ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-09-14

  • Хъыбар  гуапэ
  • Адыгэ  бзылъхугъэмрэ  Парижрэ
  • Адыгэ Республикэм, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, Урысейм, АР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и II, III, IV нагъыщэхэр, «Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» орденыр зрата, «Урысей Федерацэм и Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща МэшбащIэ Исхьэкъ и «Айшэт» («Аиссе») роман цIэрыIуэр, франджы эпистолярнэ жанрым классик щыхъуа адыгэ бзылъхугъэм теухуар, и лъабжьэу дакъикъэ 90 хъу художественнэ фильм трахыну загъэхьэзыр.

  • А Iуэхум теухуауэ иджыблагъэ Москва щызэIущIащ МэшбащIэ Исхьэкърэ УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, режиссёр цIэрыIуэ Муратов Александррэ. Ахэр лэжьыгъэр зэрекIуэкIынум тепсэлъыхьащ, апхуэдэуи «япэ канал» урысей телекомпанием фильмыр къагъэлъэгъуэну гурыIуащ. КъищынэмыщIауэ, ар «Европэм хузэIуха щхьэгъубжэ» дунейпсо фестивалым и утыку кърахьэнущ. Сценарийр етх Мейкъуапэ щыщ Ведякин Сергей. Фильмым зэкIэ «Черкешенка в Париже» фIэщыгъэр иратащ.
  • Абы щекIуэкIыну Iуэхугъуэхэм я нэхъыбэр Франджым щытрахынущ, адыгэ артисту 2 щыджэгунущ: Аиссе и ролыр зыгъэзэщIэнумрэ зы щIалэрэ.
  • Тхьэхущынэ Ланэ.
  •  
  • Фэ  фщIэрэ?
  • Бжьыхьэ удз  гъэгъахэр
  • Куэд мэхъу бжьыхьэм къэгъагъэ удзхэр. ПщIащэ пылъэлъыжыгъуэ зэманым ахэр щхъуэкIэплъыкIэщ, дунейм гъатхафэ къытрагъауэ. Апхуэдэ удзхэм ящыщу ди щIыналъэм щыпсэу цIыхухэм нэхъ я нэIуасэщ икIи ягъэкI розэр, астрэр, хризантемэр, георгинэр.
  • Дахэ дыдэщ розэр. Ар хьэцыбанэм къытепщIыкIащ. Хужьу, плъыжьу, гъуэжьу, нэгъуэщI плъыфэ Iэджэу зэхэлъу мэгъагъэ. Японием щагъэкI фэзэхъуэкI розэр. Абы уеплъамэ, махуэм дэп жьэражьэщ, пщыхьэщхьэпэм, уэсым хуэдэу, хужьыбзэщ. «Удзхэм я гуащэ» хужаIэ абы.
  • «Астра» псалъэр алыджыбзэщ, «вагъуэ» мыхьэнэ иIэщ. Алыджхэм астрэм и цIэр уэгум ижа вагъуэм ирапх. А удзым и тхьэмпэ зэкIэщIэпхъахэр, вагъуэ нэбзийхэм ещхьу, лъэныкъуэ псомкIи зэкIэщIокI. Астрэ лъэпкъыгъуэу щыIэр миниплIым ноблагъэ. И теплъэкIэ ахэр егуэш хужьу, гъуэжь-сырыхуфэу, къащхъуэу, щIыху-плъыжьыфэу. Пасэу хасэ астрэхэр махуэ плIыщIкIэ, кIасэхэр махуэ ищIрэ тхум нэблагъэкIэ мэгъагъэ.
  • Хризантемэ удзыр щIыIэм щышынэркъым. Уэс къесыхукIэ мэгъагъэ. Китайм щыпсэухэм жаIэ хризантемэр дыгъэ нэбзийхэм къагъэщIауэ. Японием и къэрал дамыгъэр «хризантемэ дыщафэщ». мы къэралым щыпсэухэр илъэс къэс бжьыхьэпэ мазэм и бгъум зэхохьэ, хризантемэм и гуфIэгъуэ махуэр ягъэлъапIэу.
  • Георгинэм и бийщ щIыIэр. Ар зэрыгъагъэр япэу щIыр щтыхущ. Мыр Америкэм къикIа удзщ, абы и лъэпкъыгъуэр минийм щIегъу.
  • Мэлей ФатIимэ.
