ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамым и нур

2019-07-30

  • Уаз
  • Къурмэным  ехьэлIа Iуэхугъуэхэр
  • Къурмэныр къызэрыблагъэм ипкъ иткIэ, абы ехьэлIа Iуэхугъуэхэр фигу къэдгъэкIыжынщ, КъурIэн лъапIэмрэ хьэдисхэмрэ къыщыкIуауэ икIи дэтхэнэ зы муслъымэнми игъэзэщIапхъэ Iуэхугъуэхэм иджыри зэ я гугъу тщIынщ.

  • Къурмэн щIэдукIым и щхьэусыгъуэр
  • Къурмэныр Алыхьым и арэзыщIыныгъэр къызэралэжь, Тхьэм пэгъунэгъу ухуэзыщI Iуэхугъуэщ. Ауэ къурмэн букIкIэ зэфIэкIыркъым, атIэ абы ехьэлIа къалэнхэр псори къызыхуэтыншэу гъэзэщIапхъэщ.
  • Тхьэр арэзы зыхуэхъун бегъымбар лъапIэхэрщ — зэадэзэкъуэхэу Ибрэхьимрэ Исмэхьилрэщ — къурмэн укIыным къежьапIэ хуэхъуар. Ибрэхьим бегъымбарыр Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъ цIыхут. Алыхьым и арэзыщIыныгъэм жэщ-махуэ имыIэу телажьэрт ар. Бын зэримыIэр и гум къеуэрт икIи апхуэдизкIэ ар абы щIэхъуэпсырти, нузыр ищIат, Тхьэр щIэблэкIэ къыхуэупсэмэ, и быныр Алыхьым къурмэн хуищIыну.
  • Абы и лъэIур Алыхьым къабыл ищIу ЛIыкIуэм Исмэхьил (ари ЛIыкIуэт) щIалэ цIыкIумкIэ къыщыхуэупсам, Ибрэхьим и быным хуищIа лъагъуныгъэр апхуэдизкIэ инт, гуащIэти, нузыр ищIауэ зэрыщытари щыгъупщэжат. Ауэ Алыхьым зыри щыгъупщэркъым икIи Тхьэр зыри хуэныкъуэкъым, ауэ щыхъукIи, Ибрэхьим бегъымбарым и Iиманыр игъэунэхун къудей щхьэкIэ, ар щытыкIэ гугъум иригъэхуат.
  •  
  • Ибрэхьим бегъымбарым
  • и пщIыхьэпIэр
  • Жэщ зыбжанэкIэ зэкIэлъыкIуэу ЛIыкIуэм пщIыхьэпIэу илъэгъуат и сабийр Тхьэм къурмэн хуищIын зэрыхуейр. Арати, и нузырыр игу къыщыкIыжым, ЛIыкIуэти, къыгурыIуащ ар Тхьэм и Iэмыру зэрыщытыр.
  • — Си щIалэ, Тхьэм Iэмыр сщищIащ къурмэн ухуэсщIыну, — апхуэдэу Ибрэхьим и быным зыщыхуигъазэм, Исмэхьил жиIащ: «Умыгузавэ, си адэ, Тхьэм жиIэмэ, шыIэныгъэ схэлъынщ, ДыкъэзыгъэщIам и псалъэм нэхърэ нэхъапэ зыри щыIэкъым». ФIы дыдэу лъа сэр адэм и быным и пщэм щыдилъэм, Алыхь Iэмырти, сэр дзагуэ хъуащ. ЕтIуанэми сэм и къалэныр игъэзэщIакъым, ещанэми апхуэдащ. Алыхьым и Iэмырыр зэримыгъэзэщIэфым щхьэкIэ, къэуIэбжьу сэр щыхыфIидзэм, ар зытехуа мывэр зэгуиупщIыкIащ.
  • Тхьэм мелыIычу къигъэщIауэ хъуам ялъэгъуат Ибрэхьим бегъымбар лъапIэм бгъэдэлъ Iиман щыпкъэри, псоми щхьэщэ ящIауэ Алыхьым елъэIурт зэадэзэкъуэм гущIэгъу яхуищIыну.
