Адыгэ щIалэгъуалэм я зэхыхьэ
2019-08-01
- Мы махуэхэм Налшык щокIуэкI Урысей Федерацэм ис адыгэ щIалэгъуалэм я зэхыхьэ.
- Бадзэуэгъуэм и 30-м, зэхыхьэр къыщызэIуахым, я псалъэ щIалэгъуалэм зэхрагъэхыну абы кърагъэблэгъат Горчаковым и цIэр зезыхьэ фондым и лIыкIуэ Карслиевэ Викторие, ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я Советым хэт Къуэдзокъуэ Анатолий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм и унафэщI КIурашын Анзор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и директор, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Дзэмыхь Къасболэт, КъБКъУ-м и проректор Къэжэр Артур, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр, нэгъуэщIхэри.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къыщызэIуихым жиIащ форумыр къызэрызэрагъэпэщар Горчаковым и цIэр зезыхьэ фондым и фIыщIэу къызэрилъытэр. А IуэхумкIэ щIэгъэкъуэн къыхуэхъуахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ абы.
-
— Мы зэхыхьэм щIалэгъуалэ куэд къекIуэлIащ. Абыхэм яхэтщ хэкум къэкIуэжахэм я щIэблэри, хэкурыс ныбжьыщIэхэри. УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым ахэр яфIэгъэщIэгъуэну мыбы къызэрыхыхьар, ар Iуэхур и зэману къызэрытIэтам щыхьэт тохъуэ. Форумым и къалэн нэхъыщхьэр адыгэ щIалэгъуалэр зэрыгъэцIыхунырщ, гупсысэ дахэ зиIэхэр, Iуэху еплъыкIэ щIэщыгъуэ зыгъэтIыгъуэхэр зэдэгуэшэнырщ, зэрыщIэнырщ. Хэт ищIэрэ, абыхэм дэ дызэмыгупсыса еплъыкIэ къыхалъхьэнкIэ хъунщ. ЩIалэгъуалэм захуэзгъазэу яжесIэну сыхуейщ, мы махуэхэм жыджэру лэжьыгъэм хэтыну, упщIэ зиIэ щыIэми, мыукIытэу щIэупщIэну — зэхыхьэм и къалэныр аращ. Форумым адыгэм и псэукIам, иджырей щыIэкIэм, лъэпкъыр зыIууэ лъэпощхьэпохэм дыщытепсэлъыхьым и мызакъуэу, дэ адрейхэри зэдгъэцIыхунущ, абы папщIэ мыбы къекIуэлIащ лъэпкъ центрхэм я лIыкIуэхэр.
- — КъыдэкIуэтей щIэблэр гъуэгу захуэ тегъэувэнымкIэ, гупсысэ дахэ, Iуэху еплъыкIэ узыншэ яIэу къэгъэхъунымкIэ хуабжьу дызыхуей Iуэхущ мыр, — жиIащ Къуэжей Артём къыщыпсалъэм. — Сыхуейщ ныбжьыщIэхэм къыфхуэщхьэпэн гупсысэ къыхэфхыну, лъэпкъым фызэринапэр фщымыгъупщэу абы и пщIэр фIэту IуэхущIафэкIи псэукIэкIи фыхуэфащэу фыпсэуну. Горчаковым и фондымрэ ДАХ-мрэ я зэдэлэжьэныгъэм фIы къахудэкIуэну, ефIэкIуэну си гуапэщ. Дэ псоми фIыуэ къыдгуроIуэ лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр зыкъутэну хущIэкъухэр зэрыщыIэр. Къэралым и мылъку нэхъыщхьэхэм ящыщщ абы ис лъэпкъхэр икIи зэгурыIуэныгъэр хъумэныр, егъэфIэкIуэныр ди къалэн пэрытщи, зыщыдвмыгъэгъупщэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IэухухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес псалъэмакъым къыпищэу жиIащ:
- — Адыгэ щIалэгъуалэм и форумым и программэр гъэщIэгъуэнщ. IэщIагъэлI пэрытхэм псалъэмакъ щхьэпэхэр ирагъэкIуэкIынущи, къафщIэр гъащIэм къыщывгъэсэбэпыну, мыбы фызэрыхэтам фыхущIемыгъуэжыну сыщогугъ. Горчаковым и фондым и лIыкIуэу къытхуеблэгъа пщащэр ди республикэм фIыуэ щалъагъу, ди университетым и ныбжьэгъу пэжщи ди зэдэлэжьэныгъэм дяпэкIи фIы къытхудэкIуэну, ефIэкIуэну сыпоплъэ.
- ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я Советым хэт Къуэдзокъуэ Анатолий адыгэ щIалэгъуалэм захуигъэзащ.
