«Адыгэ псалъэ» газетым и япэ номерыр къызэрыдэкIрэ илъэс 95-рэ щрикъум ирихьэлIэу
2019-03-05
- Зи гъащIэр IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIауэ щыта Хьэмгъуокъу Хьэсит
- КъэзыцIыхухэм пщIэ къыхуащIу дунейм тетащ Кэнжэ къуажэм щалъхуа Хьэмгъуокъу Хьэсит.
- Абы лэжьэн щIидзащ 1936 гъэм. Абы щыгъуэ езыри еджэрт, колхозхэтхэм щIэныгъэ яригъэгъуэту ликбезми хэтт. 1939 гъэм ар ирагъэблагъэ «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газетым и редакцэм. Хьэсит щытащ корреспонденту, къудамэм и унафэщIу. Абы зыкъигъэлъэгъуащ журналист жыджэру, зи IэнатIэм еш имыщIэу пэрыт лэжьакIуэу.
- Хьэсит журналист IэщIагъэр фIыуэ илъагъурт икIи абы ирилэжьэну хуейт, ауэ а зэманым республикэм и жылагъуэхэм къыщызэIуах школхэм егъэджакIуэхэр яхурикъуртэкъыми, ар Вольнэ Аул дэт школым егъэджакIуэу ягъакIуэ. Апхуэдэу щыт пэтми, абы газетым хуиIэ пыщIэныгъэр зэпигъэуакъым. Ар гуапэу ятетхыхьырт егъэджакIуэ нэхъыфIхэм, колхозхэт пашэхэм.
- Школым щылажьэми, редакцэм игъэзэжын мурадыр иIэт Хьэсит, ауэ а хъуэпсапIэр Хэку зауэшхуэм къызэпиудащ. Хьэмгъуокъур 1942 гъэм дзэм ираджащ икIи ар яхыхьащ Хэкур зыхъумэхэм. А лъэхъэнэм Хьэсит партым хагъэхьэ. Япэу ар зауэм щыIухьар Сталинград дежщ. А зэхэуэ иным щыщIидзэри, Германием и щIыналъэм нэс кIуащ. АдыгэлI хахуэм зэрихьа лIыгъэхэм папщIэ къыхуагъэфэщащ Хэкум и дамыгъэ лъапIэ зэмылIэужьыгъуэу 13.
- ЛэжьыгъэфI куэдкIэ гъэнщIауэ щытащ зауэ нэужь илъэсхэри. 1946 гъэм къыщыщIэдзауэ пенсэм кIуэху ар егъэджакIуэу щытащ. Абы щыщу илъэс 15-кIэ завучу, 8-кIэ пщыхьэщхьэ школым и директору лэжьащ.
- Газетым хуиIэ пыщIэныгъэри зэи зэпыуакъым, илъэс куэдкIэ щытащ штатым хэмыт корреспонденту. Редакцэм и пщэ ирилъхьа Iуэху игъэзащIэу ар куэдрэ щыплъагъунут промышленнэ, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм. Итххэри хъарзынэу къехъулIэрти, ахэр газетым къытехуэрт. Iуэхугъуэ куэд къыщиIэтырт Хьэсит и тхыгъэхэм. Ауэ псом хуэмыдэу Хьэмгъуокъур дэзыхьэхыр ди хабзэм, гъэсэныгъэм, еджэныгъэм теухуа Iуэхугъуэхэрт. Апхуэдэу щIыщытри Хьэсит илъэс 40-м щIигъукIэ школым зэрыщылэжьарауэ къыщIэ-кIынт.
- — Сэ срогушхуэ, — жиIэрт Хьэмгъуокъум, — езгъэджахэм щIэныгъэлIхэр, къулыкъущIэхэр, IэщIагъэлIхэр, лэжьакIуэ пашэхэр къазэрыхэкIам.
- Хьэсит езым и гъэсэнхэм щытепсэлъыхькIэ еш ищIэртэкъым. Абы и напщIэ телът иригъэджа и къуажэгъухэу Тау Пщыкъан, Бекъул Мухьэмэд, ЖьэкIэмыхъухэ Мусэбий, Хьэжмудин, Хьэсэн, Унэжокъуэ Борис, Тау Борис, Мамий Башир сымэ, нэгъуэщIхэри здынэса лъагапIэхэр.