  • Абы щыгъуэм Алыхьым Iэмыр ищIри, Ибрэхьим къыхуригъэхащ ДжэбрэIил мелыIычыр, жэнэтым къраха мэл иIыгъыу икIи къыжриIащ и сабийм и пIэкIэ мэлыр Тхьэм къурмэн хуищIыну Алыхьым Iэмыр зэрыщищIар. Мис апхуэдэ щIыкIэкIэ Тхьэм игъэунэхуащ ЛIыкIуэхэу Ибрэхьимрэ абы и сабий Исмэхьилрэ я Iиманыр. Къурмэн щIэдукIым и щхьэусыгъуэри аращ.
  • Къурмэныр Алыхьым фарз тщищIауэ, дымыукIмэ, къытхуэмыгъуну щыту аракъым, ауэ ар къалэн тщищIащ. Абы и щыхьэтщ Алыхьым и псалъэу КъурIэным къыщыкIуа мы Iэятыр: «Алыхьым щхьэщэ хуэщI, къурмэни хуэукI» (Бэкъэрэ сурэм и 108-нэ Iэятыр). Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIауэ хьэдисми къыщыкIуащ: «Къурмэн зыхуэукIыну зымыукIхэр гъунэгъуу къыIуремыхьэ нэмэз щытщI щIыпIэм».
  • Къурмэн яукIыну къатохуэ
  • — балигъыпIэ иува муслъымэным;
  • — акъылкIэ узыншэм (зи акъыл зэкIуэкIахэм къалэн ящищIыркъым);
  • — зи щхьэ хуитым;
  • — зи щIыпIэ исыжым;
  • — сэджыт зыхэгъэкIыпхъэ мылъку зыбгъэдэлъым.
  • Зи щIыпIэ имысыжым, псалъэм и хьэтыркIэ, ар е гъуэгуанэ кIыхь техьамэ, е щIыпIэ жыжьэ щыIэу къурмэн хуэмыукIынумэ, къалэн щищIыркъым, ауэ апхуэдэ цIыхум къурмэныпхъэм текIуэдэну мылъкур и благъэ-Iыхьлыхэм, ныбжьэгъу-гъунэгъухэм къахуигъанэу, абыхэм яригъэукIми, ари хъунущ.
  • Сэджыт зыхэкIыпхъэ мылъку жыхуэтIэм хуэдэ зыбгъэдэмылъхэми къурмэн яукIыну къалэн ящищIыркъым. Сэджыт зыхэгъэкIыпхъэ мылъкур иджыри зэ фигу къэдгъэкIыжынщи, ар дыщэ грамм 85-м хуэзэ уасэм хуэдиз мылъку зыбгъэдэлъхэращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхум бгъэдэлъ мылъкум дыщэу грамм 85-рэ къыщIэкIыну щытмэ, мис абы и мылъкум сэджыт хигъэкIыну къытохуэ.
  •  
  • Сыт хуэдэ псэущхьэхэра къурмэныпхъэ пщIы хъунур?
  • Къурмэну яукI мэл-бжэн, Iэщышхуэ, махъшэ.
  • Мэл-бжэнхэм я ныбжьыр зы илъэс ирикъуауэ щытын хуейщ. Ауэ псалъэм и хьэтыркIэ, мэлым и ныбжьыр илъэс иримыкъупами, ар и теплъэкIэ илъэс хъуа мэлхэм къакIэрымыхумэ, ари яукI хъунущ. Iэщхэм (жэмхэм, танэхэм, хывхэм) я ныбжьыр илъэситI хъуауэ щытын хуейщ. Махъшэм и ныбжьыр илъэситху хъуауэ щытыпхъэщ.
  • Псэущхьэм я нэхъыфIыращ Къурмэну яукIыр. Ар Iэмал имыIэу узыншэу щытын хуейщ.
