ЦIыхугъэ, лIыгъэ, хахуагъэ
2019-08-06
- Лъэпкъыбэу зэхэт ди къэралым и тхыдэм куэду хэтщ, къытебгъэзэж пэтми, нэсу джа мыхъу, къэкIуэну щIэблэхэми къахутэну зыхунэсын къэхъукъащIэхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм и шыщхьэуIу мазэм илъэси 105-рэ ирикъу Кавказ шууей дивизэр. Тхыдэджхэм зэратхымкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щыпсэу лъэпкъхэм я лIыкIуэхэмкIэ къызэгъэпэща хъуа а дивизэр урысеидзэр зэрызэхэт Iыхьэхэм я нэхъ хахуэт, лIыгъэшхуэрэ быдагъэрэ щытепщэт, дзыхь нэхъ зыхуэпщI хъуну частхэм ящыщт. «Емылыдж», «Iэл» («дикая») псалъэхэр дэщIыгъуу фIэкIа нэхъыбэм къамыпсэлъ а дивизэм, зэрыщыIа илъэсищым къриубыдэу, къыхэкIакъым гугъуехьхэм къапикIуэту кIуэрыкIуэсэж хъуаи тхьэрыIуэ зыхуащIа къэралым епцIыжаи. Дивизэм и Къэбэрдей шууей полкым хэта зауэлI хахуэхэм ящыщщ Щхьэлыкъуэ щыпсэуа Къардэн Джэрий Мэзан и къуэр.
-
Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1914 — 1918 гъэхэм екIуэкIа Япэ дунейпсо зауэр къызэрыхъеямкIэ хъыбар къэIуа нэужь, Налшык округым а лъэхъэнэм и унафэщIу щыта подполковник Къылышбий СулътIанбэч шууейхэр щIыналъэм щызэбгригъэкIащ, цIыхубэм хъыбар гуауэр ирагъащIэу, жылэхэм я нэхъыжьыфIхэр Налшык дэта реальнэ училищэм (иджы КъБКъУ-м и медицинэ факультетым и унэм) и пщIантIэм къыщызэрагъэпэщ зэхуэсышхуэм кърашэлIэну я пщэрылъу. Захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ я телъхьэ, хахуагъэрэ лIыгъэкIэ зыри япэ изымыгъэщ ди лъахэгъухэр зылI и быну щызэхуэсащ утыкушхуэм икIи унафэ къащтащ шууей щиплI хъу Къэбэрдей полк къызэрагъэпэщу зауэм Iуагъэхьэну.
- А унафэр цIыхубэм щIэх дыдэу лъагъэIэсыжащ. Щхьэлыкъуэдэсхэм я нэхъ щIалэ жанхэу, Iэчлъэчхэу куэд къэуващ фронтым кIуэну гукъыдэж яIэу. Хьэблэ къэс къыдэкIырт щIалэ зыщыплI, зытхух. Абыхэм яхэплъыхьыжырт Iуэхум къыхузэрагъэпэща комиссэ щхьэхуэри, зауэ IэнатIэм Iухьэ хъуну къалъытэхэр ягъэбелджылырт. Апхуэдэхэм яхэхуат къуажапщэ хьэблэхэм ящыщ зым зэгъунэгъуу щыпсэу Къардэн Джэрийрэ (дэфтэркIэ Сыхьэт-Джэрий) Мудрэн ТIыкъымрэ (дэфтэркIэ Мухьэмэд). ЩIалэхэр зыщыщ лъэпкъхэм, гъунэгъухэм зыхуей-зыхуэфI псомкIи къызэрагъэпэщат, пщIэшхуэ хуащIу. Шы екIу зэрытесым нэмыщI, абыхэм япщIыхэлът сэшхуэ, сампIэм илъыжу, я шырыкъу лъапщэми къамэ дэIуат. Адыгэ щIалэ хахуэхэр хьэзырт анэнэпIэсу къахущыт къэралыр къэзылъхуа анэм хуагъадэу бийм щахъумэну.
