Метр 3850-рэ зилъагагъым тету
2019-09-03
- Метр 3850-рэ зи лъагагъ къуршым тращIыхьа «Iуащхьэмахуэ игу» егъэзыпIэр Урысейм и ХъумапIэ банкым и лэжьакIуэхэм пащIащ эквайринг Iуэхутхьэбзэм.
- Апхуэдэ лъагапIэм щыIэу Iуэхутхьэбзэхэм я уасэр банкым и клиентхэм ахъшэ зэIэпамыхыу щатыфыр япэущ. Ди республикэм туризмэм зыщегъэужьынымкIэ а проектым дунейпсо мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ «Iуащхьэмахуэ игу» къурш егъэзыпIэм нэгъуэщI къэралхэм къикIа туристхэр куэду къыщызэтоувыIэ. Иджы абыхэм Iэмал яIэнущ къыхуащIа Iуэхутхьэбзэхэм я уасэр тыншу абдежым щатыну, нэгъуэщI щIыпIэхэм ахъшэ ирагъэхьыну е кърагъэхыну. Ар туристхэм ягу ирихьакIэщ.
- «Ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ лэжьыгъэр къызэдгъэпэщыну, къуршхэм зыщагъэпсэхуну Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуахэм я нэгу зрагъэужьыным къыдэкIуэу, ахъшэ зэIэпых хэмылъу щыхуей щIыпIэм икIи зэманым и деж шынагъуэншэу икIи псынщIэу Iуэхутхьэбзэхэм я уасэр тыншу ятыныр», — къыхигъэщащ Урысейм и ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Урысбий Хьэмидбий.
- Хьэтау Ислъам.