  • Къурмэну букI хъунукъым мыпхуэдэ псэущхьэхэр:
  • — и нэ лъэныкъуэр е и нитIри нэфмэ;
  • — къарууншэмэ, гъурмэ;
  • — и тхьэкIумэмрэ и кIапэмрэ щыщу Iыхьэ щанэм щIигъу къэтмэ;
  • — дакъэм нэсу и бжьакъуэр теудамэ; (ауэ бжьакъуэ зытемыту къалъхуахэмрэ дакъэм нэмысу зи бжьакъуэ пыудахэмрэ букI хъунущ);
  • — щIакъуэмэ; (щаукIыну щIыпIэм нэс езы псэущхьэр мыкIуэфыну щытмэ, жиIэу аращ. Ауэ и зы лъакъуэр ещIэкъуауэми, ар езыр щаукIыну щIыпIэм нэс екIуэлIэфынумэ, апхуэдэхэр букI хъунущ);
  • — нэрылъагъуу сымаджэмэ.
  • Псэущхьэр яукI пэтрэ зыгуэр къыщыщIамэ, псалъэм папщIэ, и лъакъуэр къутамэ, абы щхьэкIэ къэмынэу букI хъунущ.
  • Къурмэным ехьэлIа
  • упщIэхэмрэ жэуапхэмрэ
  • Къурмэн хьидым и етIуанэ е ещанэ махуэхэм къурмэн букI хъуну?
  • Къурмэныр щыукIыпхъэр япэ махуэшхуэ лъапIэм хьид нэмэзыр ящIа нэужькIэщ. Ауэ щхьэусыгъуэ пыухыкIа гуэрхэмкIэ япэ махуэм зымыукIыфахэм етIуанэ махуэми, ещанэ махуэм и дыгъэ къухьэгъуэм и пэ къихуэуи яукIми хъунущ.
  • Къурмэныр щаукIкIэ сыт лэжьыпхъэхэр?
  • Псом япэ нет (гухэлъ жыхуэтIэращ) тын хуейщ, щыбукIыну щIыпIэр бгъэхьэзырын хуейщ, Iэмал имыIэу сэр жан дыдэу лъын хуейщ, ауэ букIыну псэущхьэм илъагъуу сэр плъы хъунукъым, ар Бегъымбар лъапIэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) фIэфIу щытакъым. Абы теухуауэ мыпхуэдэ хьэдис щыIэщ: «Псэущхьэр щывукIым и деж, сэр жану дэфлъэ, абы и псэм бэлыхь темылъын папщIэ».
  • Псэущхьэм и щхьэр къэблэмкIэ гъэзауэ бгъукIэ ягъэгъуэлъри, «Бисмиллахьи, Алахьу акбэр» жаIэри, фIагъэж. И псэр хэмыкIыпауэ, и фэр тепхи, езыр зэпкърыпхи хъунукъым.
  • Дызэрыщыгъуазэщи, языныкъуэхэм къурмэныр щаукIынум и деж, Iимам къраджэ, ар къурмэныпхъэм трагъабжэ, КъурIэным щыщ сурэхэм кърагъаджэри, итIанэщ я къурмэныр щаукIыр. Къурмэн букIын папщIэ Iимам къебджэн хуейуэ Iуэхур щыткъым, апхуэдэуи нэхъапэми зэи щытакъым, КъурIэным щыщ сурэхэм укъеджэнри къалэнкъым, атIэ Iэмалыншэр къурмэныр щыбукIым и деж «Бисмиллахьи, Алахьу акбэр» жыIэрынащ.
  • Къурмэныр нэгъуэщIым ебгъэукI хъуну?
