«АДЫГЭ ЩАУЭ-2019»
2019-07-30
- ЗЭПЕУЭР ЗЫХУЭГЪЭПСАР
- — Адыгэ щауэм и нэмысым щIэб- лэр зэрыщыгъуазэр къэхутэн, адыгэ лъэпкъым зэрищIэблэр къагурыIуэрэ абы хуэфащэу псэуным къыхуеджэн;
- — Адыгэ лъэпкъым и лъапIэныгъэхэм (адыгэбзэм, адыгэ хабзэм, тхыдэм, щIэнгъуазэм, щэнхабзэм, н.) я къарур зыхегъэщIэн, абыхэм дегъэхьэхын;
- — Лъэпкъым къигъэщIа щэнхабзэм и дахагъыр зыхегъэщIэн;
- — Лъэпкъыпсэ-хэкупсэу щIэблэр гъэсэн.
- ЗЭПЕУЭМ И КЪАЛЭН НЭХЪЫЩХЬЭХЭР
- — Адыгэр зэфIэкI лъагэ зиIэ лъэп-къыу къызэтенэнымкIэ абы и лъапIэныгъэхэм я мыхьэнэм щIэблэр щIэпIыкIыныр;
- — Адыгэ щауэм хэлъын хуей хьэл-щэн дахэхэмрэ иIэн хуей зэфIэкIхэмрэ зэпеуэм хэтхэм къегъэгъэнэIуэныр;
- — Адыгэ лъэпкъым и лъапIэныгъэхэм (адыгэбзэм, адыгэ хабзэм, тхыдэм, гъуазджэм, щэнхабзэм, щIэнгъуазэм, н. къ.) хищIыкIыр къэпщытэныр.
- «АДЫГЭ ЩАУЭ» ЗЭПЕУЭМ И КЪЫЗЭГЪЭПЭЩАКIУЭХЭР
- «Къэбэрдей Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэр, «Адыгэ псалъэ» газетыр (ХьэфIыцIэ Мухьэмэд);
- Налшык къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и IуэхущIапIэр, Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэр (Мамий Заретэ);
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ парламентыр (Сэрахъэ Алан);
- «Шэрджэс Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэр (Жылэгъащтэ Хьэчим).
- «АДЫГЭ ЩАУЭ» ЗЭПЕУЭР ЗЭРЕКIУЭКIЫНУ ЩIЫКIЭР
- — Зэпеуэм и япэ екIуэкIыгъуэр бадзэуэгъуэ (июль) мазэм къуажэхэм къыщызэгъэпэщын;
- — Зэпеуэм и етIуанэ екIуэкIыгъуэр шыщхьэуIум (августым) КъБР-м и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ (районхэмрэ) щегъэкIуэкIын. Абы хэтынущ къуажэхэм текIуэныгъэ къыщызыхьахэр;
- — Зэпеуэм и ещанэ екIуэкIыгъуэр фокIадэм (сентябрым) Налшык къалэ (Кэнжэ) къыщызэгъэпэ-щын. Республикэпсо зэхьэзэхуэм щызэпегъэуэн щIыналъэхэм, къалэхэм, щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, IэщIагъэ щрагъэгъуэт еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми текIуэныгъэр къыщызыхьа щIалэхэр.
- Республикэпсо зэпеуэр екIуэкIынущ фокIадэм и 18-м, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу.
- «Адыгэ щауэ» зэпеуэм хэт хъунущ зи ныбжьыр илъэс 20 — 28-рэ ирикъуа щIалэхэр.
- «Адыгэ щауэ» зэхьэзэхуэм хэтынухэм тхыгъэкIэ хъыбар кърагъэщIэн (заявка), апхуэдэуи упщIэ зыбжанэм я жэуап къратын хуейщ (анкета) зэпеуэр къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымкIэ жэуап зыхь гупым.
- Зэпеуэр егъэкIуэкIынымкIэ
- жэуап зыхь гупыр:
- — Мамий Заретэ — Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI;
- — Битокъу Беслъэн — Урысей Федерацэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ;
- — Хьэмокъуэ Олег — режиссёр;
- — Щомахуэ Залинэ — Къэбэрдей Адыгэ Хасэм жэуап зыхь и секретарь, тхакIуэ.
- Зэпеуэр зэрекIуэкIынум, абы узэрыхэтынум теухуа упщIэхэм я жэуап щывгъуэтынущ къызэгъэпэщакIуэ гупым деж.