- Жылагъуэ лэжьыгъэм пымыщIауэ уи нэгу къыпхущIэгъэхьэртэкъым Хьэмгъуокъум и гъащIэр. Ар 1958 гъэм къыщыщIэдзауэ Кэнжэ къуажэ Советым и депутату щытащ, абы щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и комиссэм хэтащ, еджакIуэхэм, къуажэдэс щIалэгъуалэм куэдрэ яIущIэрт, я ущиякIуэфIт.
- Хьэмгъуокъу Хьэсит цIыху-
- хэр зэхъуапсэ унагъуэкIи Тхьэр къыхуэупсат — и щхьэгъусэ Къалэгуащи къуа-жэм пщIэ щызиIа цIыхубзщ. Я бынихми я адэ-анэр ягъэукIытакъым, абыхэм я щапхъэ дахэм ирикIуащ.
- ЛIЫХЪУГУ Динэ.
- Илъэс щэ ныкъуэм щIигъукIэ лъэпкъым хуэлэжьа ЩоджэнцIыкIу Нурий
- СощIэж, дыщыцIыкIум дыдихьэхыу дедаIуэрт нэхъыжьхэм зэпадзыжурэ жаIэ уэрэд нэхъыфIхэм ящыщ гуэрым. Япэрауэ, абы гумрэ псэмрэ къыдыхьэ макъамэ дахэ щIэлът, тхьэкIумэ къудейкIэ мыхъуу, псэкIи дызэдаIуэ уэрэд нэхъыфIхэм ящыщу къэтлъытэрт. Абы зэреджэр «СыныпхуокIуэжт», «Мэлыхъуэ уэрэд» жызыIэхэри щыIэт, ауэ абы и псалъэхэри макъамэри зытхар хэтми тщIэртэкъым. Уэрэдыр жызыIэхэмкIи, абы едаIуэхэмкIи нэхъыщхьэр ар цIыхубэм фIыуэ зэралъагъурат, нэхъыбэ дыдэрэ жаIэхэм зэращыщырт.
- Зыкъэзумысыжынщи, а уэрэд цIэрыIуэр зи къалэмыпэм къыщIэкIар ЩоджэнцIыкIу Нурийуэ зэрыщытыр сэри къыщысщIар 1955 гъэращ. А гъэм къыдэкIат Нурий «Усэхэр» зыфIища и япэ тхылъыр. Ауэ сызытепсэлъыхь мы уэрэдыр дунейм къызэрытехьэрэ абы щыгъуэ илъэс пщыкIуз хъуакIэт. Зыгуэрым щытхъу щыхужаIэнум деж «А зым фIэкIа имыщIами, абы лъэпкъым и фIыщIэ жыг хуэфащэт», хужаIэ хабзэщ. Мис апхуэдэ фIыщIэ жыг зи гугъу сщIа и уэрэд цIэрыIуэмкIи къилэжьакъэ-тIэ ЩоджэнцIыкIу Нурий?! А уэрэдыр гъуазэ хуэхъуауэ къэплъытэ хъунущ илъэс щэ ныкъуэм щIигъукIэ ди лъэпкъ литературэмрэ журналистикэмрэ гурэ псэкIэ хуэлэжьа ЩоджэнцIыкIу Нурий.