-
Зэман кIэщIым къриубыдэу зи бжыгъэр ирикъуа Къэбэрдей полкым и хъыбарыр псынщIэу щызэбгрыкIащ Кавказ щIыналъэм. Ар щапхъэ яхуэхъури, апхуэдэ полкхэр щIэх дыдэу къыщызэрагъэпэщащ Шэшэнми, Дагъыстэнми, Ингушми, нэгъуэщI щIыпIэхэми. Къэбэрдей полкыр зауэ хуэIухуэщIэхэм мазиплIым щIигъукIэ КъалэкIыхьым щыхуагъэхьэзыращ. Лъэпкъыдзэхэр зы дивизэу зэхагъэхьа нэужь, 1914 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм КъухьэпIэ Украинэм и Ипщэ-КъухьэпIэ фронтым зауэм щыIухьащ. Абы щызэуа нэужь, дивизэр Румынием ядзащ. ЯIыгъ Iэщэхэм нэмыщI, зауэлIхэм иратауэ щытащ фокIэщIхэмрэ (шууейхэм) кIэрахъуэхэмрэ (гупхэм я пашэхэм). Тхыдэ дэфтэрхэми ущызрихьэлIэ а Iуэхугъуэхэм епха хъыбархэр и бынхэм, къуэрылъху нэхъыжьхэу ФатIимэтрэ Еленэрэ иужькIэ куэдрэ яхуиIуэтэжащ Джэрий.
- Абы жиIэжу зэрыщытамкIэ, Кавказ дивизиер зэрыщыту япэщIыкIэ и IэмыщIэ илъащ Урысей пащтыхьышхуэм и къуэш, генерал-майор Романов Михаил, иужькIэ Половцев Пётр и унафэм щIэтащ. Къэбэрдей полкым и пашэт Романовым и адъютант полковник Воронцов-Дашков Илларион.
-
Апхуэдэ дзэпщхэр зи пашэ бгырысхэр биидзэм пэщIэтащ, къикIуэт ямыщIэу. Зэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ, ди щIалэхэм ящыщу 500-м щIигъум хуагъэфэщауэ щытащ «Георгий и жор», «Георгий и цIэр зезыхьэ медаль» къэрал дамыгъэ лъапIэхэр. Апхуэдэ пщIэ лъагэ къэралым зыхуигъэфэщахэм ящыщащ Къардэн Джэрий. Румынием и КъуэкIыпIэ Карпаты бгыхэм щекIуэкI зэзауэхэм хэту, тIасхъэщIэх Къардэн Джэрийрэ абы и ныбжьэгъу зауэлIхэмрэ бийм къатригъэлъалъэ шэ пщтырым пхыкIри, урысыдзэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ хъыбархэр къахьащ. Абыхэм я фIыгъэкIэ лъэсыдзэм нэмыцэ зауэлIхэр иригъэкIуэтыфащ икIи Ломницэ псым зэпрыкIри абдеж зыщигъэбыдауэ щытащ. Къэрал дэфтэр хъумапIэм щIэлъ тхылъхэр щыхьэт тохъуэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. Ахэр къигъуэтыжащ Джэрий и къуэрылъху Еленэ.
- — Дадэ Георгий и жорыр къызэрыратам и хъыбарыр зыщIэр ФатIимэтт. Абы жиIахэм сригъуазэурэ, сэ ди архивхэм къыщызгъуэтыжащ а къэрал дамыгъэ лъапIэр ди адэшхуэм иратыну щагъэлъагъуэ дэфтэрыр. Абы зэпкърыхауэ къыщыIуэтащ дадэ зыхэта Къэбэрдей шууей полкым и шууищэ гупхэм ящыщу лIыгъэшхуэ къызыкъуэкIа щIалэхэм я цIэхэр, унэцIэхэр. Новицэ, Бабино къуажэхэм, Калуш къалэм я Iэшэлъашэхэм 1917 гъэм бадзэуэгъуэм и пэщIэдзэхэм щекIуэкIа зэзауэхэм хэтахэм ящыщу зауэлI 30-м нэсым хахуагъэ ин зэрахьащ. Апхуэдэу псэемыблэжу къэрал щхьэхуитыныгъэм щIэзэуахэу Георгий и жорыр 1917 гъэм зыхуагъэфэщахэм яхэтщ ди адэшхуэри абы и гъусэу зауэм дэкIа Мудрэнхэ я щIалэри.