  • Хъунущ, ауэ Iэмал зэриIэкIэ, езым и IэкIэ фIигъэжыжмэ, ар нэхъ тэмэмщ. Ар езым хузэфIэмыкIынуми, зэрыхъукIэ, а Iуэхум хэтмэ нэхъыфIщ. Хьэдисым къыщыкIуащ: «Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) ипхъу ФатIимэ и цIэкIэ къурмэн щиукIым, ар и хъыджэбзым елъэIуат, къакIуэу Iуэхум хэтыну икIи жриIат, къурмэн яукIым япэ къыпыткIу лъым щIыгъуу ар зыукIым гуэныхьу иIэр къызэрыхуэгъур».
  • Дапхуэдэу къурмэныр зэрыгуэшыпхъэр?
  • Къурмэныр Iыхьищу ягуэш. Япэ Iыхьэр унагъуэм къранэ, етIуанэ Iыхьэр благъэхэм, Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм, гъунэгъухэм ирагъэшх, ещанэ Iыхьэр хуэмыщIауэ псэухэм ират. Ауэ псори ягуэшми хъунущ.
  • Къурмэн яукIам и фэм сыт ещIапхъэр?
  • Къурмэн яукIам и фэр ящэу къыщIэкIар я щхьэм трагъэкIуэдэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ар ислъам диным къемызэгъщ. Фэр унагъуэм къыщагъэсэбэпми хъунущ, ар ящэми хъунущ, абы къыщIахар сэдэкъэуэ ятыну щытмэ е езы фэр ятми хъунущ.
  • Щапхъэ
  • Бзылъхугъэ псэ къабзэ Джэрыджэ Феня
  • Мы тхыгъэр зытеухуа, Куба къуажэм щыпсэу Джэрыджэ Феня Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ Малкэ къуажэм къыщалъхуащ.
  • Феня къыхэкIащ адыгэ хабзэр щытепщэ унагъуэм. И адэ Тэшло МэчрэIилрэ и анэ ХьэIишэтрэ бынитху зэдагъуэтати, Феня быным я нэхъыжьт. ПщIэ, нэмыс зэхуэщIыным щIапIыкIа бзылъхугъэр балигъыпIэ иувэу унагъуэ ихьа нэужь, зыхыхьахэм щIэх дыдэу ягу дыхьат хъыджэбз Iэщабэ-Iущабэр.
  • Феня тхьэмадэ хуэхъуат куэдым пщIэ лей зыхуащI Джэрыджэ Хьэмырзэ. А нэхъыжьыфIыр цIыху ткIийуэ, зэпIэзэрыту икIи сыт щыгъуи захуэм и телъхьэу зэрыщытым ипкъ иткIэ къуажэдэсхэр абы и деж чэнджэщакIуэ къакIуэрт, жылэм Iуэху гуэр къыщыдахамэ, япэ дыдэу хъыбар зрагъащIэхэм яхэтт ар.
  • Феня пщыкъуиплIрэ зы пщыпхъурэ иIэти, дэтхэнэ зыри абы къыхуэарэзыуэ щытащ, зы анэ къилъхуам хуэдэу гуапэу зэбгъэдэтащ.
  • Псом хуэмыдэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ Феня и пщыпхъу Хьэлимэт абы къыхуэарэзыуэ дунейм зэрехыжар. Хьэлимэт жиIэрейт: «Феня, уэ жэнэтыбжэр пхузэIуахынщ, нэгъуэщI хэмытми, сэ зы закъуэм къысхуэпщIам папщIэ».
  • Хьэлимэт иджыри щIалэу и лъакъуитIыр къыщIэмыувэж щыхъум, ар псэухукIэ зезыхьар Фенящ.
  • — Мэтэ (Хьэлимэтщ зи гугъу ищIыр) цIыху Iущт, акъылыфIэт, гумызагъэт. СщIэуэ хъуам сезыгъэсар аращ — пщэфIэным щегъэжьауэ, Iэщ, хадэ зехьэным, бын пIыным деж щиухыжу сэзыгъэщIар си пщыпхъу тхьэмыщкIэ цIыкIуращ», — жеIэ Феня.
