Путин Владимир «Адэ-анэм я щIыхь» орденыр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ унагъуэу бын куэд зиIэм иритащ. Дауэдапщэм хэтащ КIуэкIуэ Казбек
2019-06-01
- Сабийхэр хъумэнымкIэ дунейпсо махуэм и пэ къихуэу Урысейм и Президент Путин Владимир бын куэд зиIэ унагъуэхэм Кремлым щаритащ «Адэ-анэм я щIыхь» орденыр. А зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
- «Фэ фхуэдэ унагъуэхэр, фэ фхуэдэ цIыхухэр ди къэралым и хъугъуэфIыгъуэщ, и дамэщ. Дэ дыхущIэкъунущ апхуэдэ цIыхухэр зэпымыууэ нэхъыбэ зэрыхъуным. Иджырей лъэхъэнэм псоми я лъабжьэу щыт къалэныр адэмрэ анэмрэ я пщIэр гъэбыдэнырщ, сабий куэд зыпIхэм жылагъуэм щаIэ пщIэр къэIэтынырщ. Сэ шэч къытесхьэркъым бын зиIэ унагъуэхэм сыт и лъэныкъуэкIи защIэгъэкъуэныр къэралми, цIыхубэми, дин зэгухьэныгъэхэми я зэхуэдэ къалэну зэрыщытым. Мы Iуэхум хеубыдэ бын куэд зиIэхэм налогхэм я лъэныкъуэкIэ яхудэчыхыныр, ахъшэкIэ ядэIэпыкъуныр, ипотекэ программэхэм хиубыдэу льготэхэр яхуэгъэувыныр, сабий садхэмрэ яслъэхэмрэ зегъэубгъуныр икIи дэ фIэкIыпIэ имыIэу а Iуэхухэм адэкIи дегугъунущ икIи апхуэдэ лэжьэкIэр зэпымыууэ едгъэфIэкIуэнущ», — къыхигъэщхьэхукIащ Путин Владимир.
- Къэрал наградэ лъапIэр зрата зэщхьэгъусэхэм яхэтщ Аруан районым щыщхэу Маркевичхэ Пётррэ Ольгэрэ. Абыхэм бын 12 яIэщ. Хъыджэбз нэхъыжь Кристинэ промышленость псынщIэмкIэ Ростов дэт техникумыр къиухри, щыгъын дынымкIэ конструктор-технолог IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. Игоррэ Викториерэ къаухащ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр сату-технологие техникумымрэ. И къуэш нэхъыжьым дэплъейри, Вениамин гуманитар-техникэ колледжым щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ. Невинномысск дэт энергетическэ техникумыр къиухауэ, къыкIэлъыкIуэ щIалэ Евгений иджыпсту хъарзынэу Москва щолажьэ. Адрей нэхъыщIэхэр щоджэ Нарткъалэ и курыт школ №2-м. Ахэр музыкэм, спортым дехьэх. Маркевичхэ Пётррэ Ольгэрэ уней лъапсэр зэрахьэ, бжьэ ягъэхъу. 2017 гъэм ахэр щытекIуащ «Илъэсым и унагъуэ» урысейпсо зэпеуэм.
- «Адэ-анэм я щIыхь» орденыр къызэрыратамкIэ Маркевичхэ я унагъуэм ехъуэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Урысей Федерацэм и Президентым и деж щыIэ Кузнецовэ Аннэрэ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.