжа иужькIэ дунейпсо, Европэ, къэрал чемпионатхэм щытекIуат икIи 2012 гъэм Лондон щыIа Олимпиадэм ерыщу зыхуигъэхьэзырат. Псоми жаIэрт Билал дыщэ медалыр и Iэрылъхьэу, езыми нэгъуэщI плъапIэ иIэтэкъым.
- Иджыпсту дыдэм хуэдэу ар нэгум щIэтщ… 2012 гъэм шыщхьэуIум 11-м и пщыхьэщхьэщ. Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр и гуащIэгъуэу Инджылызым и къалащхьэ Лондон щокIуэкI. БэнэкIэ хуитымкIэ килограмми 120-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм финалым кIуэн папщIэ щызэпэщIэуващ Махуэ Билалрэ куржы спортсмен цIэрыIуэ Модзманашвили Давитрэ. Зыр адрейм къыпимыкIуэту пелуанхэр зоныкъуэкъу, щIыр ягъэхъей жыпIэну.
- Япэ Iыхьэр Билал нэхъ къохъулIэри, 1:0-у япэ йощ. МащIэу загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ, Модзманашвили «къощIэрэщIэж» икIи, ди щIалэр къыхигъэзыхьу щIедзэри, бжыгъэр зэхуэдэ ещIыж. Арати, зэрызэбэныну хухаха зэманыр зэфIокI. 1:1-р зэрытемыгъэкIуауэ къыпщыхъунущ, арщхьэкIэ спорт бэнэкIэм и хабзэхэр нэгъуэщIщ — апхуэдэм и деж иужьу очко къэзыхьар трагъакIуэ.
- Илъэсибл дэкIын хуей хъуащ 2012 гъэм екIуэкIа Олимпиадэм къыщыхъуа хьэрэмыгъэр наIуэ къэхъун папщIэ. 2019 гъэм и пэщIэдзэращ Дунейпсо Олимп комитетым хъыбар щызэбгригъэхар куржы щIалэм и къарумрэ зэфIэкIымрэ хэзыгъахъуэ хущхъуэхэр зэрызэрихьэлIар наIуэ зэры-хъуам къыхэкIыу Лондон къыщихьа дыжьын медалыр къытрахыжу, абы «хигъэщIа» Махуэ Билал къратыжын зэрыхуеймкIэ. Къэхъуам къыпхуегъэгъэзэжыфынукъым, ауэ Махуэ Билал апхуэдэ щIыкIэкIэ Олимп чемпионыгъэм зэрыхуэкIуэ гъуэгум къытрамыгъэкIуэтамэ, дыщэ медалыр и Iэрылъхьэт.
- 2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ щыIа зэхьэзэхуэри хуэугъурлакъым адыгэ пелуаным. Иджы абы зыхуегъэхьэзыр дызыхуэкIуэ илъэсым Токио щыIэну Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм хэтыну. Хэт ищIэн, абы захуагъэ нэсыр щызэфIэувэжу адыгэ щIалэм спортым щиIэ и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр и чэзум къыщехъулIэнкIи хъунщ.
- «Къэбэрдей къаплъэн» Джэду Аниуар
- ЩIыналъэм, республикэм, къэралым текIуэныгъэхэр къыщихьурэ лъэбакъуэ зырызурэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам ираджэным хуэкIуащ напIэзыпIэм зридзрэ и хьэрхуэрэгъур зэрыхигуэм папщIэ иужькIэ «къэбэрдей къаплъэн» зыфIаща Джэду Аниуар. Апхуэдэ дзыхь къезыгъэзахэри щIегъуэжакъым. 2010 гъэм щегъэжьауэ абы ди къэралми лъэпкъми я пщIэр иIэт зэпытурэ екIуэкIащ. А зэманым къриубыдэу Джэдум Дунейпсо кубокыр зыIэригъэхьащ, тIэунейрэ Европэм и чемпион хъуащ, Европей джэгухэм щытекIуащ, Дунейпсо чемпионатым жэз медалыр къыщихьащ, нэгъуэщI зэпеуэ куэдми щыпашащ.