- КъэпщытакIуэ гупым хэтхэр:
- Битокъу Беслъэн — Урысей Федерацэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ;
- Табыщ Мурат — IуэрыIуатэдж, Адыгэбзэ хасэм и тхьэмадэ;
- Мэрзей Аслъэнбэч — тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат;
- 4. Къудей Аслъэн — Къэбэрдей Шууей Хасэм и тхьэмадэ;
- Хьэмокъуэ Олег — режиссёр;
- БатIитIэ Мухьэмэд — IэщIагъэлI, уэрэджыIакIуэ;
- Сэрахъэ Алан — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ парламентым хэт;
- Жылэгъащтэ Хьэчим — «Шэрджэс Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI;
- Битокъу Науркъан — «Кабардинка» къэфакIуэ гупым и къэфакIуэ пажэ.
- Зэпеуэм игъэув саугъэтхэр:
- — «Адыгэ щауэ» — Гран-при;
- — Япэ увыпIэ;
- — ЕтIуанэ увыпIэ;
- — Ещанэ увыпIэ.
- УнэтIыныгъэ щхьэхуэхэр:
- «Си къежьапIэхэр» — утыкуихьэ (самопрезентация);
- «Лъэпкъ гурыщIасэ» (творческий блок);
- III. «ЩIэныгъэр акъылщ» зэпеуэ (викторина):
- 1.«Адыгэ хабзэ»;
- 2.«Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ»;
- 3.ШыфэлIыфэ.
- «АдыгэлIымрэ адыгэшымрэ» зэпеуэ;
- «Адыгэ псалъэжьхэр» зэпеуэ;
- «Адыгэ хъуэхъу» (зэхуэзыщIыж хъуэхъу).
- КъызэгъэпэщакIуэ гупым я хэщIапIэр:
- Кэнжэ къуажэ, Колхоз уэрам, 15 «А», ЩэнхабзэмкIэ унэ.
- Телефоныр: 8-903-492-57-57.
- ЩэнхабзэмкIэ унэм къокIуалIэ 23-нэ маршрутыр.
- ЗЭПЕУЭМ
- И УНЭТIЫНЫГЪЭХЭР:
- I.«Си къежьапIэхэр» — дакъикъи 2.
- Зэпеуэм хэтхэм зыкъызэрырагъэцIыху къэпсэлъэныгъэ, зытепсэлъыхьым теухуа сурэт, видео гъэлъэгъуэныгъэхэр игъусэу.
- Мы унэтIыныгъэм щауэхэр кIэщIу щытепсэлъыхьын хуейщ:
- — къызыхэкIа лъэпкъым, унагъуэм, къызытепщIыкIа лIакъуэхэм (7-нэ лIакъуэм нэс), абыхэм гулъытэ зыхуащI лъапIэныгъэхэм, езы щауэм къызыхэкIахэм я деж щихь жэуаплыныгъэхэм;
- — ягъуэта е зыхуеджэ IэщIагъэхэм;
- — дэзыхьэх Iуэхухэм.
- Мы унэтIыныгъэм къыщалъытэнущ:
- а) къэпсэлъэныгъэр гъэщIэгъуэн зэрищIа Iэмалхэр (оригинальность);
- б) зэман мащIэм къриубыдэу куэдым узэрыщигъэгъуэзэн хэкIыпIэ хьэлэмэтхэр къызэригъуэтыфар (находчивость);
- в) акъыл жаныгъэ къигъэлъэгъуар (смекалка);
- г) хуиту адыгэбзэр къызэригъэIурыщIэфыр.
- Лъэпкъ гурыщIасэ (творческий блок) — дакъикъи 2
- Зэпеуэм хэт щIалэхэм я зэчийр къыщагъэлъагъуэ Iыхьэ.
- ГурыщIасэм и лIэужьыгъуэхэм ящыщу щауэхэр нэхъ дэзыхьэхыр утыкум щагъэзэщIэн, я Iэзагъыр къыщагъэлъэгъуэн хуейщ.
- Щауэхэм ягъусэу къадэIэпыкъухэр утыку ит хъунущ, ягъэзащIэр ямыIэщIагъэмэ.
- Къафэ (и цIэр къыжыIэн);
- Уэрэдыжь (лIыхъужь уэрэд).
- III. «ЩIэныгъэр акъылщ» зэпеуэ. Дакъикъи 2.
- Лъэпкъ и зыпкъ мыгъэкIуэды- ным теухуа мы Iыхьэр зэпеуэм хэт щауэхэм я щIэныгъэр здынэсыр зэрагъэунэху упщIэрэ лэжьыгъэу зэхэтщ.
