ГуфIэгъуэ махуэшхуэм къыдэунэху хабзэ дахэ
2019-05-09
- Хабзэ хъуауэ, къэралым, республикэм накъыгъэм и 9-м къыщызэрагъэпэщ «Полк уахътыншэ» Iуэхум гъэ къэс нэхъри зэрызиубгъур ди нэгу щIокI. Ар куэдкIэ елъытащ зэхыхьэм цIыху нэхъыбэ къыхэшэным зи зэфIэкI езыхьэлIэхэм. Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым и аспирант Амщыкъуэ Амырхъан и къару емыблэжу хущIокъу Iуэхум зэрызригъэужьыным.
- Амырхъан и фIыгъэщ зыщыщ Амщыкъуэ лъэпкъыр «Полк уахътыншэ» зэхыхьэм жыджэру зэрыхэтыр. 2015 гъэм япэу екIуэкIа апхуэдэ Iуэхум я лъэпкъым щыщу хэтар щIалэгъуалэм я закъуэщ. Илъэсищ дэкIри, ныбжькIэ зэщхьэщыкI цIыху куэд хэтащ. Абы къыхилъхьащ «Псори дигу къэдгъэкIыжынщ» лъэпкъ зэхуэсыр накъыгъэм и 9-м ирихьэлIэу зэхашэныр.
- — «Полк уахътыншэ» зэхыхьэм ди лъэпкъыр япэу дыщыхыхьам Налшык къалэм и Брамтэ (Вольнэ Аул) хьэблэм щыщ студентхэмрэ еджакIуэхэмрэщ зрезыгъэхьэлIар, — игу къегъэкIыж Амырхъан. — КъыкIэлъыкIуэ гъэм ди адэ-анэхэри къытхыхьащ, си адэ Эдуардрэ си анэ Лидэри яхэту. Гъэ къэс къызэрагъэпэщ хъуа а Iуэху щхьэпэм кIуэ пэтми къекIуалIэ хъуащ Бахъсэн къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм хэкIуэда Амщыкъуэ Шухьиб и къуэрылъху-пхъурылъхухэр, Щхьэлыкъуэ, Нартан, Плановскэ къуажэхэм щыщ ди унэкъуэщхэр. Языныкъуэ нэхъыжьхэм «Полк уахътыншэм» и сатырым ирикIуэныр къехьэлъэкIми, я лIыхъужьхэм я фэеплъыр зэрагъэлъэпIэн къару къакъуокI. Си щхьэкIэ срогушхуэ си адэ къуэш Хьэбас зэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ Вагъуэ Плъыжь орденыр къызэрыхуагъэфэщам.
- Амырхъан зэрыжиIэмкIэ, зауэм хэкIуэда я нэхъыжьхэр, благъэхэр, Iыхьлыхэр щIалэгъуалэм я гъусэу ягу къагъэкIыж я лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыху цIэрыIуэхэми. Апхуэдэхэщ зи ныбжьыр илъэс 85-рэ хъу сабий дохутыр Амщыкъуэ Зое, КъБР-м и Профсоюз Федерацэм и унафэщI Амщыкъуэ ФатIимэт, илъэс 20-м щIигъукIэ Музыкэ театрым и балет труппэм и къэфакIуэу щыта Амщыкъуэ Хьэужан сымэ, нэгъуэщIхэри.
- — Курыт еджапIэм щыщIэса зэманым Амщыкъуэхэ ди лъэпкъ жыгыр зэхилъхьащ «ЛIэщIыгъуэхэм къыпхыкIыурэ» республикэ IуэрыIуатэ зэпеуэм пашэ щыхъуа, МГИМО-р къэзыуха журналист, си къуэш нэхъыжь Астемыр. Апхуэдэу абы къызэIуихащ amshokov.ucoz.ru ди лъэпкъ сайтыр, — жеIэ Амырхъан. — Астемыр иригъэжьа Iуэхум пащэу, щIалэгъуалэм къалъыхъуэн щIадзащ зауэм хэкIуэда я благъэхэм, Iыхьлыхэм ятеухуа хъыбархэр икIи сайтым иралъхьэурэ ахэр зэхуахьэсу хуежьащ. Нобэ ирихьэлIэу зауэм хэта ди лъэпкъэгъу цIыху 13-м ятеухуахэр къагъэлъэгъуащ, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэща 115-нэ шуудзэм хэтахэри хыхьэу.
- Амщыкъуэхэ я лъэпкъым щыщу Хэку зауэшхуэм хэта лIыхъужьхэм я сурэтхэр Амырхъан езым и жэрдэмкIэ зэхуихьэсри, ар «Полк уахътыншэ» зэхыхьэм хуигъэхьэзыращ. Языныкъуэ щIалэгъуалэр я тхыдэм зэрыщымыгъуазэм е я Iыхьлыхэм я сурэтхэр зэрамыIэм къыхэкIыу ящIэртэкъым а сурэтхэм къищ лIыхъужьхэр къазэрыгухьэ щIыкIэр икIи Амырхъан абыхэм ягуригъэIуащ ахэр я адэшхуэм и къуэш дыдэу е зэкъуэшитIым я быну зэрыщытыр. ЩIэблэр тхыдэм щIэпIыкIыныр, къэралыр, щIыналъэр зэрыгушхуэ я лIыхъужьхэр абыхэм егъэцIыхужыныр, дауи, куэд и уасэщ.
- — Амщыкъуэхэ «Полк уахътыншэ» Iуэхум дыздыхэтым, куэд къыдбгъэдыхьэурэ къыджаIэ ди лъэпкъым къызэрыгухьэ щIыкIэр. Апхуэдэхэм деж ди гуапэу дызэроцIыху, дызэкIэлъокIуэ, — къыддогуашэ Амырхъан. — Зэхыхьэ нэужьым нэхъапэхэм дызэбгрыкIыжу щытащ, ауэ къыдэхъулIэмэ, махуэшхуэр гъэлъэпIэным Брамтэ хьэблэм щыпытщэну ди мурадщ. Зы Iэнэ псори дыздэтIысу, Амщыкъуэхэ ящыщу зауэм хэкIуэдахэм я цIэхэр чэзууэ дигу къэдгъэкIыжыну, щIыналъэм и плIанэпэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу зэблагъэхэр нэхъ гъунэгъуу дызэрыцIыхуну дыщIохъуэпс. ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм зэлъэпкъэгъухэр дызэIущIэныр хабзэ дахэ тхуэхъуну ди гуапэщ!
- БжьыхьэлI Розэ.99