Сыту пIэрэ цIыхугъэм и шхэпсыр?
2019-08-01
- Адэжь лъапсэм къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр япэ дыдэу щагъэлъэпIар 1998 гъэращ. Абы щыгъуэщ Косовэ къыщыхъея зауэм къыхашыжа ди лъэпкъэгъухэм ящыщу зы гупышхуэ ди къуэш Адыгэ Республикэм къыщихьэжауэ щытар. Мейкъуапэ километри 4-кIэ пэжыжьэ щIыпIэм деж, къэIэпхъуэжахэм папщIэ, Махуэхьэблэ зыфIаща къуажэ цIыкIу къыщызэрагъэпэщат, а щIыналъэм и Iэтащхьэу а лъэхъэнэм щыта Джарым Аслъэн и жэрдэмкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм а махуэм гулъытэ хэIэтыкIа хуащIын щыщIадзар 2010 гъэм къыщегъэжьауэщ.
- Хэкум къэзыгъэзэжам и махуэм и пэ къихуэу дэ зыхуэдгъэзащ «Шэрджэс ренессанс» («Черкесский ренессанс») жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт, адэжь щIыналъэр псэупIэ зыхуэхъужа ди лъэпкъэгъухэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэрызэгъэпэщам щIэх-щIэхыурэ щIэупщIэ икIи ахэр зыдэтIысхьэжа къуажэхэм кIуэрей Къарэ Ратмир.
- — Ратмир, нэгъуэщI къэралхэм къикIыжу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэзыгъэзэжа адыгэхэм, иужьрей махуэхэр къэтщтэнщи, гъэщIэгъуэн тщыхъуну, къайхъулIа IуэхугъуэфIхэм ящыщ зыбжанэм укъытхутепсэлъыхьамэ ди гуапэ хъунт.
- — МахуитI ипэкIэ нысашэ гукъинэж екIуэкIащ. Сирием къикIыжахэм ящыщу Цейхэ Iэниуаррэ Сыхъуэрэ я зы щIалэм, Тамбий Хьэкъулхэ япхъу Заретэ кърагъэшащ. Цейхэ Александровскэ станицэм дэсщ. Къыхэдгъэщыну дызыхуейр аращи, я щIалэм щхьэгъусэ хуэхъуар къэбэрдей пщащэщ, Нартан къуажэм щыщщ. ЖыпIэнур арамэ, ар гуфIэгъуэшхуэщ: Хэкум къихьэжамрэ мыбы щыщ хъыджэбзымрэ зэрызэрыгъуэтар.
- — Iэниуаррэ Сыхъуэрэ ябгъэдэсыр а зы къуэра?
- – НтIэ. А тIур быныфIэми, я гъусэу Хэкум къихьэжар а зыращ. Адрейхэр, хэти (пхъухэр) унагъуэ ихьащ, хэти нэгъуэщI къэралхэм лэжьапIэлъыхъуэ кIуащ. Сирием къикIыжахэм ящыщу а зы унагъуэр Александровскэ станицэм дэтIысхьати, жыпIэнур арамэ, гугъу щехьащ. Сытми, а унагъуэр къызэрыIэпхъуэжрэ а къуажэм дэсурэ, лажьэ-пщIантIэми, мылъку тIэкIу зэрагъэпэщати, я къуэм иджы кърагъэшауэ аращ. Къыхэгъэщыпхъэщ Хэкум ис адыгэхэм ящыщхэри а унагъуэм зэрадэIэпыкъуар. Псалъэм папщIэ, я хадэм щыхащIэну жыгыщIэ цIыкIухэр, зэрыIэбэну Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщIхэри къыхуащэхуащ. Апхуэдэу къекIуэкIыурэ, я къуэ Тамбий къишэн хуей щыхъуми, зыщIагъэкъуащ.
-
— Ратмир, Цейхэ нэмыщI, Сирием къиIэпхъукIыжахэм нэгъуэщI гуэрхэри яхэту пIэрэ Хэкужьым унагъуэ щызэрагъэпэщауэ?
- — НтIэ. Псалъэм папщIэ, ищхьэкIэ зи гугъу тщIам ипэ къихуэу, нэгъуэщI апхуэдэ гуфIэгъуи дыхэтащ. Хэкум къихьэжахэм ящыщ ныбжьыщIитIыр (тIури студентщ) ди щIыналъэм щызэхуэзэри, унагъуэ щыхъуащ. ЩIалэр Хьэмыкъуэхэ ящыщщ, и цIэр Анзорщ, нысащIэр Джэшхэ япхъущ, и цIэр Риммэщ. ЖыпIэнур арамэ, мы тIум я нысашэ джэгури апхуэдизу дахэу, Адыгэ Хабзэм тету, хъуэхъу екIухэр щыжаIэу, ирагъэкIуэкIащ, къафэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щагъэлъэгъуащи, дымыгъэщIэгъуэн тлъэкIатэкъым.
- — Хэкужьым къызэрихьэжрэ бын зыгъуэтахэр яхэт къэIэпхъуэжахэм, Ратмир?
- — Яхэтщ. Зымахуэ нэгъуэщI Iуэху телъыджи дыхэтащ. Благовещенскэ къуажэм дэс СтIащхэ Тозэр и унагъуэм сабий еханэ къихъуащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, зэщхьэгъуситIым я щIэблэм щыщу щыр Хэкужьым къыщалъхуащ. Къуэ нэхъыжьхэм я зыр автомобиль-гъуэгу колледжым мы гъэм щIэтIысхьащ. А щIалэр дыгъуасэ си деж, гуфIэжурэ, къэпсэлъащ, «сыщIэхуащ сызыщIэхъуэпса еджапIэм» жиIэри.