- Нурий 1924 гъэм къыщалъхуащ Старэ КрепосткIэ зэджэу щыта Кушмэзыкъуей адыгэ къуажэжьым. Бахъсэн бжьэпэр Алыхьыр зыхуэупсахэм ящыщт: щIэныгъэм, щэнхабзэм ехьэлIауэ а лъахэ жумартым дызэригъэгуфIа псом ящхьэщ адыгэ литературэм и набдзэ ЩоджэнцIыкIу Алий. НэхъыжьыфIхэм хаша лъагъуэм ирикIуащ Нурии. Ари ящыщщ пасэу щэнхабзэм зезыпщытахэм — абы тхэн щIидзащ школым щыщIэса илъэсхэм. Школ нэужьым Нурий педучилищэм щеджащ. Абы и ужькIэ и къуажэм игъэзэжри, егъэджакIуэу лэжьащ. Хэку зауэшхуэр къэхъея нэужь, ЩоджэнцIыкIур дзэм ираджэ. Ар Орджоникидзе къалэм яшэри, лъэсыдзэхэр щагъэхьэзыр училищэм щIагъэтIысхьэ. МазищкIэ абы щеджа нэужь, сэлэтхэр щхьэж здашэнур яубзыху. А лъэхъэнэм Нурий сымаджэ хьэлъэ мэхъури, уIэгъэщым щIагъэгъуалъхьэ. НэхъыфI зэрыхъужу аргуэру дзэм хагъэхьэж, арщхьэкIэ, зауэ IэнатIэм Iупшэн хуэдэу узыншагъэ иIэжтэкъыми, адэкIэ унэм зыщыгъэхъуж, итIанэ деплъынщ жаIэри къаутIыпщыж. Ар зыхуэзэр 1943 гъэм и мэлыжьыхь мазэрат. Зэманыр хьэлъэт, умылажьэу псэугъуейти, и узыншагъэр зэфIэмыувэжыпами, Нурий школым мэувыж — цIыкIухэр зауэ хуэIухуэщIэхэм хуригъаджэу.
- ТIэкIу нэхъыфI сыхъужащ щыжиIэм, ЩоджэнцIыкIур военкоматым йокIуалIэ. Зауэ IэнатIэм ягъэкIуэным и пIэкIэ, абы къыжраIэ: «Абы фIэкIа узыншагъэ уимыIэу а уздэдгъэкIуэнум щыпщIэнум нэхърэ школым щIэсхэр зауэ хуэIухуэщIэхэм хуегъаджи нэхъыфIщ. Ари Iуэху цIыкIукъым»…
- Арати, школым егъэзэж. ЩIэныгъэр къызэремэщIэкIыр ищIэжырти, абы еджэну мурад ещI икIи пединститутым щIотIысхьэ. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм щыхуагъэхьэзыр илъэситI къудамэр къеухри, я къуажэм егъэзэж икIи тхыдэмкIэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ иригъаджэу школым щолажьэ. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, ЩоджэнцIыкIур 1949 гъэм Налшык къашэ. Ар япэщIыкIэ щолажьэ радиом, итIанэ — КПСС-м и обкомым пропагандэмрэ агитацэмкIэ и къудамэм. 1955 гъэм Нурий Москва еджакIуэ ягъакIуэ. КПСС-м и ЦК-м и Парт школ нэхъыщхьэр къиуха нэужь Налшык къигъэзэжри, ар щылэжьащ адыгэ газетым и редакцэм.
- А гъэхэм къыщыщIэдзауэ сэри ар нэхъыфIу къэсцIыхуащ. ИужькIэ тIури дыщызэдэлэжьащ «Ленин гъуэгум». Сыт хуэдэ IэнатIэ къыхуамыгъэфэщами, Нурий ящыщт зи къалэныр гурэ псэкIэ зыгъэзащIэхэм, кIэзетыр нэхъ гъэщIэгъуэн хъун папщIэ зи гуащIэ емыблэжхэм. Ар гупым яхэтт Iэдэбрэ сабыру. ЗыщIригъэхыу теухьэлеикIыртэкъым. Езыр кIэзетым и къудамэм и унафэщIу щыщытахэм щыгъуи, къызэрыгуэкI лэжьакIуэу щылэжьахэми гупым ящIэр ядищIащ.
- А псоми къадэкIуэу, Нурий усэ тхынри зэи IэщIыб ищIакъым. Зи усыгъэхэр 1942 гъэм дунейм къытехьэу хуежьа ЩоджэнцIыкIум и Iэдакъэм къыщIэкIауэ адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ къыдэкIащ тхылъ зыбгъупщI. Абыхэм адыгэ литературэм щаIэ увыпIэм хуэфащэ пщIэ хуащIащ ди тхылъеджэхэм. ЖыпIэ хъунущ Нурий хузэфIэкI псор и лъэпкъым, лъэпкъ щэнхабзэм хуищIауэ — и усыгъэ тхылъхэм, уэрэд телъыджэ хъуа и псалъэхэм, кIэзетым хуилэжьахэм нэмыщI, ЩоджэнцIыкIум куэду зэридзэкIащ Совет Союзу щыта къэралыгъуэшхуэм щыпсэу лъэпкъхэм къахэкIа усакIуэ зыбжанэм я тхыгъэхэри. Абыхэм папщIи фIыщIэшхуэ хуэфащэщ Нурий.