- УпщIэхэм къызэщIаубыдэ Iуэхугъуэхэр:
- Адыгэ хабзэ
- — унагъуэм ехьэлIа хабзэ;
- — лъэпкъым ехьэлIа хабзэ;
- — нэхъыжьым ехьэлIа хабзэ;
- — бзылъхугъэм ехьэлIа хабзэ;
- — сабий гъэсэным ехьэлIа хабзэ (пхъу, къуэ);
- — хьэгъуэлIыгъуэм ехьэлIа хабзэ;
- — гущэхэпхэм ехьэлIа хабзэ;
- — лъэтеувэм ехьэлIа хабзэ;
- — кхъуейплъыжькIэрыщIэм ехьэ-
- лIа хабзэ;
- — нэщхъеягъуэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр;
- — гъуэгуанэм ехьэлIа хабзэ;
- — гуп хыхьэным, гуп хэтыным ехьэлIа хабзэхэр;
- — адыгэ Iэнэм ехьэлIа хабзэ.
- Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ
- а) нарт IуэрыIуатэм къыхэщ лIыхъужьхэм я хъыбархэр: дакъикъи 2.
- — Сосрыкъуэ;
- — Бэдынокъуэ;
- — Ашэмэз;
- — Батэрэз;
- — Лъэпщ;
- — Уэзырмэс;
- — Мэлычыпхъу;
- — Сэтэней;
- — КъуийцIыкIу;
- — Щэуей;
- — Iэдииху;
- — Дахэнагъуэ.
- б) адыгэ лъэпкъым и тхыдэм и напэкIуэцIхэр: дакъикъи 2.
- — адыгэ къэралыгъуэхэр;
- — адыгэ пащтыхьхэр;
- — курыт лIэщIыгъуэхэм адыгэхэм я псэукIар;
- — Урыс-Кавказ зауэ;
- — ИстамбылакIуэ;
- — хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэр;
- — лъэпкъым и иджырей тхыдэр (XX лIэщIыгъуэ).
- в) тхыдэм щыщ лIыхъужь уэрэдыжьхэр зэпкърыхын (зэдэIуам тепсэлъыхьын — зыусар, щIаусар…) — дакъикъи 2.
- — «Нартыжь уэрэд»;
- — «Уэзы Мурат»;
- — «Сэнджэлей»;
- — «Андемыркъан»;
- — «Дамэлей и уэрэд»;
- — «Щолэхъу и уэрэд»;
- — «Бахъшысэрей зекIуэм и уэрэд»;
- — «Темрокъуэ ЛIыхъу и уэрэд»;
- — «Шэджэмокъуэ Хьэсанш»;
- — «Къэбэрдей жэщтеуэм и уэрэд».
- ШыфэлIыфэ
- а) Iэщэ-фащэм и зэхэлъыкIэр (пкъыгъуэхэр), мыхьэнэр — 1 дакъикъэ.
- — щIакIуэ;
- — пыIэ;
- — цей;
- — джанэ;
- — хьэзыр;
- — къамэ;
- — бгырыпх;
- — щхьэрхъуэн;
- — джатэ;
- — сэшхуэ.
- б) шы Iэпслъэпс, абы и мыхьэнэр — 1 дакъикъэ.
- — шхуэ;
- — шхуэIу;
- — шыбгъэIулъ;
- — шыныбэпх;
- — нахъутэ;
- — уанэ;
- — лъэрыгъ;
- — щIопщ, къамышы;
- — шыгъэцIыв;
- — IумпIэ.
- Шым, лIыгъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр (видеоматериал — унэ лэжьыгъэ) — дакъикъи 3.
- — адыгэш лъэпкъхэр;
- — адыгэш цIэрыIуэхэр;
- — уанэ телъхьэн;
- — шым шэсын, гъуэгуанэ зэпычын.
- (Видеом къыщыгъэлъэгъуэн: шы фащэм и пкъыгъуэхэр, абыхэм я фIэщыгъэр жаIэурэ шыр зекIуэм хузэщIэузэдэн — уанэ телъхьэн, шым шэсын, гъуэгуанэ зэпычын, шымрэ шумрэ я гъуэгуанэ хабзэхэр гъэзащIэурэ).
- ПсалъэжькIэ зэпегъэуэн:
- — «Псалъэжьныбэ» — хэт нэхъыбэ ищIэрэ? (къэувыIэр хэкIыу);
- — псалъэжь щхьэхуэхэм я мыхьэнэр къэIуэтэн (зымыщIэр хэкIыу);
- — къыхалъхьа псалъэжьыр и кIэм нэгъэсыжын.
- ЗэхуэзыщIыж хъуэхъу — 1 дакъикъэ.
- Хъуэхъур теухуауэ щытын хуейщ «Адыгэ щауэ» зэпеуэм.
- Гу зылъытапхъэ:
- — КъызэгъэпэщакIуэхэм хуитыны-гъэ яIэщ зэпеуэм зэхъуэкIыныгъэ халъхьэну.
- — Зэпеуэм хэтхэм Iэмал имыIэу адыгэ фащэ ящыгъын хуейщ.