  •  
  • Лъэпкъ  шхыныгъуэхэр
  • КIэртIоф гъэва гъэдиижа, кхъуей плъыжь хэлъу
  • КIэртIоф гъэвам и псыр щIагъэжри, ягъэупщIыIу. И фэр трахри, зэпэплIимэ цIыкIуурэ яупщIатэ г 8 — 10 я хьэлъагъыурэ. Ар дзэху хьэкъущыкъум иралъхьэ, кхъуей гъэщэщар абы халъхьэ, шыгъу зыхэлъ бжьыныху уба, шыбжий сыр хьэжа, шатэ щIакIэри, хуэсакъыурэ зэIащIэ, щхьэтепIэр трапIэри, дакъикъи 8 — 10 хуэдизкIэ щIыIапIэм ягъэув, нэхъ диин икIи нэхъ зэхэшыпсыхьын щхьэкIэ. Iэнэм щытрагъэувэкIэ пIинэ къищIу тепщэч цIыкIум иралъхьэ. Абы бжьын цIынэ зэпыгъэлъэлъа трагъэщэщэж. ПIастэ щIыIэ, чыржын, хьэлIамэ, мэжаджэ, щIакхъуэ дашх.
  • Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): кIэртIоф гъэвауэ — г 100, кхъуей плъыжьу — г 20, бжьын цIынэу — г 5, бжьыныху укъэбзауэ — г 10, шатэу — г 50, шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
  • Ху чыржын
  • Шыуаным ит шэ гъэпщтам хугу лъэсар хакIутэри, зэIащIэурэ, тхъурымбэри къытрахыурэ зэ къытрагъэкъуалъэ. МафIэр мащIэ ящI, шыгъу хадзэри, бэлагъкIэ япщурэ ягъавэ, мырамысэ Iувым хуэдэ хъуху. Шыуаныр пэшхьэкум къытрах, тепщэч мыулъий куум иралъхьэри, тIэкIу ягъэупщIыIу. ИтIанэ абы халъхьэ джэдыкIэ уда, тхъуцIынэ гъэткIуа. А псори IэкIэ япщ, тхьэвым хуэдэу. Я Iэм дагъэ щахуэри, тхьэв пщам къыгуачурэ чыржын ящI. Адрей чыржыныр зэрагъажьэм хуэдэу ягъажьэ, лъэныкъуитIымкIи тхъуэплъ хъуху.
  • Чыржыныр шэ щIыIэм хапIытIэри яшх, кхъуей, шатэ дашх.
  • Халъхьэхэр (цIыхуиплI Iыхьэ): хугуу — г 400, шэуэ — г 900, джэдыкIэу — 2, тхъуцIынэу — г 50, шыгъуу, тебэщыхуэ тхъууэ — узыхуейм хуэдиз.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
  •  

    Дзэзешэ цIэрыIуэ, Урысейм и Правительствэм и УнафэщI Черкасский Яков

    Генералиссимус Черкасский Михаил

  • Тхыгъэ   кIэщIхэр
  • Сыту  мыхьэнэшхуэ иIэ япэ ита уиIэным!
  • Узэрыт зэманым ущытхъун щхьэкIэ, блэкIам утемыхъущIыхь. ЗэгъащIэ: узэрытри блэкIынущ.
  • * * *
  • «Фыгъуэнэдым уэ езым зыщыхъумэ, адрейхэм сэ уащысхъумэнщ», — жиIащ Алыхьым.
  • * * *
  • «Тетыгъуэр зей» щIыжаIэр абы текIыжыгъуи иIэщи аращ.
  • * * *
  • И чэзум жыIа хъуа псалъэ шэрыуэр атомым хуэбгъадэ хъунущ — абы щызэхуэхьэсащ икъукIэ къаруушхуэ.
  • * * *
  • ЦIыху плъэкIэр Iэджэу зэщхьэщокI: ар елъытащ абы и хьэл-щэным, и щытыкIэм. Сэ сыхуэзауэ щытащ щIалэ гуэр. Ар апхуэдизкIэ щхьэхынэу къоплъырти, игукIэ зыхуэтхьэусыхэжу къыпфIэщIырт: «Сыт иджы мыри бэлыхьу къыщIыстрилъхьар сеплъын хуейуэ?!» Къызэроплъ къудейр къехьэлъэкIырт.
  • * * *
  • Хорым уи макъ къыхэбгъэщ хъунукъым, умысолисту щытмэ. Къыхэзыгъэщым хуагъэгъуркъым.
