ЕхъулIэныгъэщIэхэр къахудэкIуэну дохъуэхъу!
2019-07-13
- Бадзэуэгъуэм и 11-м КъБР-м и Парламентым, хабзэ дахэ зэрыхъуауэ, щагъэлъэпIащ республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIхэр. Республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и ЩIыхь тхылъыр цIыху 69-м, ФIыщIэ тхылъхэр цIыху 18-м иратащ.
- — Нобэ ди гуапэу догъэлъапIэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым щылажьэ, ехъулIэныгъэфIхэр къэзыгъэлъагъуэ цIыхухэр. Пэжыр жыпIэмэ, иужь- рей илъэситхум Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым мыпхуэдэ зэхыхьэу иригъэкIуэкIар мащIэкъым. Ауэ нобэрей ди зэIущIэр адрейхэм къахощ, КъБР-м и Парламентым и етхуанэ зэхыхьэгъуэм и лэжьыгъэр абыкIэ зэхудощIыжри, — жиIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. — Шэч хэлъкъым мыбдеж къедгъэблэгъа дэтхэнэри и гуащIэ емыблэжу республикэм и зыужьыны-гъэм зэрытелажьэм, и IэщIагъэм зэрыхуэпэжым. Апхуэдэ жэуаплыныгъэ зыхэлъхэр дызэрикуэдым дегъэгушхуэ. Узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, спортым, мэкъумэшым, промышленностым, хъыбарегъащIэ IэнатIэм заужьыным илъэс куэд хъуауэ фи къару ивохьэлIэ. Ар ди дежкIэ уасэ зимыIэщ, республикэм и мызакъуэу, къэралми и къэкIуэнур цIыху къэс и IуэхущIафэкIэ еухуэри. Дэтхэнэми фIыщIэ фхузощI, дяпэкIи ехъулIэныгъэ куэд фиIэну, фи Iыхьлыхэми фэри фи узыншагъэр мыкIуэщIыну, дэрэжэгъуэ къывэзытын Iуэхугъуэхэр нэхъыбэу фи гъащIэм хэтыну ди гуапэщ.
- КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр зратахэм ящыщщ Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ ТIымыжь Хъусен, Налшык къалэм и ЗАГС-м и унафэщI Шэру Валентинэ, Бгы щIыпIэхэм я экологиемкIэ институтым и унафэщI Тембот ФатIимэт, КъБР-м энергетикэмкIэ, тарифхэмрэ псэупIэ кIэлъыплъыныгъэмкIэ и министр Безниковэ Иринэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэз хъумапIэм и унафэщI Кучмезов Орион, Налшык къалэм и Спорт школ №1-м и унафэщIым и къуэдзэ Багъэтыр Тимур, Тырныауз вольфрам-молибден комбинатым и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Давыденкэ Лидие.
- Республикэм и журналистикэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIым папщIэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, щIыхь тхылъхэмкIэ ягъэпэжащ «Адыгэ псалъэ» газетым и зэдзэкIакIуэ Тэнащ Анатолэ, «Къэбэрдей-Балъкъэр» телеканалым и редактор Сэралъп Самарэ, «Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Жангуразовэ Нажабат, радионэтынхэр адыгэбзэкIэ езыгъэкIуэкI Къудей Лидэ сымэ.
- Республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэм и зыужьыныгъэм зэрытелажьэм папщIэ КъБР-м и Парламентым и ФIыщIэ тхылъыр иратащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и япэ къуэдзэ ЖьэкIэмыхъу Маринэ, «Адыгэ псалъэ» газетым щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и корреспондент Хьэрэдурэ Аллэ, «Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Текуевэ Хьэуа.
- Дохъуэхъу дамыгъэ лъапIэхэр зратахэм, ехъулIэныгъэщIэхэр къахудэкIуэну ди гуапэщ.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.