ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Топилин  Максим:Социальнэ контрактымкIэ программэм ипкъ иткIэ КъБР-м кърат ахъшэм къыхущIагъу

2019-08-06

  • Къэралым и щIыналъэ зыбжанэм, абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэту, социальнэ контрактымкIэ проектым теухуауэ ирагъэкIуэкI гъэунэхуныгъэр тэмэму ягъэзэщIэн папщIэ, федеральнэ бюджетым и ахъшэ къыхуаутIыпщынущ. Апхуэдэу жиIащ Урысейм лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Топилин Максим. Зэрыщыту программэм трагъэкIуэдэн папщIэ къэралым сом меларди 7 хухех.

  • — Ар апхуэдэу ахъшэшхуэкъым икIи гъэунэхуныгъэхэр щрагъэкIуэкI щIыналъэхэм щыIэ гугъуехь псори дигъэкIынукъым, ауэ 2020 гъэм тещIыхьауэ зэраубзыхуам хуэдэу зыубгъуауэ социальнэ контрактхэр япэкIэ зэи Урысейм щагъэзэщIакъым, — жиIащ министрым. – ЦIыхухэмрэ къэралымрэ контракт зэращIылIэ унагъуэр зэрыхуа щытыкIэ гугъум къишыным хуэгъэзауэ. Унагъуэм къалэн пыухыкIахэр и пщэ делъхьэжри, ахэр гъэзэщIэнымкIэ къэралыр абы доIэпыкъу. Къапщтэмэ, унагъуэм къалэн зыщещIыж и щIапIэр зэрызэрихьэр иригъэфIэкIуэну, бизнес IуэхущIапIэ мыин къызэIуихыну, е унагъуэм исхэм языхэзым IэщIагъэ пыухыкIа зригъэгъуэту лэжьапIэ увыну. Мис апхуэдэ Iуэхухэм япэкIуэущ унагъуэм ахъшэ зэрыратынур.
  • Псалъэм папщIэ, хьэрычэт Iуэхум хыхьагъащIэхэм ящыщу нэхъ хуэмыщIахэм мы программэм ипкъ иткIэ КъБР-м щадоIэпыкъу.
  • Мы проектыр КъБР-м къыдэкIуэу щагъэзащIэ Алтайскэ, Приморскэ, Пермь крайхэм, Тыва Республикэм, Коми Республикэм, Тэтэрстан Республикэм, Новгородскэ, Курганскэ, Ивановскэ, Новгород Ищхъэрэ, Липецкэ, Томскэ областхэм.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.