Зэныбжьэгъу-зэлэжьэгъухэр
2019-08-31
- Мы сурэтым щыфлъагъу зэныбжьэгъуитIым — ТIыхъужь Алийрэ Кучуков Магомедрэ — я къекIуэкIыкIар куэдкIэ зэтохуэ. НыбжькIэ зэрагъэхь зэрыщымыIэм и закъуэу къыщIэкIынукъым а тIур гъащIэм щIызэришэлIар, я хьэл-щэнкIи зэтехуэрт ахэр — цIыху нэфIэгуфIэт, гъащIэр фIыуэ зылъагъут.
- Луначарскэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт Театральнэ институтым 1935 гъэм япэу ягъэкIуахэм яхэтащ Алийрэ Магомедрэ икIи къыхаха IэщIагъэм и щэхухэм дихьэхыу хуеджащ — зыр адыгэ гупым, адрейр балъкъэр гупым щIэсащ.
- 1940 гъэм къагъэзэжри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал драмэ театрым лэжьэн щыщIадзащ. Хэку зауэшхуэр къэхъейри, тIури хахуэу щызэуащ абы и фронтхэм. Алий Москва, Сталинград, Курск деж щекIуэкIа зауэшхуэхэм хэтащ, плIэнейрэ уIэгъэ хьэлъэ хъуащ. Ар ТекIуэныгъэ Иным Польшэм и щыхьэр Варшавэ щыIущIащ. Магомеди щэнейрэ уIэгъэ хъуащ, иужьрей зауэхэу Берлин, Прагэ къалэхэм щекIуэкIахэми хэтащ. Къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэхэм я нагъыщэу дамыгъэ лъапIэ куэд къыхуагъэфэщащ абыхэм.
- Балъкъэрхэм хэкум къагъэзэжа нэужь ахэр театрым щызэхуэзэжри, я лъэпкъ щэнхабзэхэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIу илъэс куэдкIэ утыкум итащ а цIыху щэджащэхэр. Алийрэ Магомедрэ я лэжьыгъэфIхэм папщIэ къэрал гулъытэ мызэ-мытIэу къыхуащIащ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист цIэри тIуми къыхуагъэфэщащ. Ахэр ящыщщ зи творчествэр театреплъхэм нэхъ гунэс ящыхъуу щытахэм. А цIыхубэм я лъагъуныгъэрщ абыхэм фIыгъуэ нэхъыщхьэу къалъытэу щытари.