ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

НыбжьиблкIэ  узэIэбэкIыжмэ

2019-03-05

  • Кавказ Ищхъэрэм щыщ бгырыс-хэм цIыхум уасэ зэрыхуагъэувыр и хьэлымкIэт: хьэлэлу, хьэщIэхуэфIу щытыр хамэми благъэми лъагэу яIэтырт. Адыгэ унагъуэм зы хьэщIэм и гугъу щащIын ямыухыурэ адрейр бжэщхьэIум къытеувэу щытащ пасэ зэманхэм. Унащхьэм бэдж къехыу ялъэгъуамэ, ар Тхьэм и IэмыркIэ лIыкIуэу къахуэкIуауэ къалъытэу, хуэсакъыпэурэ IэгукIэ щIыбым щIахырт: «ХьэщIэ къокIуэ, абы хъыбарыфIрэ фIыгъуэрэ къыдэкIуэнущ», жаIэурэ.

  • Мусукаев Александр

    Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъхэм цIыхум хэлъ хабзэр абы и гум и гъуджэу къалъытэ. Адыгэхэми, балъкъэрхэми, осетинхэми, шэшэнхэми, ингушхэми, адрей бгырыс лъэпкъхэми цIыху декIуэкIыкIэр акъылым и лъагапIэут зэрабжыр. Хабзэхэр лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ зэтоувэ, ар зезыхьэ лъэпкъым и тхыдэ гъуэгуанэр теплъагъукIыжу.