  • * * *
  • — Уэ иджыри уи гур щIалэ хуэдэщ. Ауэ щыхъукIэ, умыгузавэ: уи гур щIалэхукIэ жьы ухъуркъым, — жесIат зымахуэ зыгуэрми, ней-нейуэ къызэплъри жиIащ:
  • — Ауэ сытми ухъурэ! Уи гур щIалэрэ «мор щIэ, мыр лэжь» жиIэу укърихуэкIыу, ауэ уэ, уеIэ пэтми, зыри пхузэфIэмыкIыжмэ, аракъэ жьы хъуа жыхуаIэжыр?!
  • * * *
  • Гъуэгуанэр гугъуу щытамэ, Iэмал имыIэу уигу къокIыж абы и щIэдзапIэр зыхуэдар, арщхьэкIэ сыт и сэбэпыж — пкIун пкIуащ. Апхуэдэщ гъащIэри. Сыт и мыхьэнэж жьы ухъуауэ абы уегупсысыжкIэ? Зыри пхуещIэжынукъым. Сыт хуэдэу щымытами, упсэуащи, Тхьэм фIыщIэ хуэщI. Егупсыс: сыт хуэдизыпсэ кIуэдыжа дунейм тетыну къалъымысауэ?!
  • * * *
  • — Уа, уегупсысыжмэ, дыщищIалэгъуэм сыту щыуагъэ куэдрэ делагъэ куэдрэ длэжьа! – жиIат зыми, адрейм идакъым:
  • — А делагъэхэмрэ щыуагъэхэмрэщ дэ гукъэкIыж нэхъыфIу иджы къытхуэнэжар. Аджыдэ мыгъуэ, иджыри схуэлэжьыну щытащэрэт апхуэдэ зыгуэрхэр! Аракъэ щIыжаIэр «УщIалэху уоделэри, уделэху уотхъэ», — жаIэу.
  • * * *
  • СощIэж, мыбдежыр зэгуэрым гуэлышхуэу щытащ, гъэмахуэ псом дытхъэжу зыщыдгъэпскIыу. Иджы мыбыкIэ сыблэкIыху, къысфIощI псы итыпIэм зэгуэр гуэлу щыщыта зэманыр игу къэкIыжу икIи псы из хъужыным пэплъэу…
  • * * *
  • «Сыт япэ уэсыр апхуэдэу «хахуэу», тегушхуауэ къыщIесыфыр? Къыпэплъэр имыщIэ пэтми, сыт апхуэдизу щIэщхьэмыгъазэр?» — япэ уэсыр къызэресым сеплъурэ апхуэдэу сыздэгупсысэм, сигу къэкIащ: «Дауи, ар къызыкъуэгушхукIыр илъэс мелуан Iэджэ лъандэрэ щIымахуэ къэс къесу еса уэсым игъуэта опытырщ. Япэ итахэм я опытырщ. Сыту мыхьэнэшхуэ иIэ япэ ита уиIэным!»
  • * * *
  • Зымахуэ, март мазэм щIидза къудейуэ, унэм сыщIэсу къызэхызох гъатхэм япэ дыдэу къежьэж бзу цIыкIухэм ящыщ «тIыс-дадэкIэ» дызэджэм хуабжьу и гур хуитхьэщIыкIауэ, щIэщыгъуэ дыдэу игъэIу и уэрэд цIыкIур: «ТIыс-дадэ!ТIыс-дадэ! ТIыс-дадэ!» Абы седаIуэурэ жызоIэ: «Тхьэм гъатхэ угъурлы тхуищI!» Си щхьэр согъазэри, щхьэгъубжэм сыдоплъ — уэс къесырт, кърипхъыхырт шыцуэс. Сыту гъэщIэгъуэн мы дунейр: бзу цIыкIур гъатхэм хуогуфIэ, хуоусэ, ауэ щIымахуэм зитыну и мурадкъым, ищIэркъым и чэзур зэрикIар…
  • * * *
  • «Ди Iуэху дигъэкIынщ», — жаIэри хьэндыркъуакъуэхэм я зы ныбжьэгъу унафэщIу хахат.
  • Куэд мыщIэу хьэндыркъуакъуэхэм абы и унафэ къаIэрыхьащ: «Ди шэдыр икIэщIыпIэкIэ зы ткIуэпс къимынэу игъэгъущыкIын хуейщ».
