ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ щIалэхэр Кърымым щытопщэ

2019-04-02

  • Алуштэ къалэм и спорткомплексым щекIуэкIащ спорт бэнэкIэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ ин. Абы тепщэныгъэр щаубыдащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм.

  • Шокъум Ахьмэд кIэух зэIущIэм щобгъэрыкIуэ.

  • КЪРЫМЫМ и Iэтащхьэм и саугъэтхэм щIэбэныну Алуштэ кIуат Урысей Федерацэм и щIыпIэ псоми я бэнакIуэ нэхъ лъэщхэр. Нэхъыбэр къэралым и командэ къыхэхам и ныбжь зэмылIэужьыгъуэхэм хэтт. Гуапэщ а зэхьэзэхуэ гуащIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ дахэхэр къызэрыщахьар.
    БэнэкIэ хуитымкIэ екIуэкIа зэпеуэхэм я нэхъыбэм пашэныгъэр щызубыдар ди лъахэгъухэращ. Апхуэдэу, я хьэлъагъ елъытауэ, я хьэрхуэрэгъу псори хагъащIэри, дыщэ медалхэр зыIэрагъэхьащ Машэжь Расул (кг 57-рэ), Къардэн Ашэмэз (кг 61-рэ), Тезадэ Мурат (кг 65-рэ), Джэрыджэ Артур (кг 70), Шокъум Ахьмэд (кг 74-рэ), Iэпщэ Ренат (кг 79-рэ), ЗэкIуий Азэмэт (кг 92-рэ) сымэ.
    КIэух зэIущIэращ щыфIахьар, дыжьын медалхэр зыхуагъэфэщахэу, Сэбэншы Рамил (кг 61-рэ), Ашэбокъуэ Сулеймэн (кг 70), Нартокъуэ Ислъам (кг 79-рэ), АфэщIыж Аскэр (кг 86-рэ).
    Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэми хэтахэу Машэжь Расулрэ Тезадэ Муратрэ жэз медалхэр зыIэрагъэхьащ. Абыхэм закъыкIэригъэхуакъым килограмм 67-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм хэта Бэрэздж Алими. А щIалищри мы зэхьэзэхуэм зэрызэ къыщыхагъэщIауэ аращ.
  • ЖЫЛАСЭ Заурбэч.