ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ди анэм тхухиша лъагъуэ нэху

2019-03-05

  • ЦIыху къэс зы хъуэпсапIэ гуэр иIэщ. Сэри сызэрыцIыкIурэ щэхуу сыщIэхъуэпсырт егъэджакIуэ IэщIагъэм срилэжьэну. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ къыщIэкIынт си анэ Щокъул Феня егъэджакIуэу къуажэ школым зэрыщылажьэр. Щапхъэ схуэхъуауэ, абы и дерс дахэхэм сыкIэлъыплъу сыщIэсу щытащ сыдихьэхыу. Ар езыр цIыху Iущт, гу щабэт, еджакIуэхэм щабэу сыт щыгъуи епсалъэрт, зэи и макъ дришеяуэ зэхэсхауэ сщIэжыркъым.

  • Болэтей къуажэм дэт курыт еджапIэр къэзухри, си анэр си щапхъэу, Налшык дэт педагогикэ училищэм сыщIэтIысхьащ. Абы егъэджакIуэ IэщIагъэр щызэзгъэгъуэта нэужь, си щIэныгъэм щыхэзгъэхъуащ КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым адыгэбзэмкIэ и къудамэм икIи Тэрч къалэ дэт етIуанэ курыт еджа- пIэм пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу лэжьэн щыщIэздзащ. Илъэс дэкIа нэужь адыгэбзэмрэ литературэмрэ езгъэджын щIэздзащ. Нобэр къыздэсым а еджапIэм сыщолажьэ.
  • Сабийм егъэджакIуэм и плъэкIэр, и псэлъэкIэр, и зыщIыкIэр, уеблэмэ щыгъа щыгъын нэгъунэ и нэгум къыщIонэ. Зы егъэджакIуи щыIэу къыщIэкIынкъым япэу и IэмыщIэ къихьа сабийхэр гукъинэж щымыхъуу, ауэ насыпышхуэр езы ныбжьыщIэхэм ягу уилъынырщ. Ар хузэфIэкIырт си анэм — и гъэсэнхэмрэ езымрэ сытым дежи гу къабзэкIэ зэбгъэдэту щытащ.
  • «Бзур зыIэтыр и дамэрщи, цIыхур зыIэтыр и лэжьыгъэрщ», — жиIащ пасэрейм. А псалъэжьым сытету сэри солажьэ. НыбжьыщIэхэр зэрезгъаджэм нэмыщI, ныбжьэгъуу сахущытыну сыхэтщ. Анэдэлъхубзэр сабий- хэм ебгъэджыным къалэнышхуэ пыщIащ. Бзэмрэ литературэмрэ я гъусэу сабийхэм я лъэпкъ хабзэхэри идогъэдж, я адэжьхэм я гурылъхэмрэ я гупсысэкIэмрэ щыгъуазэ дощI. Сабийхэм я нэхъыжьхэр, я адэ-анэхэр абыкIэ щIэгъэкъуэн къэпщIу щытмэ, ехъулIэныгъэфI уиIэнущ.
  • Си гъэсэнхэм бзэр яфIэфIу къохъу, уеблэмэ усэ цIыкIу зэхэзылъхьи яхэтщ. Ахэр жыджэру хэтщ ди районым, республикэм щекIуэкI зэпеуэхэм. Апхуэдэхэщ, «СИГМА» еджэныгъэхэр, тхылъеджэхэм я зэпеуэхэр, «Черкесский мир», нэгъуэщI джэгу-зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Утыку къохьэ, я зэфIэкIыр ягъэлъагъуэ.
  • Анэдэлъхубзэм и махуэр ди еджапIэм иджыблагъэ щыдгъэлъэпIащ. Абы къедгъэблэгъащ Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Акъсор Хьэлым. ЕджакIуэ цIыкIухэр усэ къеджащ, уэрэд жаIащ, «Хъерлы зыгъэпIейтейр» пьесэм щыщ теплъэгъуэ цIыкIуи дагъэлъэгъуащ. ЦIыкIухэм ябгъэдэлъ зэфIэкIыр гурыхь ящыхъуащ махуэшхуэ зэхыхьэм кърихьэлIахэм.
  • Лъагъуэ дахэ щытхухишат ди анэм мы гъащIэм. Абы и лъэужьым ирикIуащ си шыпхъу нэхъыжь Щокъул-Бжьыней Марини. Ар пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэщ.
  • Дэ дыхущIокъу ди сабийхэм бзэр фIыуэ ялъагъуу, адыгэ хабзэр яхъумэу, хьэл-щэныфIэу дунейм тетыну. А мурадыр къыдэхъулIэн папщIэ тхузэфIэкI псори тщIэну дыхэтщ зэшыпхъуитIыр. Бзэм и дахагъэр сабийхэм ябгъэдэплъхьэфын папщIэ уэ езым ар пхуэгъэшэрыуэу щытын хуейщ. Ар фIыуэ къыдгуроIуэ дэ. Ди анэм хузэхэслъхьа си усэ цIыкIум щыгъуазэ яхуэсщIыну сыхуейщ ди газетеджэхэр:
  • МАМЭ
  •  Мэхъу пщыхьэщхьэ, жэщри хокIуатэ,
  • Уэ, итIани, мамэ, еш умыщIэ.
  • Дэ ди шхыIэн кIапэхэр щIэбупщIэу,
  • Щэху зыпщIауэ пэшым къыщокIухьыр.
  • Ауэ сэ сыжейркъым, сыпкIэлъоплъыр,
  • Уи псэу еш зымыщIэм содэхащIэ.
  • Сыхуейщ гукIэ, мамэ, сэ уэ узгъэфIэну
  • Гуапэу, щабэу си Iэхэр птызолъхьэ.
  • Мамэ, ди къуршыжьхэм хуэдэу уэ удахэщ.
  • Мамэ, дыгъэ бзийхэм хуэдэу уэ ухуабэщ,
  • Си щхьэр ислъхьэмэ уэ уи куэщI щабэм,
  • Гуныкъуэгъуэу сиIэр сэ сщхьэщокI.
  • Сыхуейщ дэ куэдрэ уэ утхуэпсэуну.
  • ЩОКЪУЛ — МЭШЫЛI ФатIимэ,
  • Тэрч къалэм дэт курыт школ №2-м и егъэджакIуэ.
  • Джылахъстэней щIыналъэ