  • Абы къызэриIуэтэжымкIэ, ар унагъуэ ихьэри, куэд дэмыкIыу Хьэлимэт и лъэр щIэкIащ. Щхьэцыгъуэ дахэ зытелъ бзылъхугъэм и щхьэцышхуэр и анэм хуихущIу щилъагъум, Феня и гуащэм елъэIуащ, а къалэныр езым и пщэ къыдилъхьэну. ИужькIэ абы и къабзагъэм кIэлъыплъынри, гъэшхэнри, нэгъуэщI зыхуеинухэмкIэ кIэлъыIэбэнри къалэн зыщищIыжащ, и гур и пщыпхъу закъуэм апхуэдизкIэ щIэузырти. Хьэлимэт псэухукIэ Феня и нэIэ абы тетащ, хуищIэр фIэмащIэу.
  • И щхьэгъусэ Iэбубэчыррэ езымрэ бынитху зэдагъуэтащи, ахэри езы Феня хуэдэу гулъытэ, гущIэгъу яхэлъу игъэсащ. Я унагъуэм и унафэ псори Феня и пщыпхъум дзыхь хуищIауэ, абы жиIэм езыри и бынхэри емыбакъуэу апхуэдэу къэгъуэгурыкIуахэщ. Зи гугъу сщIы бзылъхугъэхэмрэ сэрэ зы хьэблэ дыдэсащи, сыщыгъуазэщ абыхэм я зэхущытыкIами, куэдрэ згъэщIагъуэу щытащ Феня Хьэлимэт и унафэм зэрыщIэтыр.
  • Хьэлимэт псэухукIэ ибзыщIакъым и нысэ Феня хуэарэзыуэ зэрыщытар. «Феня къызэзыта Алыхьым сыкъиужэгъужакъым», — жиIэрейт абы.
  • — Мэтэ цIыкIу мыгъуэм и гъащIэр уи гур щIэузын хуэдэу къекIуэкIащ. ФIыуэ илъэгъуа щIалэм дагъэпсэун щамыдэм, гугъуехь куэди игъэват, мыхъужын узи къыхихат, — и нэпсхэр хуэмыубыду игу къегъэкIыж Феня.
  • Хьэлимэт нобэ яхэмытыжми, пщыпхъум и гъащIэр къызэрекIуэкIар псори итхыжауэ зэрехьэ Феня икIи и мурадщ а тхыгъэхэр тхылъу къыдигъэкIыну.
  • Феня къыхуэмыарэзыуэ къуажэми жылэми зыри думыгъуэтэнми ярейщ. ЦIыхухэр зыхуэарэзым Алыхьри хуэарэзыщ, жаIэ. Псапэ Iуэху куэд илэжьу дунейм тетщ а бзылъхугъэ псэ къабзэри, и мурадхэр къехъулIэу, узыншэу псэуну Тхьэм жиIэ!
  • УпщIэхэмрэ жэуапхэмрэ
  • Къэбгъуэта мылъкум сыт ещIапхъэр?
  • Ислъам диным къытхуигъэува мардэхэм дытетмэ, къэдгъуэта мылъкур дэ зэтхьэлIэ хъунукъым, атIэ ар зыфIэкIуэдар зэдгъэщIэн папщIэ Iэмал псори къэдгъэсэбэпын хуейщ. ЗыфIэкIуэдар щумыгъуэтым деж а мылъкур сэдэкъэуэ птын хуейщ, ауэ щыхъукIи, ислъам диным къытхуигъэува мардэм тетущ ар зэрыптыпхъэр: Iисраф мыхъуну, псалъэм папщIэ ахъшэмэ е дыщэ-дыжьынмэ, е щылъми зэIымыхьэну нэгъуэщI мылъку гуэрмэ, ар зыфIэкIуэдар къэплъыхъуэну илъэс пIалъэ къует. Ауэ мылъкур щымылъынумэ, зэIыхьэнумэ, апхуэдэхэр нэхъ пасэу уигъэтынущ.
  • Хьэж ящIыну хунэмысу дунейм ехыжа адэ-анэм я пIэкIэ быным хьэж ищI хъуну?
