«Уафэм и IункIыбзэ»
2019-09-14
- Совет Союзым и ЛIыхъужь Къанкъуэщ Ахьмэдхъан къызэралъхурэ илъэси 105-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу, «Къэбэрдей-Балъкъэр» телевиденэм и редактор, «Нюр» журналым и редактор нэхъыщхьэ Сабанчиевэ Арипарэ режиссёр Абыдэ Динэрэ траха фильмым теухуа пшыхь Тэрч къалэ щекIуэкIащ. «Ключи от неба» фильмым къеIуэтэж кхъухьлъатэзехуэ хахуэ Къанкъуэщ Ахьмэдхъан и гъащIэ гъуэгур.
- Пшыхьым кърихьэлIащ Къанкъуэщ лъэпкъым и лIыкIуэхэр, Тэрч щIыналъэм, къалэ администрацэхэм я лэжьакIуэхэр, ветеранхэр, журналистхэр, кадетхэр, школакIуэхэр.
- — Нобэ мы пшыхьым хэтхэм пщIэ лей дгъуэтауэ жыпIэ хъунущ, лIыхъужьым теухуа фильмым псом япэ дызэреплъыр къэплъытэмэ. Къанкъуэщ Ахьмэдхъан лIыхъужь нэсу зэрыщытам щыхьэт техъуэ абы и письмо зыбжанэ сыкърагъэджащ иджыблагъэ. Гу хуабагъэ, гулъытэ гъунэншэ, псэ IэфIагъ щIэлъу зауэ губгъуэм абы къритхыкIа сатырхэр яхуэгъэзат и унагъуэм, ныбжьэгъухэм, къуажэгъухэм. Мы фильмыр тезыха Сабанчиевэ Арипа мыбы нэмыщI и лэжьыгъэ зыбжанэ сы-щыгъуазэщи, быдэу си фIэщ мэхъу нобэ дызэплъынури дигу зэрыдыхьэнур. Мыбдеж кърихьэлIа дэтхэнэми псом япэ фIыщIэ яхуэтщIын хуейуэ си гугъэщ Къанкъуэщхэ я лъэпкъым — апхуэдэ лIыхъужь къыпхэкIыну сыт и уасэ! Сэ гу лъыстащ Къанкъуэщхэ я щIэблэр лIыхъу-жьым и щапхъэм зэрыщIапIы- кIым, абыи сигу хегъахъуэ. Фильмыр тезыхахэм я арэзыныгъэ хэлъу, районым и школхэми ар щыдгъэ-лъэгъуэну ди гугъэщ, сыту жыпIэмэ, абы я гъэсэныгъэм мыр хэлъхьэныгъэ хуэхъунущ, — мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ пшыхьыр къызэIуи- хащ Тэрч районым и администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Семэн Пщыкъан.
- Семэныр къэпсэлъа нэужь фильмыр ягъэлъэгъуащ икIи абы теухуа псалъэ гуапэ куэди жаIащ.
- — Къанкъуэщ Ахьмэдхъан къикIуа зауэ гъуэгум теухуа хъыбархэм, и цIыху щIыкIэу щытам республикэм щыпсэухэр щыгъуазэщ. И лIыхъужьыгъэм щыхьэт техъуащ нобэ дызэплъа фильмри. Къанкъуэщыр фIыуэ къалъагъурт абы и гъусэу зауэм Iутахэми, ар лIыхъужьыгъэ- кIэ яцIыхурт и къуажэгъухэми. «Тхьэм фигъэпсэу!» вжызоIэ абы елэжьахэм. Фыузыншэну, фи лэжьыгъэм пщIэ иIэну! — жиIащ районым и Ветеранхэм я советым и унафэщI Iэщыжь Владимир.
- Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеран, гъэрыпIэм иса Казиев Николай щIалэгъуалэр къыхуриджащ лIыхъужьыр ягу илъыну.
- — Кхъухьлъатэзехуэ хахуэм и псэр итыху щIэзэуащ мамыр гъащIэм, щIэзэуащ щIэблэр хьэуа къабзэкIэ хуиту бэуэным. Къанкъуэщым и лIыхъужьыгъэр щапхъэу щIэблэм я гупэкIэ къитын хуейщ. АбыкIэ жэуап дохь нэхъыжьхэм, — жиIащ абы.
- — Сэ сыщыгъуазэщ мы фильмыр щытрахым абы псэ хуабагъэу халъхьам, ар хьэзыр хъуху жэщ-махуэ ямыIэу зэрелэжьам, — жиIащ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шаваевэ Ра- зият. — ФIыщIэ ин фхузощI игъащIэкIэ щхьэпэну фи лэжьыгъэм пап-щIэ.
- — Арипарэ Динэрэ лэжьыгъэшхуэ ирахьэлIащ мы фильмым. КъБР-м и лъахэхутэ музейм и архивыр, Тэрч щIыналъэм и архивыр, Къанкъуэщ-хэ я лъэпкъым я унагъуэ архи- выр, Марий-Эл республикэм и архивыр яджащ, хэплъащ, къагъэсэбэпащ. ИкIи лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа фильмыр трахащ, — къыхигъэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» телевизионнэ каналым и унафэщI Конаревэ Наталье.
- Абы и псалъэхэр диIыгъащ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэ Ахаевэ Ларисэ.
- — Псом хуэмыдэу си гуапэщ щIалэгъуалэр мы пшыхьым куэду къызэрекIуэлIар, абыхэм мы лэжьыгъэр зэралъэгъуар, — жиIащ абы.
- Пшыхьым хэтахэм, фильмым еплъу абы теухуауэ зи гупсысэ жызыIахэм фIыщIэ хуащIащ ар зи IэдакъэщIэкIхэу СабанчиевэАрипарэ Абыдэ Динэрэ.
- — НэхъыжьыфIхэм, Тэрч районым и администрацэм, Къанкъуэщхэ я лъэпкъым, щIалэгъуалэм фIыщIэ фхузощI фильмым нобэ къыхуэф-щIа гулъытэм папщIэ, — жиIащ Арипа. Абы къыхигъэщащ фильмыр Сочэ щекIуэкIыну дунейпсо кинофестивалым хагъэтыну зэрыхуейм теухуауэ къызэрепсэлъахэри. Динэ жиIащ Тэрч щIыналъэм къуэпскIи, гурэ псэкIи зэрыпыщIар, фильмыр абы япэу зэрыщагъэлъэгъуар зэригуапэр.
- Утыкум кърагъэблэгъащ Къанкъуэщ Ахьмэдхъан и унэ жьэгур зымыгъэужьых Къанкъуэщ Зинаидэрэ Ахьмэдхъан и Iыхьлы Хъурсинэ Аслъэнрэ.
- — Нобэ гуапэу дигу къэдгъэкIыжащ Ахьмэдхъан. ДигъэпIейтейуэ, ди нэпс къекIуэу деплъащ фильмым. Къанкъуэщ Ахьмэдхъан и лIыхъужьыгъэр лъэпкъым и щIэблэм щапхъэ яхурырехъу! Тхьэм фигъэпсэу мы фильмым елэжьахэр, — жиIащ Зинаидэ.
- ЕджакIуэ цIыкIухэм пшыхьым щыжаIащ зауэм теухуа уэрэдхэр. ЛIыхъужьым хузэхилъхьа усэм къеджащ Къанкъуэщхэ я пхъурылъху Къер Маринэ.
- НафIэдз Мухьэмэд.