- — Ди адэшхуэр Япэ дунейпсо зауэм зэрыхэтам теухуа хъыбар куэд къызжиIэжауэ щытащ сыщыцIыкIум. КъикIуэт зымыщIэ, лIыгъэ зыхэлъ а адыгэлIым фIэлIыкI жылэм щиIащ зауэм къикIыжа нэужьи, — Еленэ и псалъэхэм пещэ ФатIимэт. — Георгий и жорыр къыхуагъэфэщами, дадэ ар къыIихакъым: муслъымэн дин къабзэр зезыхьэ дадэ чыристан жор зэрихьэну хуеякъым. Ар фронтым щыкIуэм, ита тхьэрыIуэри и Iэр КъурIэн лъапIэм телъу жиIат.
- ФатIимэт зэрыжиIэжымкIэ, Джэрийрэ абы и ныбжьэгъу Мудрэн ТIыкъымрэ псэухукIэ къуэш пэлъытэу дунейм зэдытетащ. ТIыкъым куэдрэ жиIэжырт езыр уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ дадэ и щIыбым илъу зэуапIэ губгъуэм кърихыжауэ зэрыщытар. ТIыкъым яхэтат Джэрий нысащIэ къыщихьми. Абы гу зыхуищIа Цацу (ар Къарэлъашэхэ япхъут) зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ хъыджэбз дахэу щытауэ жаIэжырт. Зи дахэгъуэ щIалэ Iэчлъэчу зауэм къикIыжати, хъыджэбзхэр къеплъырт, арщхьэкIэ езым и псэм щигъафIэр Къарэлъашэхэ я хъыджэбз гуакIуэрат. И адэри, и дэлъхухэри занщIэу къакIэлъымыпхъэрын щхьэкIэ, Цацу ирахьэжьат нэмэз щIыгъуэм ирырагъэхьэлIэри. Зыхьри здахьри зымыщIэ пщащэр псым адрыщIкIэ зэпрахын хуейт, псыр уэру къиуати, шынагъуэ щыIэт зыгуэр ирихьэхынкIэ. Абы игъэгужьея Джэрий абдеж къыжьэдэхуауэ жаIэ: «Си псэм и хъуахуэ пщащэр псым евмыгъэхь, маржэ!» А хъыбарыр Джэрий гушыIэу къыщиIуэтэжкIэ, Цацу-нани дыхьэшхыурэ дыщIигъурт: «Тхьэ, абдежырам сызыхуахьыр хэтми къыщысщIар».
-
- Зауэм узыншэу къикIыжа Джэрий апхуэдэ щIыкIэкIэ унагъуэ хъуащ. ПщIэрэ нэмысрэ зэрылъ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэу унагъуэм къащIэхъуащ щIалищ: Хьэсэн, Хъусен, Уэсмэн. ФатIимэт зэрыжиIэмкIэ, нанэм и гугъу ищIырт пасэу яфIэкIуэдыжа зы хъыджэбз цIыкIуми, абы теухуа гуауэ и гум зэрилъыр наIуэу.
- Быным я нэхъыжь Хьэсэн балигъ хъууэ унагъуэ ищIа нэужь, ди щIыпIэм куэдрэ щыпсэуакъым. Зыкъомрэ Магнитогорск щыIа нэужь, хэкум къигъэзэжри Iыхьлыхэм яхэсыжащ. БынитI иIащ: ипхъу Гуащэ (и ахърэтыр нэху ухъу) фельдшеру щылэжьащ Щхьэлыкъуэ дэт амбулаторэм, Александр и IэщIагъэкIэ инженерщ. Хьэсэн Хэку зауэшхуэм хэтащ, лIыгъэрэ хахуагъэрэ хэлъу. Ар зауэм къыщикIыжам и бгъэгум щылыдырт «Вагъуэ Плъыжь» орденыр, «Германием дызэрытекIуам папщIэ» медалыр, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэри. Хабзэ хъуауэ, ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэм ирихьэлIэу иужьрей илъэсхэм къызэрагъэпэщ «Полк уахътыншэм» хэтщ Хьэсэн и къуэрылъху-пхъурылъхухэр, я адэшхуэ лIыхъужьым и сурэтыр лъагэу яIыгъыу, абы зэрихьа лIыгъэхэм иригушхуэу.
