ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъагъуэ

2019-02-19

  • КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ «Черкесский ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ къыдаIыгъыу КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм иригъэкIуэкI «Ди Iуэху еплъыкIэхэмкIэ адыгэбзэкIэ дызохъуажэ» зэпеуэр Аруан къуажэм дэт курыт еджапIэм щрагъэжьащ.

  • Утыкум щызэрихьэлIат Нарткъалэ дэт 2-нэ, 6-нэ школхэм, Джэрмэншык, Аруан къуажэхэм дэт курыт еджапIэхэм щIэс ныбжьыщIэхэр. КъэпщытакIуэхэу яхуеблэгъат КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм щIэблэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ и комиссэм и унафэщI Сэрахъэ Алан, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэ Iэрэмысэ Тимур, КъБКъМУ-м и студент зэгухьэныгъэм и унафэщI Гугъуэтыж Ахьмэд, «Шэрджэс ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Жылэгъащтэ Хьэчим, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм хэт Хъуран Лианэ, Аруан щIыпIэ администрацэм и лэжьакIуэ Хур Каринэ сымэ.
  • Къалэм дэт курыт еджапIэхэм къикIа гупхэм я псалъэмакъыр зытеухуауэ щытар интернетымрэ щIалэгъуалэмрэ я зэхущытыкIэрат. Абы ипкъ иткIэ, щхьэж зи телъхьэм елъытауэ, еджакIуэхэм гупитIу загуэшат — интернетыр зи Iэпэгъухэмрэ ар зэран хъууэ къэзылъытэхэмрэ. Ди гъащIэм увыпIэшхуэ щызыубыд хъуа интернетым и фIагъ псори утыкум кърахьащ Нарткъалэ дэт 2-нэ курыт еджапIэм къикIа цIыкIухэм. ЕджакIуэхэм щапхъэкIэ щIагъэбыдыхьыжурэ къыжаIащ иджыпсту, лъэбакъуэ лей умычу, унэм ущIэсу интернеткIэ Iуэху куэд зэрызэфIэбгъэкIыфыр, псалъэм папщIэ, интернет тыкуэнхэм ущыщахуэ, зыгъэпсэхуакIуэ е нэгъуэщI щIыпIэ укIуэнумэ, абы папщIэ узыхуеину псори тыншу зэбгъэпэщ зэрыхъур, дуней къэхъукъащIэхэм я хъыбархэр псынщIэу къызэрыпщIэфыр, еджэныгъэмкIи лэжьыгъэмкIи ар сэбэп зэрыхъур.
  • Интернетыр зэран хъууэ къэзылъытэ, Нарткъалэ дэт 6-нэ школым къикIа гупми зэралъэкIкIэ я Iуэху еплъыкIэр яIыгъыжащ. Абыхэм, тракъузэIуэркъэ жыпIэу, къыхагъэщащ интернетыншэу узэрыпсэуфынур. Щапхъэуи къахьащ ди япэ ита нэхъыжьыфIхэм я блэкIар, ахэр иджыи нэхъ зэгурыIуэу, нэхъ зэхуэгуапэу, зэрыщIэу зэрыщытар. Гъунапкъэншэ дуней щхьэхуэр къызэрыунэхурэ цIыхухэр зэрымылъагъуж, зэкIэлъымыкIуэж, нэхъ сымаджэрилэ зэрыхъуари къыжаIащ. Псом хуэмыдэу нэм, бгым, псантхуэм, щхьэм зэран зэрахуэхъур, узыншагъэм нэхърэ нэхъ лъапIэ дунейм зэрытемытыр, абы укIэлъыплъын зэрыхуейр, нэгъуэщI куэди щапхъэу къахьащ.
  • Джэрмэншык къикIахэмрэ Аруан дэт еджапIэм щыщхэмрэ я зэныкъуэкъур къызэрыкIар «Къебгъажьэр хабзэщ» темэрат. НэхъапэкIэ джэгуахэм хуэдэу, мы гупитIри зэпэщIэуват, хабзэжьымрэ махуэ къэскIэ щIэуэ ди гъащIэм къыхыхьэхэмрэ нэхъ къекIур, нэхъ тыншыр зэхагъэкIыну.
  • Пасэрей хабзэжьхэр ткIийми, ди нэхъыжьхэр абыхэм щытетым щыгъуэ цIыху гъащIэр нэхъ дахэу зэрыщытар къыхагъэщащ Аруан къуажэм дэт курыт еджапIэм щыщхэм. Иджыпсту дызэрыт зэманыр зыхуэныкъуэ шынэр, укIытэр, щIэчэр цIыхухэм нэхъыбэу яхэлъу, нэхъ набдзэгубдзаплъэу, зэгурыIуэу зэрыщытар, ноби а хабзэхэм дыкIэлъыплъын, зетхьэн щIэддзэжмэ, къэхъукъащIэхэр нэхъ мащIэ зэрыхъунур, хабзэм къемызэгъ зэрамылэжьынур жаIащ. Хамэ лъэпкъхэм ядэплъейурэ ди хьэгъуэлIыгъуэхэм, сабийхэм кIэлъызэрахьэ хабзэхэм куэду зэхъуэкIыныгъэ зэрагъуэтар, абы ныкъусаныгъэу халъагъуэхэри утыку кърахьащ.
  • Зэманым удекIуныр нэхъыфIу къэзылъытэ, Джэрмэншык къикIа еджакIуэ цIыкIухэми я Iуэху еплъыкIэхэр дахэу зэгъэкIуауэ къагъэлъэгъуащ. Пасэрей хабзэжьхэр нобэкIэ тIэкIу лъэныкъуэкIэ екIуэтэкIа хъуами, ар зи зэраныр махуэ къэскIэ зызыхъуэж дунейр арауэ зэрыщытыр, нобэкIэ абы ухэпсэукIыфын папщIэ абыхэм утетыну гугъу зэрыхъуар къыхагъэбелджылыкIащ. Зэманыр зэрымытыншым къыхэкIыу, Iуэху гуэр дахын папщIэ цIыхухэм иджыпсту щыIэ Iэмалхэмрэ я сом бжыгъэмрэ зэпашачэурэ, я щхьэ и тыншыпIэ къалъыхъуэурэ хабзэжьхэм IэмалыншагъэкIэ ебэкъуэн хуей зэрыхъур къыхагъэщащ.
  • Мы зэпеуэм пашэныгъэр щызыубыдхэм къыкIэлъыкIуэ зэныкъуэкъуми хэтыну Iэмал яIэти, ныбжьыщIэхэр хущIэкъуащ абыхэм зыхагъэхуэну. КъэпщытакIуэхэм жаIащ гъэхуауэ, шэрыуэу, зэхэщIыкIыгъуэу еджакIуэхэм жэуап зэратар куэду ягу зэрырихьар, ахэр зыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэми фIыщIэ хуащIащ. Абыхэм ягъэува балл бжыгъэхэмкIэ япэ ищащ интернетым и «жагъуэгъухэу» Нарткъалэ дэт 6-нэ курыт еджапIэм и гупымрэ хабзэжьым и телъхьэхэу Аруан къуажэм дэт курыт еджапIэм щыщхэмрэ.
  • ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.