- ЕЛГЪЭР Кашиф,
- КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ.
- Псыпэр хэзышахэм ящыщ Агузар Мурадин
- Агузар Мурадин ящыщт Хъуран Батий и латин алфавитымкIэ къыдэкIыу щыта «Къэрэхьэлъкъ» газетым щылэжьахэм.
- Абы куэдрэ къытхуиIуэтэжу щытащ а зэманым газетым ущылэжьэныр гугъу къудей мыхъуу, атIэ икIи шынагъуэу зэрыщытар. Жэщми махуэми редакцэм щIэмыкIыу лажьэ корреспондентхэр, корректорхэр зы щыуагъэ закъуэ щхьэкIэ редакцэм щыщIаш къэхъурт, игъащIэкIэ къамыгъэзэжыну. Езы Мурадин жиIэжырт илъэс зыщыплIым къриубыдэу редакцэр зэрыщыту (цIыху 20-м нэс) хъыбарыншэу ягъэкIуэдауэ щытауэ.
- Хъураным и латин алфавитыр урыс алфавиткIэ щызэрахъуэкIауэ щытам щыгъуэт ар. Хъураным и цIэми, и лэжьыгъэми табу трагъэувати, газетым и лэжьакIуэхэм пIащIэ-тхъытхъыу алфавитыщIэр зрагъэщIэжырт, арат апхуэдиз цIыху зытекIуэда щыуагъэхэр газетым щIэкIуэр.
- Агузар Мурадин ящыщщ Хэку зауэшхуэм и япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ фронтым Iутахэм. Кавказым щежьэри, Польшэм нэс кIуащ бийм езауэу, дамыгъэхэр и бгъэм хэлъу къэкIуэжащ икIи редакцэм лэжьапIэ увыжащ. Ар лэжьащ парт, промышленнэ, ухуэныгъэ, письмохэмрэ тхьэусыхафэхэмкIэ къудамэхэм я унафэщIу, жэуап зыхь секретарым и къуэдзэу.
- Мурадин икъукIэ фIыуэ илъагъурт спортыр. Газетым и сыт хуэдэ къудамэм щымылэжьами, спортым, хэхауэ футболым, теухуа тхыгъэхэр къытрыригъадзэрт. И гуфIэгъуэт Налшык и «Спартакыр» ди стадионым щыщыджэгу, псом хуэмыдэу ар щытекIуэ махуэхэр.
- Мурадин и фIыгъэкIэ футбол зэхьэзэхуэхэр зэрекIуэкIар етIуанэ пщэдджыжьым газетым къытеддзэ хъуат. Ар къехьэлъэкIырт абы щыгъуэм редактору щытам, футболым мыхьэнэ щIагъуэ езымытым, ауэ апхуэдэ тхыгъэхэр ди щIэджыкIакIуэхэм ягу ирихьу хуежьат, я гуапэ зэрыхъури газетым къатхырт.
- Жэуап зыхь секретарым и къуэдзэм и къалэнхэм ящыщт газет напэкIуэцIхэр зэхэгъэувэныр, я макетхэр щIыныр, тхыгъэ цIыкIухэри, инхэри, сурэтхэри зэгъэкIуауэ газетыр къыдэкIыныр къызэригъэпэщыныр. Ахэр Мурадин фIы дыдэу къехъулIэрт.
- Агузар Мурадин цIыхухэр, псом хуэмыдэу дэ, и лэжьэгъухэр, фIыуэ дыкъилъагъурт, сыткIэ зыхуэдмыгъэзами, лъэкIымкIэ къыддэIэпыкъунут.
- КЪАМБИЙ Зуфар.
