ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Щхьэгуэш Адэлбий: Унафэ зыIэщIэлъ дэтхэнэ зыми къыгурыIуэн хуейщ ар зыхуэлажьэр  цIыхур зэрыарар

2019-08-01

  • УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат, «Урысей зэкъуэт» фракцэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Щхьэгуэш Адэлбий бадзэуэгъуэм и 30-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм щаIущIащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и УнафэщIым и цIыхубэ егъэблэгъапIэу Налшык щыIэм. Ар едэIуащ къыхуэкIуа цIыху 11-м я гуныкъуэгъуэхэм.

  • — Мыпхуэдэ зэIущIэхэм нэхъ наIуэ къащI законхэр щIыпIэхэм гъэзэщIа зэрыщыхъумрэ зэлэжьыжыпхъэхэмрэ. ЦIыхухэм зыкъызэрытхуагъазэ Iуэхухэр зэщхькъым, ауэ нэхъыбэм я гугъуехьыр зэпхар я псэукIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ дэIэпыкъуныгъэ зэрыхуэныкъуэрщ, лэжьыгъэ зэрамыгъуэтымрэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм зэрыпэмылъэщхэмрэщ, — жиIащ Щхьэгуэшым. — ФщIэж къыщIэкIынщ сэ зыбжанэрэ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и гупым я гъусэу Налшык и уэрамхэм ахэр зэрыщызекIуэм, зэрыблагъэкIым зыщызгъэгъуэзэну сыхэтащ. Мызэ-мытIэу зы гупсысэм дыхуэкIуащ: «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и машинэр блэзымыгъэкIым нэхъ ткIийуэ жэуап егъэхьыным хэплъэн хуейуэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ лъэпощхьэпо мыщIагъуэхэм я зэранкIэ куэдрэ къохъу цIыхур сымаджэщым нэмысу щылIэ. Илъэс зыбжанэкIэ а Iуэхум ди нэIэ тедгъэтащ икIи абы ехьэлIауэ уголовнэ жэуап зэрахьынум теухуа законыр пхыдгъэкIащ.
  • Щхьэгуэш Адэлбий жиIащ цIыхухэм зыкъызэрыхуагъазэм Iуэху нэхъ гугъухэри къызэрыхэкIыр, занщIэу и унафэ пхуэмыщIу. Ап-хуэдэм дежи депутатхэр хущIокъу цIыхум и Iуэхур щIэмыкIуатэм и щхьэусыгъуэр къыгурагъэIуэну.
  • — СызэреплъымкIэ, ди лэжьыгъэр ефIэкIуэныр иджыпсту псом хуэмыдэу зэлъытар къулыкъущIэхэращ, ахэр Iуэхум зэрыбгъэдыхьэрщ. Унафэ зыIэщIэлъ дэтхэнэ зыми нэсу къыгурыIуэн хуейщ ар зыхуэлажьэр цIыхур зэIузэпэщу игъэпсэуныр зэрыарар. Куэдрэ дахуозэ а зи гугъу сщIыр къызыфIэмыIуэху, гудзакъэ лъэпкъ ямыIэу IэнатIэм бгъэдэт унафэщIхэм. Абыи дыпэщIэтын хуейщ, — дыщIигъуащ депутатым.
  • Апхуэдэуи Щхьэгуэшым журналистхэм къажриIащ Къэрал Думэм бжьыхьэм къыщыхилъхьэну и мурад законопроектыр зытеухуар къауэ пкъыгъуэхэр IэрыщIу ягъэхьэзырыну хуимыту гъэбелджылын зэрыхуейр зэрыарар. «Терроризм щIэпхъаджагъэ нэхъ хьэлъэхэри иралэжьыф абыхэм, цIыху пщIы бжыгъэхэр хэкIуадэу. Ар къэтлъытэу, пкъыгъуэ къауэхэр IэрыщIу зыщIхэмрэ изыгъэкIхэмрэ жэуап ирагъэхьыр дгъэткIиин хуейуэ къызолъытэ. Жэрдэмыр Суд Нэхъыщхьэм къыддиIыгъащ», — пищащ депутатым.
  • Щхьэгуэш Адэлбий а махуэм зригъэцIыхуащ Жарашуев Хьэким. ЩIалэ цIыкIум и IитIыр пыткъым. Депутатым нэхъ ипэкIи унагъуэм защIигъэкъуащ операцэ зэращIыну ахъшэ зэхуэхьэсынымкIэ. Хьэким Москварэ Налшыкрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щоджэ. Щхьэгуэшым щIалэр къигъэгугъащ дяпэкIи сыт и лъэныкъуэкIи къыдэIэпыкъуну.
  • Май районым щыщ фермер Владимир Щхьэгуэшым елъэIуащ жыг хадэ щигъэкIыну къищта щIым и бэджэндыпщIэр нэхъ мащIэ хуащIынымкIэ закъыщIигъэкъуэну, арыншамэ, унагъуэр уасэм пэлъэщыркъым, зыкъаужьыфыркъым.
  • Налшык къалэм дэс Нафисэт депутатым зыхуигъэзащ дачэ къратыным хэлIыфIыхьыну. Бзылъхугъэм зэрыжиIамкIэ, щIапIэ зратын хуейхэм я чэзум абы и унагъуэр 1996 гъэ лъандэрэ хэтщ икIи нобэр къыздэсым я Iуэхур зэхагъэкIакъым. Щхьэгуэшым ар къигъэгугъащ и Iуэхухэм нэхъ тэмэму зыщигъэгъуазэу хузэфIэкIи къимыгъэнэну.
  • БАГЪЭТЫР Луизэ.