- — Мы зэхыхьэм, мыбдеж щекIуэкI зэпсэлъэныгъэм и мыхьэнэр къыпхуэмылъытэну лъагэщ, — жиIащ абы. — КъэкIуэнур зейр щIэблэращ. Ар къыдгурыIуэу, ипэкIэ дыплъэу дымылажьэмэ, зэманым дыкъыкIэрыхунущ. Гулъытэншэу къэдгъанэ щIалэгъуалэр тIэщIэкIынкIэ шынагъуэ щыIэщ. ЩIалэгъуалэ Iейри фIыри дыдейщ. Ахэр зэрыхъунур зэлъытар дэращ, ауэ езы щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмри зэрылэжьэн хуейр къагурыIуэу гъащIэм жыджэру хэтыпхъэщ.
- Горчаковым и цIэкIэ щыIэ фондым и лIыкIуэр, бысымым пщIэ къазэрыхуищIым, ди хабзэм зэрыщыгъуазэм и щыхьэту, нэхъыжьхэм яужьщ къыщыпсэлъар.
- — Сыт щыгъуи сфIэфIщ Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэкIуэну. Сэ илъэс куэд щIауэ Кавказ Ищхъэрэм сыдолажьэри мащIэу я Iуэху зытетым, щIыналъэр зыгъэгузавэ Iуэхухэм, зыIущIэ лъэпощхьэпохэм сыщыгъуазэщ, — захуигъэзащ Карслиевэ Викторие къызэхуэсахэм. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ адыгэхэр лъэпкъ гъэщIэгъуэну, тхыдэшхуэ, хъыбар дахэ, лIыхъужьыгъэ ин зыхэлъу къызэрысцIыхуар. Сэ сызэреплъымкIэ, мыхьэнэ ин иIэщ къыдэкIуэтей щIэблэм я анэдэлъхубзэр, хабзэр егъэщIэным, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар нобэм къахьэсын папщIэ, нэхъыжьхэм лъы куэд ягъэжащ, щхьэузыхь защIащ, а псори къыпфIэмыIуэхумэ, уи щхьэ пудыныгъэ епхыжу аращ. Анэдэлъхубзэ къызэрыгуэкIкIэ уи унэ ущыпсалъэкIэ зэфIэкIыркъым, тхэкIэ, еджэкIэ пщIэн хуейщ. ИужькIэ ар уи щIэблэм, дэнэ щIыпIэ ущыпсэуми, Iурыплъхьэфын хуэдэу, а зэкIэлъыкIуэныгъэр зэпыпч хъунукъым. Нобэ къызэхуэса щIалэгъуалэм фи нэхъыжьыфIхэм фепсэлъэну, хэкIыпIэхэр къэфлъыхъуэну, лъэпкъ зыужьыныгъэм и лъэмыжхэр зэдытефлъхьэну IэмалыфI фиIэщ. Апхуэдэуи жысIэну сыхуейщ, уи лъэпкъ хабзэ дахэхэр щызепхьэн хуейр унагъуэм и закъуэкъым — а дахагъэмкIэ цIыхухэм, дунейм уадэгуэшэн хуейщ. Дызэдэвгъэгуашэ, дэ сыт щыгъуи ди гуапэу дывдэлэжьэнущ.
- АдэкIэ, зэраубзыхуам тету, щIалэгъуалэм гупищу загуэшри, адыгэбзэр хъумэным, ар щIэблэм яIурылъхьэным и мыхьэнэм, бзэр курыт еджапIэхэм зэрыщрагъэджым, лъэпкъ щхьэхуэныгъэ нэхъыщхьэхэм, хабзэм тепсэлъыхьащ. ЗэIущIэм и гугъу щащIащ Iуащхьэмахуэ и щыгум япэу дэкIа Хьэшыр Чылар мыадыгэу къыщIрагъэдзыну яужь зэритым, абы тхыдэм и дэфтэр пэжхэмкIэ пэщIэувапхъэу къызэралъытэм, адыгэ фащэм и мыхьэнэмрэ къекIуэкIыкIамрэ, адыгэшым, нэгъуэщI куэдми.
- ЗэIущIэм хэтхэм IэмалыфI яIащ абдежым щагъэува лъэпкъ пщIантIэ цIыкIухэм щыхьэщIэну, ди щIыналъэм щыпсэухэм я хабзэм, щэнхабзэм нэхъ гъунэгъуу нэIуасэ зыхуащIыну. НыбжьыщIэхэм къызэрымыкIуэу я гуапэ хъуащ адыгэ лъэпкъым къыхэкIа дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрэ абыхэм къазэрыхуеблэгъар, нэхъыжьыфIым и ущие гуапэ зэрызэхахар.
- Iуэху дахэкIэ гъэнщIа махуэр джэгу екIукIэ зэхуащIыжащ.
- Форумым къыщаIэта IуэхуфIхэм гугъэ уагъэщI апхуэдэ гулъытэ дахэ зыхуащI щIалэгъуалэм зэхащIыкIыну, нэхъыжьхэр зыгъэгушхуэн, нэхъыщIэхэм лъагъуэхэш яхуэхъун щIэблэ къытщIэтэджэну.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтхэр Елъкъан Артур трихащ.