  • Хъунущ, ауэ абы езым нэхъапэIуэкIэ и щхьэм хьэж хуищIауэ щытын хуейщ.
  • Къемэт махуэм япэ дыдэу цIыхум къызэреупщIынур сыт?
  • Къемэт махуэм япэ дыдэу жэуап зэрырагъэтынур нэмэзыращ.
  • ЦIыхум илэжьа гуэныхьхэм ящыщу сыт хуэдэра япэ дыдэу жэуап зэрихьынур?
  • ЦIыху иукIамэ, абы и гуэныхьыращ япэ дыдэу жэуап зэрырагъэхьынур.
  • «Нэтемыгъахуэ» жаIэу цIыхухэм зэрахьэ мывэхэр, псалъэм папщIэ, я пщэхэм илъу кърахьэкIхэм хуэдэхэр, ислъам диным къезэгърэ?
  • Дауи, ар ислъам диным къезэгъыркъым икIи хьэрэмщ. Ар мывэу аращ и сэбэпынагъи и зэрани къокIынукъым. Ауэ абы укъихъумэну ущыгугъыныр хьэрэмышхуэхэм ящыщщ.
  • Чэнджэщ
  • Тхьэм  фелъэIу
  • ЦIыхур сытым щыгъуи и гумкIи и бзэмкIи (макъкIэ) Тхьэм елъэIун хуейщ. Алыхьым зэрызэхуэбгъэзэнур хэхауэ, Iуэхугъуэ гъэбелджылауэ щымыту мыхъуну аракъым. ЦIыхур Къытщхьэщытым фIыкIэ елъэIупхъэщ дапщэщи, ар зэрищIэнури езым и анэдэлъхубзэм къызэритIэсымкIэщ, гукъыдэж зэриIэм хуэдэущ.
  • Iуэхугъуэ пыухыкIахэм тегъэщIауэ щытынкIи мэхъу Алыхьым зэрелъэIур. Псалъэм папщIэ, унагъуэм сабий къыхэхъуэмэ, унэщIэм ущIэтIысхьэжмэ, фIыгъэ гуэр къоуалIэмэ, фызышэ укIуэмэ, нэгъуэщIхэми.
  • Тхьэ елъэIуным купщIэу хэлъыр — ар Алыхь закъуэм зэрызэхуэбгъазэ псалъэр гумрэ псэмрэ къыбгъэдэкIыу щытынращ. Аращ Тхьэм пIихынури.
  • Алыхьым зэрелъэIу псалъэр КъурIэным къихауэ щыткъым — ар дэтхэнэ цIыхуми езым зэхилъхьэж псалъэщ.
  • Адыгэхэр дыщыхъуахъуэкIэ жытIэхэр Тхьэм елъэIуныгъэ щIыкIэкIэ гъэпсащ. Абы и лъэныкъуэкIэ а хъуэхъухэр духьэщ.
  • Мухьэмэд бегъымбар лъапIэм (Алыхьым и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «ЦIыхум фIыгъэ къыхуэзыхьыр и Iэпкълъэпкъым щыщу Iыхьэ цIыкIуитIыр аращ: и бзэгумрэ и гумрэ. ЩыпсалъэкIэ и бзэгупэм фIыгъэмрэ Тхьэм и цIэмрэ дапщэщи телъщ, и гур итхьэщIыкIамэ апхуэдэ цIыхур икIи къабзэщ, икIи Iумахуэщ, икIи насыпыфIэщ, гъуэгу тэмэми тетщ».
  • ЦIыхум и гум илъым, и мурадхэм. и гуращэм, и дуней тетыкIэм къапкърокIыж, къагъэщIыж пщэдейм къипсэуну гъащIэр зыхуэдэнур. Аращ цIыху щыкIам щхьэкIэ «Зыгуэр и нэгу щIэлъщ» щIыжаIэр.