- — КъэIэпхъуэжахэм ящыщу мы зэманым Благовещенскэ унагъуэ дапщэ дэс?
- — ТIощIым нызэрохьэс.
- — Сыт ахэр зыхэпсэукIыр, зэлэжьыр?
- — Я хадэм къыщыкIым, я лъапсэм щагъэхъу джэдкъазым, мэлым, Iэщым. Мис, псалъэм папщIэ, зи гугъу сщIы СтIащ Тозер и унагъуэм жэм яIэщи, исхэр шэ, шху, шатэ хуэдэхэм щыщIэркъым. Адрей лъапсэхэм я нэхъыбапIэм помидор, нащэ хуэдэ хадэхэкIхэр къагъэхъуу аращ.
- — Дапщэ ди республикэм мы лъэхъэнэм щыпсэур нэгъуэщI къэралхэм къиIэпхъукIыжа адыгэхэм ящыщу?
- — Я бжыгъэкIэ миным нызэрохьэс. Мыри къыхэзгъэщынут. Зи Хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм иредгъэхьэлIэу, апхуэдэхэм илъэс къэс зыгуэркIэ дахуэупсэрт, ахъшэ гуэрхэр зэхуэтхьэсауэ диIэти. Мы гъэм, тIэкIу нэхъ дыхуэмыщIауэ дрихьэлIати, дыгузавэрт, «ярэби, мы махуэм яхуэтщI хабзэ ди гулъытэм ахэр щыдгъэщIэну пIэрэ?» жытIэу. АрщхьэкIэ, Тхьэм и фIыщIэкIэ, мы илъэсми къыкъуэкIащ псапэ зыпылъ а Iуэхум зи мылъкум щыщ хухэзыха цIыху гуапэ. Ар «Жако» компаниер зыгъэлажьэхэм ящыщ ЖьэкIэмыхъу Аслъэнбийщ. Абы IэфIыкIэ зэрылъ сэмбхэр тхуигъэхьэзыращи, ахэр дгуэшурэ, къэIэпхъуэжахэр зыдэс жылагъуэхэр къызэхэткIухьыну ди мурадщ.
-
— КъэIэпхъуэжахэм я щIэблэм яхэт зыхэхуа гъащIэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэхэр?
- — Благовещенскэ дэс Уэтейхэ Амир и унагъуэм щыщ щIалэ цIыкIум, Хьэзем, гъэщIэгъуэну шыкIэпшынэр егъэбзэрабзэ, езыр дежьуужурэ уэрэдыжьхэр жеIэ. Ар мы гъэм и мэкъуауэгъуэм ирагъэблэгъат Сочэ илъэс зыбжанэ хъуауэ щрагъэкIуэкI, «ЩхъуантIафэу зэтепщIыпщIэ псыIу» («Лазурный берег») зи фIэщыгъэ, макъамэмрэ гъуазджэмкIэ дунейпсо зэпеуэми, езым и ныбжьымрэ унэтIыныгъэу зыхэхуамкIэ ирагъэкIуэкIа зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ, абы ипкъ иткIи ды- щэ медаль къыхуагъэфэщащ.
- — Ратмир, а къэIэпхъуэжахэм ящыщу фызыдэIэпыкъухэм яхэт, «Дэр нэмыщI хуэмыщIауэ псэу щыIэхэщи, а тхузэвгъэпэщхэмкIэ абыхэм фахуэупсамэ мынэхъыфIу пIэрэт?» жызыIэ.
- — УпщIэр гъэщIэгъуэнми, зи чэзущ. Апхуэдэу, дэ иджыблагъэ дрихьэлIащ зи гугъу пщIам щыхьэт техъуэ зы Iуэхугъуэ. Сирием къикIыжахэм ящыщу Нарткъалэ дэс гуэрым (и цIэр къисIуэнкъым) унэлъащIэ папщIэу диван хуэтшати, «кхъыIэ, мыр сэ къызэвмыту, мо си гъунэгъум хуэфшэ!» къыджиIащ. «Сытым щхьэкIэ?» жытIэу, зыщыхуэдгъазэм, «ар сэр нэхърэ нэхъ хуэныкъуэщ» — къыдитыжат жэуап. Абы щыгъуэми, телъыджэр аращи, «гъунэгъу» зыхужиIэр Хэкужьым къихъукIахэм ящыщт. Арати, а къыдигъэлъэгъуам дыкIуэри, къыздетшэжьа диванри нэгъуэщI абы хуэдэ гуэрхэри еттащ. Аргуэру зы щапхъэ. НэщI мазэр екIуэкIыу, Крем-Константиновскэ къуажэм дыдыхьат. Абдежым Сирием къикIыжа щIалэ гуэр къыдбгъэдыхьэри къыдэлъэIуащ: «Мыбдежым тпэмыжыжьэу зы унагъуэ щопсэу, бынипщI яIэу. КхъыIэ, фхуэзэфIэкIыххэнумэ, абыхэми защIэвгъакъуэ!» жиIэри. Арати, зи гугъу ищIам дыIухьэу, я Iуэху зытетыр щызэдгъащIэм, Интернетми пыщIэныгъэ зыхудиIэ IуэхущIапIэхэми «джакIуэ яхэдгъэхьэри», ахъшэ зэхуэтхьэсащ икIи, къэIэпхъуэжахэм ящымыщу, Крем-Константиновскэ дэс а унагъуэм исхэм жэм къахуэтщэхуащ.
- НэгъуэщI къэралхэм къиIэпхъукIыжу Хэкужьым къэзыгъэзэжахэм защIэгъэкъуэнымрэ ядэIэпыкъунымкIэ IуэхуфI зылэжь жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм фIыщIэшхуэ яхуэфащэщ. Ар шэч къызытумыхьэнщ.
- Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.