  • * * *
  • И щIалэгъуар игу къыщигъэкIыжкIэ, уадэм зигъэщIагъуэу жеIэ: «Уэлэхьи, сэри гъущI Iунэ мащIэ хэзмыукIа!»
  • * * *
  • Зымахуэ къуажэм сыкIуэжауэ ди благъэ фыз гуэрым сыхуэзат. Сэлам зэтхри, и лIым сыщIэупщIащ: «Дауэ щыт Мурат?» «Тхьэ хъарзынэм, — жи. — Бензинсмен хъуащи, къекIуалIэ иIэжкъым».
  • КъызэрыщIэкIамкIэ, бензоколонкэ къызэIуихауэ арат.
  • * * *
  • СызыблэкI куэбжэм кIэрыIулIа пхъэбгъу цIыкIум тетт: «Фысакъ! пщIантIэм хьэ бзаджэ дэтщ!»
  • Сэрейм сыщхьэпрыплърэ пщIантIэм сыдэплъэмэ, къызолъагъу шляпэ фIыцIэ, и къуащIэхэр къуаргъ лIа дамэу къелэлэхыу, зыщхьэрыгъ лIышхуэ. Абы, пэж дыдэу, хуабжьу бзаджафэ тетт.
  • * * *
  • Махуэм, хъыджэбз зи ишэгъуэу, зыкърихырт. Сэ паркым сист си закъуэу. ЦIыхухэр уэршэрурэ блэкIырт. Абдеж къызэхызох хъыджэбз дыхьэшх макъ. Ар уафэхъуэпскIыу си Iэпкълъэпкъ псом ирожэ. А макъыр къыздиIукIамкIэ псынщIэу соплъэри, къызолъагъу щIалэ лъагэ гуэрым щIыгъуу блэкI хъыджэбзыр. Соплъ абы си нэр тенауэ. Хьэуэ, сцIыхуркъым ар, иджыпсту фIэкIаи игъащIэм слъэгъуакъым. Ауэ и дыхьэшх макъыр Iэджэрэ зэхэсхащ – апхуэдэ дыдэут зэрыдыхьэшхыр си щIалэгъуэм фIыуэ слъагъуу щыта зы хъыджэбз цIыкIу гуэр…
  • Къагъырмэс Борис.
  •  
  • Псалъэжьхэр
  • ПхуэмыщIэн  зыкIэрумыщIэ
  • Бжэным щынэ къилъхуркъым.
  • Куэдым ущыгугъыу, мащIэм зыхыумыгъэкIыж.
  • Лъахъшэу тIысыну хуейкъым, лъагэу тIысыпIэ игъуэтыркъым.
  • Псэр ящэри, напэ къащэху.
  • ПхуэмыщIэн зыкIэрумыщIэ.
  • Си ныбэ изщ жыпIэу, гъуэмылэншэу уемыжьэ.
  • Уи жыIэ уи IуэхукIэ гъэдахэ.
  • Уи щхьэ иумыпэсымкIэ нэгъуэщIым ухуэмыупсэ.
  • УмыщIэм ущIэупщIэныр емыкIукъым.
  • Мыгъуащэрэ щымыуэрэ щыIэкъым.
  • Насыпыр Iыхьэ мыгуэшщ.
  • Нащэр мыхъунумэ, кIэрэф мэхъу.
  • Псэ зиIэм уахъты иIэщ.
  • Псыр гъужми, жапIэр къонэ.
  • ПщIаIамэ, бгъуэтыжынщ.
  • Унэ зимыIэ бей щыIэкъым.
  • Уи насып зыхэлъыр, хым хэлъми, къыхэкIынщ.
  •  
  • Гу зылъытапхъэ
  • «Адыгэ  анэм» и фэеплъ
  • Блокадэм ит Ленинград къыдаша журт сабийхэр зи унагъуэхэм щызыпIа, Шэрджэс щIыналъэм щыщ Беслъэней жылэм дэсхэм я лIыхъужьыгъэр тхыдэм къыхэнэн папщIэ, Урысей Федерацэм щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ щэнхабзэ автономием и Советым къыхилъхьащ Санкт-Петербург къалэмрэ Израиль къэралыгъуэмрэ «Адыгэ анэм» и фэеплъхэр щыхуагъэувыну.
