И насыпыр и хъуэпсапIэм токIуэ
2019-03-12
- Жыгыр зыгъашхэр и лъабжьэрамэ, абы и гулъхэр псэ зэрыхэтым, узыншэу зэрызиужьым и щыхьэтщ. Ар цIыху зэхэтыкIэми IэнатIэ зыужьыныгъэми я лъабжьэщ. Нобэ зи гугъу фхуэсщIыну хъыджэбзыр ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и гулъщ. Артист IэщIагъэр къыхэзыхым я нэхъыбэм хуэдэу Багъ Иннэ зэрысабийрэ а IэщIагъэм щIэхъуэпсу къэхъуа- къым. Зэрыхъуаращ. Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №26-р къиуха иужькIэ, уэрэд жыIакIуэ хъуну щIэхъуэпс пщащэр ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щIэтIысхьэну кIуати, и уэрэд жыIэкIэр ягу ирихьащ, ауэ тхьэкIумэфIагъым елэжьын хуейт. Зэманыр пщIэншэу ямыгъэкIуэн папщIэ Иннэ и адэ-анэм КъБКъУ-м и Финансхэмрэ и кредитхэмрэ къудамэм щIагъэтIысхьэну къыхуагъэлъэгъуат. Ауэ… НатIэм итым уфIэкIынукъым. Абы ирихьэлIэу я благъэ цIыхубз къэпсалъэри Щукиным и цIэр зезыхьэ театр училищэм щIагъэтIысхьэну адыгэ гуп къызэрыхахым и хъыбар къыжриIащ. Нобэ ди псэлъэгъущ Багъ Иннэ:
- — Финансисту семыджэн щхьэкIэ, дэнэ сыщIэтIысхьэми здэт, къыддогуашэ Къэбэрдей драмэ театрым и артист цIэм иджы ирипагэу зезыхьэ пщащэр. — Театрым и художественнэ унафэщI Фырэ Руслан училищэм щIагъэтIысхьэнухэр къыхихыну къыдэпсалъэрти, «Фи деж уэрэд щыжаIэрэ?», — къызжьэдэхури зысхуэмышыIэу сыщIэупщIат. Руслан къысщыдыхьэшхри, экзаменхэм зызгъэхьэзырыну къызжиIат.
- ГъащIэм зыри щхьэусыгъуэншэу къыщыхъуркъым, ар дэ къыдгурымыIуэ щхьэкIэ. Щукиным и цIэр зезыхьэ училищэм сыщыщIэтIысхьам театрыр зищIысыр и кIэм нэсу сщIэуэ щытакъым. Ауэ иужькIэ абы апхуэдизкIэ сыдихьэхати, къызэзнэкIа гугъу-
- ехь псори зыхэсщIакъым.
- Артист IэщIагъэр къызэрыхэсхам сигу щызу япэу сыщыщыгуфIыкIар, насыпыфIэу зыкъыщыслъытэжар япэ ролыр къыщызатарщ. Абы щыгъуэм етIуанэ курсым дыщIэст. ИужькIэ, Коренинэ Аннэ си щхьэ закъуэкIэ къасщтэу щызгъэувам, IэщIагъэр си пкъынэ-лъынэм зэрыхыхьар, абы сызэримыутIыпщынур къызгурыIуащ.
- — Адыгэ театрыр сыт уи дежкIэ?
- — Си гъащIэщ. Арыншауэ си дунейр си нэгу къысхущIэгъыхьэкъым. Сыт щыгъуи аращ си гупсысапIэр. Мыбы щызгъэзащIэ сыт хуэдэ спектаклри гуимыхужщ. Роль къэс дуней зырыз къагъэщI. «Лъагъуныгъэм и къару», «Си адэшхуэм къызэришэжар», «Диплом» спектаклхэм сыхэтщ. ГъащIэм нэ жанкIэ хэплъэ, хьэл зэмыщхь зыхэлъ цIыхухэм я ролщ абыхэм щызгъэзащIэр.
- — Сыбэч Быхуэ и фэеплъ фильмым лIыхъужь нэхъыщхьэу ухэтащ. Ар япэу фильмхэм щыбгъэзащIэ роль?
- — ЕтIуанэщ. Япэу сызыхэтар «Троллейбус времени» фильмырщ.
- — Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, къэралым и къалащхьэм и театрым утыку укъыщихьащ. Абы и гугъу къытхуэщIыт.
- — Япэ курсым щегъэжьауэ Вахтанговым и цIэр зезыхьэ театрым массовкэу дыщыджэгурт. Абы щылажьэ артист цIэрыIуэхэм сатхьэкъурти, япэхэм деж сщIэн хуейхэр зэтеубыдауэ схуэгъэзащIэртэкъым. Мо артистышхуэхэм си нэр тенауэ сеплъу сыувыжырт. Залым ущIэсу ахэр плъагъунымрэ я гъусэу сценэм уитынымрэ зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ яIэщ. Абыхэм къагъэсэбэп джэгукIэм узэщIеубыдэ. Абы дыщыкIуэнур къытхуэмыгъэсу дежьэрт — мо артист инхэм дабгъурытыныр дэркIэ насып инт. Езыхэри актёр балигъ хуэдэу къытхущытт, чэнджэщ дыхуеймэ къыддэIэпыкъуну хьэзырт. Куэд дыдэм дыхуагъэсащ. СынасыпыфIэу зызолъытэжыр апхуэдэ артист инхэм сазэрыбгъурыта къудейм щхьэкIэ.
- — Иджырей щIалэгъуалэм театрыр фIыуэ ялъагъурэ?
- — Училищэр къэзухыу театрым лэжьэн щыщIэздзам а гъуазджэр сэ фIыуэ зэрыслъагъум хуэдэу псоми езгъэлъагъуну, абы цIыхугъэу сиIэр къесшэлIэну куэдрэ яужь ситащ. ЦIыхухэм къалэн куэд я пщэ дэлъщи, я Iуэхум къытепчыныр икъукIэ гугъущ. Си унагъуэр театрым щекIуэкI спектаклхэм, сызыхэтхэми сызыхэмытхэми, къызошалIэ, си цIыхугъэхэми театрым и IэфIыр къезгъэщIэну сыхущIокъу. Ауэ мыр згъэунэхуащ — театрым къекIуэлIауэ хущIегъуэжа срихьэлIакъым.
- — Театрым ехьэлIауэ уиIэ хъуэпсапIэхэмкIэ укъыддэгуэшамэ арат.
- — ХъуэпсапIэу сиIэм я гущIыIу къысфIэкIуэр, спектаклым и гупсысэр абы еплъхэм я деж нэсхьэсыфынырщ, театрым къекIуалIэхэм гупсысэ пыухыкIа ягу къыщыдгъэушынырщ. Сэ артист къалэну зыхуэзгъэувыжыр, нэхъыбэрэ утыкум ситынракъым, е роль нэхъыбэ згъэ-
- зэщIэнракъым, атIэ утыку ихьэгъуэ къэс гуимыхуж сщIынырщ, ар иреролышхуэ е ирецIыкIу.
- — ИджыпстукIэ сытым фелэжьрэ?
- — Щукиным и цIэр зезыхьэ училищэм дыщезыгъэджа режиссёр Дубровская Аннэ Островскэм и «Таланты и поклонники» пьесэр егъэув. Куэд мыщIэу езыри къэкIуэнущ. Сэ спектаклым Онегиным (лIыхъужь нэхъыщхьэщ) и ролыр щызогъэзащIэ.
- Епсэлъар Инэрокъуэ Данэщ.