- 2003 гъэ
- Куэт Цоци и гуащIэ еблэжакъым
- ЦIыху телъыджэ куэд щылэжьащ ди газетым, хэкум, лъэпкъым зэрахущытыр зэхэгъэкIыгъуэ ткIийхэм къыщагъэлъэгъуауэ. Абыхэм ящыщ зыт Куэт Цоцэ. Ар зауэм и пэ, и ужь лъэхъэнэхэм илъэс 20-м щIигъукIэ газетым щылэжьащ икIи фIыуэ ищIэжырт а зэманым зыдэлэжьахэр, газетыр къыдэгъэкIыным пыщIауэ щыта гугъуехьхэр.
- Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1942 гъэм и шыщхьэуIум нэмыцэдзэхэр ди щIыналъэм къихьэри, Дзэлыкъуэ, Прохладнэ районхэр, Бахъсэн районым и нэхъыбапIэр псынщIэ дыдэу яубыдауэ щытащ. Ауэ абыхэм Бахъсэн псым и Iуфэм декIуэкIыу зыщызыгъэбыда советыдзэхэр ткIийуэ япэщIэуващ икIи мазитIым нэблагъэкIэ псым къызэпрагъэкIакъым. А мазитIми зэпымыууэ ди газетыр Налшык къыщыдэкIащ. Абы елэжьахэм яхэтт Куэт Цоци.
- 1942 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м ирихьэлIэу нэмыцэхэм ди къалащхьэр яубыдащ икIи газетым къыдэкIын щигъэтащ, адрей IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр зэрызэпагъэуам хуэдэу.
- Нэмыцэхэм Налшык ямыубыд щIыкIи, яубыда нэужьи Куэт Цоцэ ди къалащхьэр зыхъума советыдзэхэм я командованэм и къалэн щэху куэд игъэзэщIащ. Ар тIасхъэщIэхыу Бахъсэн псым зыбжанэрэ зэпрыкIащ, Дзэлыкъуэ районми нэсащ. Нэмыцэхэм яIыгъ жылагъуэ куэдым щыIащ. Абы къихутэрт махуи жэщи мыувыIэу Налшык къыдэуэ нэмыцэ топхэр здэщыт щIыпIэхэр, зригъащIэрт биидзэм танкыу, сэлэту дапщэ дэнэ щIыпIэ деж щиIыгъми икIи дзэхэм я командованэм жриIэжырт, ардыдэмкIи ди топгъауэхэр нэхъ шэрыуэ ищIырт. Цоцэ а зэманым къигъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ, къэралым, цIыхубэм я пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм къапэкIуэу дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ: Хэку зауэ орденыр, медаль куэд.
- 1943 гъэм щIышылэм и 4-м ди дзэхэм Налшык къалэр хуит къащIыжащ, Куэтри и лэжьыгъэм пэрыувэжащ. А зэманым и нэгу щIэкIахэм теухуауэ 1994 гъэм Цоцэ къиIуэтэжахэм щыщщ мыр:
- «1942 гъэм жэпуэгъуэм и 25 махуэр зэи сщыгъупщэжыркъым. Нэмыцэ кхъухьлъатэхэр, зы гупым игъэзэжмэ, адрейр къыщхьэщыхьэу, Налшык щхьэщытт — пщэдджыжьым сыхьэти 8-м щIадзэри, пщыхьэщхьэ кIыфI пщIондэ бомбэкIэ къеуащ икIи зэхакъутащ. Псэууэ къыдэнар унэ зыбжанэт, абдж зыхэлъыж щхьэгъубжэ щIагъуи плъагъуртэкъым. Ди редакцэм и унэ блынхэр къызэтенат, ауэ щхьэгъубжэхэр гъуанэпщIанэ хъуат. Нэмыцэхэр къалэм къыщыдыхьэм, газетым и лэжьакIуэхэм зыдгъэпщкIуащ.
- Нэмыцэхэр дахужа нэужь дыкъызэхуэсыжащ икIи газетыр къыдэдгъэкIыу щIэддзэжащ. Ауэ иджы гугъуехьхэр нэхъыбэ хъуат. ЛэжьакIуэ диIэжтэкъым, ди унэр Iисрафт. ЩIалэщIэ зыбжанэ къедгъэблэгъащ, пэшхэр зэлъыIутхащ, стIол, шэнт зыбжанэ зэдгъэпэщащ, щхьэгъубжэ гъуанэхэр картонкIэ, фанеркIэ дгъэбыдащ, ауэ, электрокъару щыIэтэкъыми, мазитI енкIэ фэтыджэн уэздыгъэкIэ дылэжьащ.