  • Iуэху щхьэпэм и къызэгъэпэщакIуэ гупым хэтщ РАН-м и академик Щоджэн Iэсхьэд, УФ-м и Правительствэм и деж щыIэ Финанс университетым и ректор Есчындар Мухьэдин, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Израиль къэралыгъуэм и Кфар-Камэ жылэм дэт Адыгэ музейм и унафэщI Тхьэухъуэ Зухьейр, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, кинорежиссёр, сценарист цIэрыIуэ Къандур Мухьэдин (инджылыз), Санкт-Петербург дэт «Малая Охта» егъэджэныгъэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Софенкэ Сергей, нэгъуэщIхэри.
  • Фэеплъхэр щагъэувыну щIыпIэхэр яубзыхуащ. Лэжьыгъэр ящIынущ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмидрэ скульптор Шорэ Олегрэ. Iуэхур зэфIагъэкIыну я мурадщ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъуну накъыгъэ мазэм ирихьэлIэу.
  • Мы зэманым лэжьыгъэм текIуэдэну мылъкур зэхуахьэс. АхъшэкIэ абыхэм защIэзыгъэкъуэну хуейхэм евгъэхь хъунущ Сбербанкым и картэм: 4279 6000 1009 8724 е мы хэщIапIэмкIэ:
  • Банк получателя Доп.офис №8585/019 ПАО Сбербанк
  • Кор\счет банка 30101810907020000615
  • БИК банка 040702615
  • Счет получателя 40817810060318578379
  • ФИО получателя Охтов Александр Джамурзович
  • Реквизиты банка для валютных переводов
  • SWIFT-code SABRRUMMSPI
  • Наименование банка Доп.офис №8585/019 ПАО Сбербанк
  • Место нахождения банка РФ, КЧР, Черкесск, пр. Ленина, 53
  • Счет получателя 40817810060318578379
  • ФИО получателя Охтов Александр Джамурзович
  •  
  • ГушыIэхэр
  • Дзэ дохутырым и сурэт
  • Дзэ уз нэхъ Iей щыIэ?! Зи дзэ мыузам ар сыткIэ къыгурыбгъэIуэн?! Ауэ Мухьэжид нэхърэ нэхъыфIу ар къызыгурыIуэ къуажэм дэсу къыщIэкIынутэкъым. Мухьэжид и дзэр узырейт. Жэщ-махуэ иIэтэкъым, зэуэзэпсэу къыхэлъадэрт. ЩIымахуэу псым зыхидзауэ жаIэж абы, и щхьэр дзэ узым щIригъэхьэу. Сыт иримыщIэми, увыIэртэкъым, ауэ дохутырым и деж зэрынэсу и дзэ узыр хэкIыжырт.
  • Зы махуэ гуэрым я гъунэгъу Хьэжбарэ къекIуэкIри, Мухьэжид сурэт гуэр къыхуишиящ: «Мэ, мыр дзэ дохутырым и сурэтщ. Уи гуфIакIэм дэлъхьи, къыздехьэкI», — жиIэри.
  •  
  • Зэромызэгъыр плъагъуркъэ?
  • ШейтIаныр къэкIухьакIуэ щыIауэ кхъэмкIэ къыздыблэкIыжым, маплъэри, зы щIалэжь, сын гуэрым ешэкIарэ и нэпсыр къелъэлъэхыу елъагъу. Ар игъэшынэн мурад иIэу бгъэдохьэри, зы тутын иригъэфэну йолъэIу. АрщхьэкIэ, щIалэжьым, бгъэдыхьа шейтIаныр къримыдзэххэу, и жып кърехри, тутын къыхуеший. ШейтIаныр абы иризэгуоп, и Iэпкълъэпкъым щыщ Iыхьэ гуэр гуегъэхури, аргуэру бгъэдохьэ, тутын къызэт жеIэри. Кърет — икIи къридзэркъым.
  • Апхуэдэу зыбжанэрэ тригъэзащ, ауэ щIалэр хуэгъэшынакъым. И Iэпкълъэпкъым щыщ кIэригъэхуурэ и щхьэм фIэкIа къэмынэжауэ щыбгъэдыхьэм, щIалэжьыр шейтIаным къыщIэгубжьащ:
  • — Уа, сэ мы тутыным сыщысхьыркъым, ауэ зэромызэгъыр плъагъуркъэ?..