  • Дэтхэнэ зы цIыхуми и дуней тетыкIэр гупсысэшхуэ хэлъу къызэщIикъуэжрэ щIэгъэщхъуауэ иубзыхужу, адыгэм жиIащ: «Узэджэр къокIуэ». Едвгъэгъапщэт ар Тхьэ лъапIэм и псалъэм: «Нэхъыбэрэ фыкъызэлъэIу, фи лъэIур си деж къэсынщ».
  • Алыхьым и псалъэмрэ ди лъэпкъым и набдзэгубдзаплъагъэ чэнджэщхэмрэ гъуэгугъэлъагъуэщ дэтхэнэ адыгэ муслъымэным дежкIи.
  • Хьэдисхэр
  • Зэгуэрым ЛIыкIуэ лъапIэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) и деж зы лIыжь щIыхьат, ауэ зыри къэтэджу лIыжьыр игъэтIысатэкъым. Бегъымбарым абдежым жиIащ: «Си Iумэтым ящыщкъым фэ фщыщу нэхъыщIэм гущIэгъу хуэзымыщIымрэ нэхъыжьым пщIэ хуэзымыщIымрэ».
  • * * *
  • ХьэIишэ (Тхьэр арэзы зыхуэхъуным) къиIуэтэжащ мы хьэдисыр. Хъыджэбз цIыкIуитI зи IэплIэм тесу къысхуэза бзылъхугъэм хъурмэ цIыкIуищ естати, сабиитIым зырыз яритри, ещанэр езым и жьэм ихьын пэтрэ, зы хъыджэбз цIыкIум жиIащ: «Иджыри къызэт». Анэм зы хъурмэр зэхуэдитI ирищIыкIри, сабиитIым яхуигуэшащ. Ар ЛIыкIуэ лъапIэм щыжесIэжам, къызжиIауэ щытащ: «Шэч хэлъкъым а бзылъхугъэм папщIэ жэнэтыбжэр зэрызэIухам».
  • * * *
  • ЛIыкIуэ лъапIэм (Тхьэр арэзы зыхуэхъуам) жиIащ: «Пхъу зиIэхэр фахуэсакъыу фпIы фи хъыджэбзхэр. Къемэт махуэм жыхьэнмэ мафIэмрэ адэмрэ я зэхуаку пхъур къыдэувэнущ».
  • Пхъур тэмэму зыгъасэу зыпIа адэр жыхьэнмэ мафIэм абы зэрыщихъумэнурщ мы хьэдисым и мыхьэнэр.
  • * * *
  • ЛIыкIуэм (Тхьэр арэзы зыхуэхъуам) жиIащ: «Лей зытехьам, гъуэгуанэ тетым, адэ-анэм я лъэIур къабыл зэрыхъунум зы шэч лъэпкъи хэлъкъым».
  • Мысыр
  • Ал-Хьэким мэжджытыр
  • Мысырым дэт Ал-Хьэким мэжджытышхуэр дунейм щынэхъ жьы дыдэхэм хабжэ. Ар 990 гъэм ящIын щIадзэри, 1012 гъэм ухуэн яухащ.
  • Зи гугъу тщIы мэжджытыр зэрыщымыта щыIэжу къыщIэкIынукъым. Сэлахь ал-Дин и тетыгъуэм ар тутнакъэщу къагъэсэбэпащ абы, иужькIэ франджым щиубыдам, Iэщэ-фащэхэр щахъумащ. ИтIанэ, Насер Гамал Абдел и тетыгъуэм, Тхьэм и унэр еджапIэ хъуащ. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм а уардэунэр сыт и лъэныкъуэкIи къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжри, япэм хуэдэу мэжджыту къагъэсэбэпу щIадзэжащ. Ар щаухуам игъуэтауэ щыта теплъэм щIагъуэуи зрагъэхъуэжакъым.
  • Абы и азэнджапIэхэм нэхърэ нэхъ ныбжьышхуэ зиIэ Мысырым дэткъым. Зым метр 33-м щIигъу, адрейм метр 24-м щIигъу я лъагагъщ.