- Дэ, редакцэм и лэжьакIуэхэр, икIи дыкорреспондентт, икIи дыкорректорт, кIэщIу жыпIэмэ, IэнатIэ псори зэдэтхьырт, типографие лэжьыгъэхэри хэтыжу. Абы щыгъуэ линотиписту диIащ щIалэ хъарзынитI — зыр Шырыкъухэ, адрейр Бэдракъхэ яйуэ. Ахэр я IэщIагъэм хуэIэзэт икIи дагъэтыншырт — къащыпа гранкэхэм щыуагъэ хащIыхьыртэкъым. Ауэ куэд дэмыкIыу щIалитIри фронтым ираджащ, дэ гъэсэну къэтщта лэжьакIуэхэм дакъыхуэнэри, икъукIэ гугъу дехьащ.
- Редакцэм сызыщыдэлажьэхэм ящыщу си гум къинэжащ редактору щыта Къущхьэ БетIал. Къудамэхэм я унафэщIхэу щытахэу Шыд Ибрэхьим, Бжьэдыгъу Шэмсэдин, Абыдэ Залымхъан, Елмэс Iэбу. Ахэр псори фронтым кIуащ, псэууэ къэзыгъэзэжари Елмэсым и закъуэщ.
- Мыри си гум ихужыркъым.
- Сэ 1945 гъэм накъыгъэм и 8-м сыхьэт 12-м, зэрыхабзэу, редакцэм сыкIуащ къыкIэлъыкIуэ номерыр къыдэзыгъэкIынухэм сахэту сылэжьэну. ЕтIуанэ махуэм — накъыгъэм и 9-м и пщэдджыжьым номерыр хьэзыр тщIауэ, текIуэныгъэм и хъыбарыр къытIэрыхьащ, арати, номерыр щIэрыщIэу зэдгъэпэщыжащ а хъыбар дахэр иту. А махуэм дэ къытфIэIуэхужыртэкъым жэщ псом ди напIэ зэтедмылъхьэу дызэрылэжьари, гугъу дызэрехьари, дызэрымэжалIэри…
- Журналистхэр, типограф лэжьакIуэхэр ирикъуу зэрыдимыIэм къыхэкIыу зауэ нэужьми гугъуехьу екIуэкIащ ди лэжьыгъэр, ауэ а зэманым редактору лэжьа Щомахуэ Амырхъан зэрыхузэфIэкIкIэ зыкъытщIигъакъуэрт, ди лэжьыгъэ хьэлъэр къытщигъэпсынщIэну хэтт. Нэхъ тхэфыну гу зылъитахэр абы редакцэм къришалIэрт, ахэр игъасэрт, иущийрт.
- А зэманым ди редакцэм машинисткэу щылэжьащ Бэрэгъун Пагуэ. Ар редакцэм къакIуэрт и сабиитIыр щIыгъуу, жэщ хъуамэ, стIолыщхьэм пIэ щахуищIырти, езыр нэху щыху машинкэм бгъэдэст. КIуэкIуэ Къэрэжан (ари машинисткэт) редакцэм щыщIэкIыр зэзэмызэххэт — жэщри махуэри абы щигъакIуэрт.
- Нэмыцэхэр Налшык дахужа нэужь редакцэм и лэжьакIуэхэм къалэн зыщащIыжауэ щытащ я IэнатIэм къыдэкIуэу дэтхэнэри къалэр зэфIэгъэувэжыным сыхьэт 260-кIэ хэлэжьыхьыну, ари зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм, лэжьэгъуэ нэужьхэм. ДрагъэбыдылIауэ щытащ сымаджэщхэр зэгъэпэщыжын лэжьыгъэм икIи абыкIи тлъэкI къэдгъэнакъым.
- Нэмыцэхэм я танкхэр къызэтегъэувыIэн мурадкIэ Прохладнэ щIыбкIэ губгъуэм щаукъуэдияуэ щыта щIытI куухэр зыщIахэм мазищкIэ яхэтащ ди редакцэм и лэжьакIуэхэу Шыхъуэ Махъты, Сасыкъ Быцэ, адрейхэр мазитIкIэ дахэтащ Налшык и къыдыхьэпIэхэм окопхэр къыщызытIахэм.