- 2016 гъэм Бразилием щекIуэкIа Олимпиадэм бэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 74-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Джэду Аниуар фIы дыдэу, псэемыблэжу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Пасэу ирагъэкIуэкIа пхъэидзэм ипкъ иткIэ, ар пэщIэтын хуейт нэхъапэм къыхэзыгъэщIауэ щыта, 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Олимп Джэгухэм я чемпион, дуней псом щэнейрэ щытекIуа, Дунейпсо Кубокыр тIэунейрэ къэзыхьа Барроуз Джордан. США-м и бэнакIуэр мы спорт лIэужьыгъуэм щынэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр наIуэт икIи зыри темыкIуэфыну куэдым къащыхъурт. Джэду Аниуаррэ абырэ я зэпэщIэтыныгъэм сыт хуэдэ зэхьэзэхуэми и кIэухыр игъэдэхэфынут. АрщхьэкIэ ахэр финалым и Iыхьэ плIанэм щызэхуэзащ икIи ди лъахэгъур текIуащ.
- Финалым хуэзышэ гъуэгур Аниуар хуабжьу къехьэлъэкIащ. Азербайджаным щыщ Гасанов ДжэбрэIил дунейм щынэхъ лъэщхэм ящымыщми, Барроуз хуабжьу иригъэша Джэдур хигъэзыхьащ. ЗэIущIэм и япэ Iыхьэр щиухам ар 4:0-у япэ ищат.
- БэнакIуэ куэд щыIэкъым апхуэдизу къефIэкIыу щIэзы-дза и хьэрхуэрэгъур иужькIэ иригъэкIуэтыжыфу. Джэдур а закъуэтIакъуэм ящыщщ. КъыкIэлъыкIуэ дакъикъищым абы бжыгъэр 5:4-м нигъэсри, финалым хэтыну хуитыныгъэ къихьащ. АрщхьэкIэ Гасановым къаруушхуэ дыдэ зэрытригъэкIуэдар нэрылъагъут. КъищынэмыщIауэ, Аниуар и нэщIащэр зэгуэудауэ къыфIыщиуд лъыр щIэх-щIэхыурэ ягъэувыIэн хуей хъурт.
- И къарур зэрыгъуэтыжауэ икIи и узыншагъэр мащIэу зэфIагъэувэжауэ Джэду Аниуар кIэух зэIущIэм сыхьэтитI-щы дэкIри къихьащ. Абы къыгурыIуэрт псынщIэ-псынщIэу и хьэрхуэрэгъур хигъэщIэн зэрыхуейр, армыхъумэ и фэбжьхэм зыкърагъэщIэнут. 6:0-у япэ щищам зы шэчи къытетхьэжыртэкъым адыгэ щIалэр чемпион зэрыхъунум. АрщхьэкIэ.. и нэщIащэ зэгуаудам къиж лъым зи нэхэр къыщхьэрипхъуэ Джэду Аниуар Язданишариати Хьэсэн къылъэщIыхьэжри, бжыгъэр 6:6 хъуауэ зэIущIэр иухащ. ЗэрытемыгъэкIуа хуэдэщ, арщхьэкIэ спорт бэнэкIэм езым и хабзэ иIэжщ: бжыгъэр щызэхуэдэм и деж иужьу очко къэзыхьар япэ ирагъэщ. А щIыкIэм тету Ираным къикIам япэ увыпIэр лъысащ. Лъыпсыр къызыпыж Iэниуар къыIэрыхьар дыжьын медалращ, ауэ IэщIагъэлIхэми абы кIэлъыплъахэми къызэралъытамкIэ, ар дыщэ кудым нэхърэ нэхъ лъапIэщ.
- Джэду Аниуар и лIыгъэр здынэсыр дуней псом щалъэгъуащ. Ар Iэтауэ и Хэкум къыщрагъэблэгъэжащ икIи Олимп чемпионхэм яхуэфащэ пщIэри игъуэтащ.
- Мырзэ Резуан и «дыщэ» топхэр
- Сыт хуэдэ командэ хагъэхьами, зэман кIэщIым къриубыдэу Мырзэ Резуан абы и пашэ мэхъу. Апхуэдэу щыщытащ Рязань и «Спартак»-ми, Мэзкуу и «Торпедо»-ми, Ленинград областым и «Тосно»-ми, Тулэ и «Арсенал»-ми. Адыгэ щIалэм къыдэджэгухэр трегъэгушхуэ щхьэмыгъазэу икIи лъэщу зэребгъэрыкIуэм, мыхьэнэшхуэ зиIэ топхэр я хьэрхуэрэгъухэм зэрахудигъэкIым къыхэкIыу.