- Зэкъуэшхэм я етIуанэ Хъусен щIалэ жыджэру, жылэм щызэхэт комсомол зэгухьэныгъэм и секретару щытащ. Курыт школыр фIы дыдэу къиуха нэужь, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтын мурадкIэ Ростов щеджащ. Унагъуэ дахи иухуащ Хъусен. Абырэ и щхьэгъусэ Нурэрэ (ар Iэпщэхэ япхъут) щIалитIрэ хъыджэбзитIрэ зэдагъуэтащ, гъащIэм лъэ быдэкIэ хагъэуващ. ФатIимэт УФ-м и Пенсэ фондым КъБР-м щиIэ IэнатIэм и къудамэм и унафэщIщ. Мухьэмэд (и ахърэтыр нэху ухъу) щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэдэлъа IэщIагъэлIт. Аращ къызэзыгъэпэщар «Къэбэрдей-Балъкъэрым Сертификацэмрэ фIагъымкIэ и центр» ООО-р. Мухьэмэд зи лъабжьэ игъэтIылъа Iуэхум пещэ абы и щхьэгъусэ Таисэ. Хъусенрэ Нурэрэ я бын ещанэ Люсенэ КъБР-м и Пенсэ фондым Дзэлыкъуэ щIыналъэм щиIэ къудамэм и пашэщ. Быным я нэхъыщIэ Ахьмэд хьэрычэтыщIэщ.
- Джэрийрэ Цацурэ я къуэ нэхъыщIэ Къардэн Уэсмэн езым и закъуэ тхыгъэ щхьэхуэ зыхуэфащэ цIыхущ. Ар медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, ди республикэм щыцIэрыIуэ хирург Iэзэщ. Илъэс куэдкIэ щылэжьащ Налшык дэт къалэ сымаджэщым, КъБКъУ-м и медицинэ факультетым хирургиемкIэ и кафедрэм щригъэджащ. Уэсмэн и щхьэгъусэ Жансурэти (ар Гузеевхэ япхъущ) и IэщIагъэкIэ медицинэ лэжьакIуэщ. Дохутыр унагъуэм щыщ нэхъыжьхэм я лъэужьым ирикIуащ я бынхэм, абыхэм къащIэхъуа щIэблэхэм ящыщ куэд. Зэщхьэгъусэхэм я хъыджэбзхэу Еленэрэ Ларисэрэ (ар медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ) академик Фёдоровым и цIэр зезыхьэ «ЛЕНАР» клиникэр къызэзыгъэпэщахэм, зыгъэлажьэхэм ящыщщ. Псыхуабэ, Налшык къалэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм зыщаубгъуащ «ЛЕНАР»-м и къудамэхэм. Ларисэ клиникэм и дохутыр нэхъыщхьэщ. Зэшыпхъухэм я дэлъху закъуэ Аслъэн хьэрычэтыщIэщ. Уэсмэнрэ Жансурэтрэ я лъагъуэм ирокIуэ я къуэрылъху-пхъурылъхухэм ящыщхэри. Дохутырщ я IэщIагъэкIэ абыхэм я нысэ закъуэри я малъхъэри.
- Апхуэдэ щIэблэ дахэ къыщIэхъуащ Япэ дунейпсо зауэм лIыхъужьу хэта, къэралым и щхьэхуитыныгъэм щIэбэна, къыщалъхуа жылэм пщIэшхуэ щызиIэу дэса, и напэрэ и пщIэрэ емыпцIыжу гъащIэр езыхьэкIа Къардэн Джэрий Мэзан и къуэм. ЦIыхугъэр, лIыгъэр, хабзэр зыгъэнэхъапэу псэуа адыгэлI нэсым и фэеплъ нэхур яхъумэ абы иужь къихъуахэм. Къардэнхэ я лъэпкъыр зэрыгушхуэ, нэхъыжьыфI Уэсмэни, абы и жьауэм щIэт нэхъыщIэхэми дохъуэхъу хэкум, я лъэпкъым и цIэр фIыкIэ зыгъэIун цIыху куэд иджыри къахэкIыну, гъащIэм хуаIэ мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ къайхъулIэну, япэ итахэм я дуней тетыкIа екIур щапхъэ зыхуащIыфын щIэблэ къащIэувэну.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.