- А псоми къадэкIуэу, дэ, редакцэм и лэжьакIуэхэм, нэгъуэщI лэжьыгъэшхуи едгъэкIуэкIырт — агитатору дылажьэрт, фронтым къикI хъыбархэм, газетым къытеддзэ тхыгъэхэм цIыхухэр щыгъуазэ тщIырт, хьэблэхэр, унагъуэхэр къызэхэткIухьурэ, губгъуэ унэхэм, фермэхэм дыкIуэурэ.
- Редакцэм и лэжьакIуэхэми ягъэващ зауэм, абы иужь илъэсхэм цIыхухэм ятелъа гугъуехь псори — ахэр щыгъыныджэт, ерыскъыр къаймэщIэкI къудей мыхъуу, мышхауэ щылажьи куэдрэ къэхъурт, дызыщылажьэ пэшхэр щIыIэт, псыIэт, кIыфIт, дыщысу мыхъумэ, зыщыдгъэпсэхун, зыщедгъэщIын пэш е къуэдзапIэ диIэтэкъым. Ауэ а гугъуехьхэр зэгуэр зэриухынур, ди къэралым зэрызиужьыжынур хьэкъыу тпхыкIати, зыри и гуащIэ еблэжыртэкъым».
- ФIэщхъуныгъэкIэ гъэнщIащ мы гукъэкIыжхэр икIи а гугъапIэхэр къайхъулIауэ, цIыхухэр зэщыгуфIыкIыу псэууэ илъагъужащ Цоцэ. Илъэс куэдкIэ хьэлэлу газетым хуэлэжьа цIыхубз щыпкъэр, зауэми лэжьыгъэми я ветераныр 1998 гъэм дунейм ехыжащ.
- ДЖАТОКЪУЭ Залинэ.
- Журналистхэм я гъэсакIуэ емызэш Апажэ Назир
- 1929 гъэм накъыгъэм и 5-м Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ Апажэ Назир Жамырзэ и къуэр. ЩIалэ дыдэу лэжьэн щIидзащ абы.
- Къуажэ курыт школыр къызэриухыу, абы егъэджакIуэу къагъэнэжат. Куэд дэмыкIыу, и ныбжьыр илъэс тIощIым иту, 1949 гъэм Налшык къашэ. Школым щIэсу тхэн щIэзыдза щIалэщIэм и къалэмыпэм къыщIэкIахэр «Къэбэрдей пэж» газетым и редакцэм щылажьэхэм ягу ирихьри, корреспонденту ящтат икIи абы зэфIэкI зэриIэр занщIэу къигъэлъэгъуащ.
- Назир партым хагъэхьэ, Геленджик дэт парт школми щIагъэтIысхьэ. Ар хъарзынэу къиуха нэужь, Апажэр редакцэм и парт къудамэм и унафэщIу ягъэув. А IэнатIэ мытыншми ехъулIэныгъэ иIэу, ищIэр хъууэ илъэс щэщIым щIигъукIэ щылэжьащ ар. Республикэм зы парт организаци иттэкъым зи лэжьыгъэм Назир щымыгъуазэ. Абы и лэжьыгъэфIым папщIэ «Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ, мызэ-мытIэу дамыгъэ лъапIэхэр, щытхъу тхылъхэр, ахъшэ саугъэтхэр къратащ.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, лэжьакIуэ хьэлэмэту, цIыху телъыджэу щыта Апажэ Назир 2003 гъэм мэкъуауэгъуэм дунейм ехыжащ. Республикэм щыцIэрыIуэ журналист куэдым я гъэсакIуэр, цIыху щыпкъэр зыхэта гупым ящыгъупщэркъым.
- Абыхэм ящыщщ ди газетым илъэс куэдкIэ щылэжьа Уэрыш Нурхьэлий Назир теухуауэ итхыжауэ щыта мы гукъэкIыжхэри.