- Дауи, Мырзэм и апхуэдэ щытыкIэм гулъытэ хэха къахуригъэщIащ топджэгум дихьэххэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ икIи хуэфащэ дыдэу Уры- сей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Черчесов Станислав зи унафэщI гупым иригъэблэгъащ. Пэжщ, зэ-кIэ зыгъэсэныгъэхэмкIэ Iуэхур зэфIэкIащ, ауэ Мэзкуу и «Спартак»-м иджыблагъэ зэрыхыхьам Iэмал къритыну фэ тетщ мыгувэу тлъагъуну, къэралым и щIыхьыр ихъумэу, европэпсо утыку къихьауэ.
- Ди къэралым щыIэ спорт хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр иужь зэманым нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр Мырзэр Мэзкуу и «Спартак»-м зэрыхагъэхьарщ. Ди лъахэгъур абы илъэсищкIэ хэтынущ икIи ар иджыри къэс зея «Ростов»-м Резуан къиутIыпщын папщIэ еврэ мелуани 3,5-рэ иратащ.
- Мырзэм Iэмал игъуэтащ куэд набдзэгубдзаплъэу къызыкIэлъыплъ командэ цIэрыIуэм хыхьэну икIи и зэфIэкIыр здынэсыр къыщигъэлъэгъуэну. Ар зэрымымащIэм щыхьэт техъуэфынущ иужь илъэситхум ар зыхэта премьер-лигэм щыджэгухэу Мэзкуу и «Торпедо», Грознэ и «Тэрч» (иджы «Ахмат»), Ленинград областым и «Тосно», «Ростов», Тулэ и «Арсенал» командэхэр. Грознэрэ Дон Iус Ростоврэ къищынэмыщIауэ, адрейхэм ар щыпашащ. «Тэрч»-мрэ «Ростов»-мрэ и Iуэхухэр щIыдэмыкIами Резуан и зэран хэлъ-къым: япэм псынщIэу фэбжь щигъуэтащ, етIуанэм и тренер нэхъыщхьэм и джэгукIэр зэриубзыхум Мырзэм ейр темыхуэу къыщIэкIащ.
- Мэзкуу и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэ Кононов Олег и унафэм щIэту Мырзэ Резуан зэIущIи 8 Тулэ щригъэкIуэкIауэ аращ. А мащIэри IэщIагъэлI цIэрыIуэм хурикъуащ ди лъахэгъум и зэфIэкIыр зэрылъагэр зригъэщIэн папщIэ. Абы щыгъуэращ Мырзэм дигъэкIа топхэм «Спартак»-мрэ «Зенит»-мрэ щыхигъэщIар икIи «Арсенал»-р зэи къэмыхъуауэ Iэта щыхъуар. ТопитI зэуэ къахудэзыгъэкIа адыгэ щIалэри мэзкуудэсхэм ягу ираубыдат.
- КъищынэмыщIауэ, куэдым ящIэж нэгъабэ ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр щыдгъэлъэпIа накъыгъэм и 9-м къалэ-лIыхъужь Волгоград щызэхэта Урысей Федерацэм и Кубокыр 2018 гъэм къэхьынымкIэ екIуэкI зэхьэзэхуэм и кIэух зэIу- щIэр. Ди лъахэгъу Мырзэ Резуан абы щыдигъэкIа «дыщэ» топым и фIыгъэкIэ къэралым и футбол саугъэт нэхъ лъапIэхэм ящыщ зыр Iэрыхьащ Ленинград областым и «Тосно» коман-дэм.
- Бахъсэн къалэм къыщалъхуа ди лъахэгъу щIалэм иужь лъэхъэнэм урысей футболым и цIэр фIыкIэ зэрыщыIуар гуапэщ. Дыпэплъэнщ къэралым и командэ къыхэхам дэщIыгъуу Мырзэ Резуан иIэну текIуэныгъэщIэхэм.
- Дамыгъэ лъапIэхэр
- Олимп Джэгухэм къыщыхэжаныкIахэм ират медалхэр я теплъэкIэ зыр адрейм ефIэкIыжу апхуэдэщ, я мыхьэнэр сыт щыгъуи зэрылъагэу къанэу. Абыхэм языхэз зыIэригъэхьэныр дэтхэнэ зы спортсменми гъащIэм щиIэ хъуэпсапIэ нэхъыщхьэщ.