  • 1975 гъэм сепсэлъэну къысхуихуат Бейдыдж къуажэм щыщ, балъкъэрхэм я «лъэпкъ тхыдэджхэм» яз Геккиев Донгай. Абы фIы дыдэу хищIыкIырт Кавказ Ищхъэрэм и тхыдэм, адыгэбзи, осетиныбзи, нэгъуэщI лъэпкъ гъунэгъу зыбжанэм я бзэхэри ищIэрт. Абыхэм къадекIуэкI хабзэми динми зэрыщыгъуазэм къыхэкIыу, а дадэм фIэщхъуныгъэ быдэ бгъэдэлът, бгырысым и къэухьри и гъэсэныгъэри зэрыиным, абы къыдекIуэкI цIыху хэтыкIэм зэрыкъуэмылIыкIынум шэч къытримыхьэу. КъыкIэлъыкIуэ махуэм дунейм зэрызищIынум и гугъу щытщIым, абы къызжиIар мырат: «Пщэдджыжь пшэплъыр узэплъэкIыу укъызэплъэкIыжыху токIуэтри йожьэж, ауэ пщыхьэщхьэр пшэплъмэ, махуитI-щыкIэ уэфIу щытынущ». Абы гу лъитэрт цIыхухэм я гупсысэкIэм, хабзэм иубыд увыпIэм (псалъэм папщIэ, нэхъыжьым хуащI пщIэм, бзылъхугъэм зэрыхущытым, хьэблэ зэхэтыкIэм) зэрызихъуэжым.
  • Ныбжьышхуэ зиIэ цIыхухэм Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъ куэдым я деж ущрохьэлIэ. Абы и щхьэусыгъуэхэм улъыхъуэмэ, ар лъым, зыхэпсэукI хьэуам, лъэпкъ гупсысэкIэм елъытауэ къыщIокI.
  • УкъызыхэкIа лъэпкъым и ныбжьибл пщIэныр адыгэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ. Благъагъыр къыщежьэмрэ зэрызиужьымрэ пщIэмэ, унагъуэр зищIысри нэхъ къэщIэгъуафIэщ.
  • Псалъэм папщIэ, Курп Ипщэм (Инарыкъуей) къуажэм щыщ Хьэткъутхэ пасэ зэманым Псыдахэ псыежэхым Iусащ. 1765 — 1775 гъэхэм пщIондэ абыхэм я адэжьхэр Инарокъуэпщхэм я уэркъыу къекIуэкIахэщ. 1765 гъэм и ужькIэ Инарокъуэпщыр уэркъ зыбжанэ и гъусэу Курп Iуфэ Iэпхъуэри, абдежым щиухуауэ щытащ и унэцIэр зезыхьэ къуажэщIэ. Къанкъуж жыхуаIэм къуитI иIэт: Къарэжьрэ Хьэткъутрэ. Къарэжь — Къарэжьхэ къатехъукIащ, Хьэткъути и унэцIэр зезыхьэ лъэпкъым лъабжьэ хуэхъуащ.
  • «Бей» унэцIэм и мыхьэнэр «къулей» псалъэм хуокIуэ. Дзэлыкъуэ хъупIэхэм зи былым щызыгъэхъуакIуэу щыта Бейхэ щIышхуэ яIыгът, Iэщ щызэрахуэу, мэкъу щеуэу, езыхэр зэблагъэ хьэблэшхуэ хъурт, нэрыбгэ пщIы бжыгъэм нэс къызэщIиубыдэу, аращ унэцIэм и къежьапIэр.
  • «Таукенов» унэцIэм я лъабжьэр Джылахъстэнейм хиубыдэ Борыкъуей къуажэм къыщожьэ. Зэкъуэшищ я пщым щыхьахэт, налог ирамытын щхьэкIэ. Арати, зэкъуэшхэм я нэхъыжь Алан и зиусхьэныр иукIри, Балъкъэр щыналъэм ихьэжащ, лъыщIэжым IэщIэкIын и гугъэу. Абы «Таукеладам» — «цIыху хахуэ» — къыщыфIащащ. Лъэпкъыр къызытехъукIа «Таукел» и цIэр унэцIэ хъужащ. Таукеновхэ къатепщIыкIыжащ Сокъур, Исакъ, Маммеев, Залиханов унэцIэхэр. Къэсейхьэблэ (Баксанёнок) щыщ Лъостэнхэ къызытехъукIар Лъостэн Исхьэкъщ. Лъэпкъым щыщхэм зэрыжаIэмкIэ, я унэцIэр «Лъостэн» цIэ зезыхьэ лIым къытекIащ. Лъостэн ЛIэужь шы куэд зэрихуэу щытащ, Iэщышхуэрэ мэлу хъушэшхуэхэр иIэт. УнэцIэр зезыхьэхэм я нэхъыжьым и цIэр Мамсырт. ЗэрыжаIэжымкIэ, Лъостэнхэ яIыгъащ Александровкэ ихъуреягъыр, Арщыдан ищхъэрэм хуэзэ щIыхэр, Шэрэдж Iуфэр, езыхэр уэркъ лIакъуэм щыщхэщ. Урыс-Кавказ зауэм и ужькIэ Лъостэнхэ ящыщ гуэрхэр Тыркумрэ хьэрып къэралхэмрэ Iэпхъуащ. Псыхъурей дэсщ Лъостэн Мамсыр и къуэхэу Пакърэ Яррэ я щIэблэр.
  • Шэрджэсейм щыщ зэкъуэшищ я къуажэм къыдэкIри, Къэбэрдейм къэIэпхъуат: Шэджэм Езанэм, ЕтIуанэм, Кэнжэ. Уэрыш зи цIэр Шэджэм Езанэм дэтIысхьащ, Алэкъей — Шэджэм ЕтIуанэм, Къущхьэ — Кэнжэ къуажэм. Абыхэм Уэрышхэ, Алэкъейхэ, Къущхьэхэ къатепщIыкIащ.
  • КIэрэфхэ революцэм и пэкIэ уэркъ унагъуэ къулейхэм хабжэрт. Мэл миным нэс зэрахуэрт, щIы куэд яIыгът. Я псэупIэр Акъбащ Ипщэрат. 1790 гъэм КIэрэф Ашэ къалъхуащ. Аращ джылахъстэней КIэрэфхэм я лъэпкъыр къызытехъукIар. Езы КIэрэфхэ Астемырыпщым и уэркът, абы и унэцIэр зезыхьэ къуажэм (Астемырей) дэсхэу. Ашэ унафэ ищIамкIэ, пщылIхэми унэIутхэми езыхэм я унэцIэр кърагъэщтауэ щытащ.
  • Илъэс куэд ипэкIэ Дагъыстэным къикIри Къэбэрдейм Саласкир зи цIэ къумыкъу къэIэпхъуауэ щытащ. Абы къытехъукIащ Харкизовхэ я унэцIэр.
  • Сванетием я пщы пашэхэм зэрахьэу щытащ «Эристави» унэцIэр. ДызэрыщыгъуазэмкIэ, Анаури быдапIэр къызэзыгъэпэщауэ щытар Эриставс-кий Нукзарщ. Нукзар къуиплI иIащ: Тэмазэ, Таймураз, Алаби, ХъаIэ. Тамазэ унэцIэр иджыпсту адыгэхэми балъ-къэрхэми зэрахьэ.
  • Къэбэрдейм Сонэхэ я унэцIэми ущрохьэлIэ. Ахэр сванхэм ящыщ Дадешкилиани унэцIэм къытехъукIащ.
  • Бырсекъуэхэ я нэхъыжьым и цIэр Аслъэныкъуэщ, жанейхэм ящыщщ. Бырсекъуэхэ Псыжь псыежэхыр Iузэв хым щыхэлъадэм деж щыпсэууэ щытащ. Аслъэныкъуэ Къэбэрдейм, Бабыгуей къуажэм къэIэпхъуа нэужь, абы и къуэ Исхьэкъ «Бырсэ»-кIэ зэджэжын щIидзащ. «Бырсэ» псалъэм, жанеибзэкIэ «лIы» мыхьэнэ иIэщ.
  • Кавказ Ищхъэрэм и цIыхубэр сыт щыгъуи хущIэкъурт ныбжьыщIэхэм, бзылъхугъэхэм, зауэлIхэм папщIэ еджапIэщIэхэр къызэIухыным. А IуэхумкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ Ставрополь къыщызэрагъэпэщауэ щыта гимназиер. А еджапIэм къыщIэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и цIыхубэ гъащIэм лъэужь дахэ къытезына цIыхушхуэхэр: Хьэ- тIохъущокъуэ Къазий, Абаев СулътIан-Бэч, КIашэ Адэлджэрий, Урусбиев Исмэхьил, Келеметов Къэнщауэ, нэгъуэщIхэри.
  • МУСУКАЕВ Александр, КъБКъУ-м и профессор.
  • Зыгъэхьэзырар Чэрим Марианнэщ.