  • Думэн  Мурадин.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу:5. Псы ежэхым и адрей лъэныкъуэр. 6. «Щауэ …» — КъардэнгъущI Зырамыку, ПащIэ Ленэ икIи нэгъуэщIхэм ягъэзащIэ адыгэ уэрэдыжь. 7. Зауэм щыхагъэщIа бийм и мылъкуу, и Iэщэ-фащэу текIуахэм къаIэщIыхьар. 8. ЩэкI Iув пхъашэ. 10. … техьэ тенэркъым. 12. Зыгуэрым и зэхуэдитI. 14. Лъэс гъуэгу цIыкIу. 17. А псэущхьэм и щIэжьейм зы жэщ-махуэм шэ литр 200 иреф. 18. Джэдкъаз. 19. Мывэ блын задэу дэкIуей бгы. 22. ЦIыхум зэреIэзэ хьэпщхупщ, хьэмбылум ещхьу. 25. ЩIалэ цIыкIу еIуящIэхэм цIыху зекIуапIэм … къутахуэ тракъухьащ. 26. Пщащэ тхьэIухудым щIалэщIэхэр … къищIащ. 28. Дзэ къулыкъум дэкI и къуэрылъхум дадэр йоущие: «ЛIы хуэдэлIу щыт, … жегъэIэ!» 29. IэмыкIуэлъэмыкIуэ. 31. Гъавэ куэду щащIэ щIыпIэшхуэ. 32. Профсоюз лэжьакIуэ, уэрэджыIакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артисткэ. 33. ЩтаучкIэ ягъауэ пасэрей фоч. 36. Купкъ зэрылъ пхъэщхьэмыщхьэ. 38. Езыр-езыру къыщIэж псы. 39. Нанэм бжьын … зыкъом ищIри, бэзэрым ихьащ, ищэну.
  • Къехыу:1. Iэпкълъэпкъ зэкIуж зиIэ щIалэ бжьыфIэ. 2. ЛIы ефам и … макъым фызыр нэху щыху игъэжеякъым. 3. Район, псыежэх, къалэ. 4. Мынэхъыжь икIи мынэхъыщIэ. 7. Узыдэмыхьэ … лы дэзщ. 9. Макъамэм хуэщIа Iэмэпсымэ. 10. Дыгъужьым и унэ. 11. Жыг къэтIэпIам и нэщэнэ. 13. КIыщокъуэ Алим и роман «Нал …» 15. Пасэрей зауэлI джанэ, гъущI хъаркIэ зэIущауэ. 16. Къэлэрым зэреджэ нэгъуэщIыцIэ. 20. … джэлам ущIэмынакIэ. 21. Уэшх къемышхыу зэман кIыхь щыдих лъэхъэнэ. 23. ЩыщIыIэм, щыуэлбанэм цIыхухъухэм ар я щхьэм фIапхъуэу, я пщэм кърашэкIыу щытащ. 24. Колхоз тхьэмадэу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 26. … и губжьыр кхъуэм щехьэ. 27. ХадэхэкI. 30. Адыгэ таурыхъхэм зэрыхэтымкIэ, цIыхубз бзаджэ. 31. Iэщ пIащэ: къэгубжьауэ зыпэщIумыгъахуэмэ нэхъыфIщ. 34. Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэм и дахагъэр … зимыIэ хъугъуэфIыгъуэщ. 35. Ди къэралым щыIэ псыежэххэм я нэхъ кIыхь дыдэр. 36. Адыгэ композитор Iэзэу щыта. 37. МафIэс ин.
  • Зэхэзылъхьар   Мыз  Ахьмэдщ.
  • ФокIадэм и 7-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  •  ЕкIуэкIыу: 1. Бу. 5. Ду. 7. Щхьэхынэ. 8. Дадэ. 9. Къру. 10. Сауд. 13. Шухьэ. 14. Журт. 17. Жыр. 18. Выбжьэ. 19. Щыщ. 21. Нып. 23. Хьэпс. 25. Мэкъу. 27. ЖьакIуэ. 28. Анэл. 31. Уэшх. 33. Шэд. 34. Берд. 35. Мыдрисэ. 36. Вы. 37. Кхъужь.
  • Къехыу:1. Бжьэдыгъу. 2. Iущхьэ. 3. Шхара. 4. Хьэпс. 6. Уэрдыхъу. 11. Тхьэв. 12. Духьэ. 13. Шыр. 15. Тощ. 16. Абрэдж. 17. Жин. 20. Щыкъу. 22. Пыжь. 23. ЩакIуэ. 24. Сонэ. 25. Мэл. 26. Хрущёв. 29. Шэдыбжь. 30. Хьэкъурт. 32. Хамэ. 34. Бжэгъу.