- «Университетым дыщIэсу, дызыхурагъаджэм нэхъыфIу дыхэгъуэзэн папщIэ практикэ дагъэкIуат. Къыздеджэхэр Нало Ахьмэдхъан Старэ Урыху школым ишат, сэ «Ленин гъуэгу» газетым и редакцэм сагъэкIуат. А зэманым цIыхугъэ схуэхъуат Апажэ Назир — ар зи унафэщI къудамэм срагъэбыдылIат. Апажэр лэжьакIуэшхуэ къудей мыхъуу, гуапэт икIи гушыIэрейт.
- Журналистикэм япэ лъэбакъуэр абы и деж щыхуэсчауэ къызолъытэ. Назир и гъусэу куэдрэ сыздришажьэрт. Парт организацэхэм я IуэхущIафэхэм, секретархэм я лэжьэкIэм щыгъуазэ зыщищIкIэ сыкIэлъыплъырт, дыкъэкIуэжа нэужь итхыжхэм сригъаджэрт, сэри зыгуэрхэр сигъэтхырти, езыр еплъырт, хъуари мыхъуари къызжиIэрт, си щыуагъэхэр сигъэлъагъужырт. А псори иужькIэ къысхуэщхьэпэжащ.
- Университетым и ужькIэ, комсомолым зы илъэс нэхъ сыщымылэжьауэ, Бахъсэн къыщыдэкI «Коммунист» газетым и редакцэм срагъэблагъэ. Аргуэру Назир сэрэ ди гъуэгухэр зэтохьэж. Нарткъалэ къыщыдэкI «Маяк» газетым и редактор нэхъыщхьэу ягъэкIуат ар. Дэ ди газетхэм я номер зэхэтхэр щIэх-щIэхыурэ къыдэдгъэкIырт. Зэм Бахъсэн, зэми Нарткъалэ дыщызэхуэзэрт, дыщызэпсалъэрт.
- Ещанэу сэ Назир сыщыхуэзэжащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм икIи нэхъ гъунэгъужу мыбы дыщызэрыцIыхуащ. Апажэр иджы редакцэм жэуап зыхь и секретарт. Сэ нэхъыбэу гу зылъыстар ар и Iуэхум зэрыхуэIэижьым и закъуэтэкъым, атIэ гумызагъэу, жыджэру, Iуэхум тезашэ имыщIэу зэрыщытырт. Абы удэлэжьэну икIи гугъут, икIи тыншт. ЗыщIебгъэхыу, уи къалэнхэр и кIэм нэсу умыгъэзащIэу идэнутэкъым. Ауэ мыхьэнэншэри фIэгъэнапIэ ищIынутэкъым. Чэнджэщ пэжхэр, гуапэхэр къуитынут, ущыуамэ, гъуэгу пэж утригъэувэжынут.
- АтIэми, Апажэр цIыхугъэшхуэ, гущIэгъу зыхэлъ цIыхут. Абы хьэл хьэлэмэт иIэт. ЛэжьакIуэ гуэр и мазэ зыгъэпсэхугъуэм кIуэнумэ, абы и тхыгъэхэр нэхъыбэу газетым игъакIуэрт, гонорар нэхъыбэ къригъэлэжьын папщIэ.
- НэгъуэщI зы хьэл гъэщIэгъуэни дэслъэгъуащ сэ а лIым. Тхыгъэр машинкэкIэ тезыдзэхэм къалэжьыр нэхъ мащIэт. Назир абыхэм ядэIэпыкъуурэ телевиденэм, радиом я программэхэр адыгэбзэкIэ зэрыригъэдзэкIырти, гонорар къаригъэлэжьырт. Къыддэлажьэхэм ящыщ гуэр гуфIэгъуэ иIэмэ, е нэщхъеягъуэ къылъыкъуэкIамэ, апхуэдэхэм защIэгъэкъуэнымкIи япэ итхэм ящыщт ар.
- Назир жэуап зыхь секретару лажьэ щхьэкIэ и тхэныр зэпигъэуртэкъым. Абы IэкIуэлъакIуэу итхырт пэрыт тхыгъэхэр, апхуэдэуи АПН, ТАСС хъыбарегъа- щIэ агентствэхэм къатхэр, законхэр, унафэхэр гъэхуауэ зэридзэкIырт».
- ЩОДЖЭН Заирэ.