Шы гъэсэкIэм теухуа тхылъ
2019-01-31
- Ди щIэджыкIакIуэхэм нэхъ пасэу и гугъу фхуэтщIат Артамоновэ (Къуныжь) Лидиерэ Евдокимов Александррэ зэдатха «Спортым хэт шыр зэрагъасэр» («Учебник по выездке спортивной лошади») тхылъым. Сыт хуэдэ тхылъи зыIэрыбгъэхьэну Iэмал къозыт интернет тыкуэнхэм я фIыгъэкIэ иджы ар къытIэрыхьащи, дигу къинэжахэмкIэ дывдогуашэ.
- «Ди плъапIэ нэхъыщхьэр къэралыгъуэмрэ лъэпкъымрэ тхыдэкIэ къыдэгъуэгурыкIуа шы зехуэкIэ Iэмалхэм зыкъедгъэужьыжынырщ», — жаIэ тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIхэм. — Шы зехуэн IэщIагъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ къалъытэ Гериньер, Бошэ сымэ я гъэсэкIэращ къэдгъэлъэгъуэну дызыхэтыр».
- «Ди тхьэ, сэркIэ ефIэкIуэнур зэрысхъуэжын къару къызэт; схуэмыхъуэжынур сигу техуэн хуэдэу бэшэчыгъэ сригъэкъу; зыр адрейм хэзмыгъэгъуэщэн хуэдэуи Iущыгъэ къысхэлъхьэ», — а тхьэлъэIумкIэ ирашажьэ зэщхьэгъусэхэм я хъыбарыр. «Ар ди бгъэдыхьэкIэу ттха лэжьыгъэр фи пащхьэ ныдолъхьэ», — гуапэу зыкъыхуагъазэ абыхэм тхылъеджэхэм.
- КупщIафIэм къыщымынэу, гъэщIэгъуэну узыIэпешэ «ТIэщIэкIа ехъулIэныгъэр зэрызыIэрыдгъэхьэжыну щIыкIэр» («Формула утраченного успеха») зыфIаща пэублэми. «Шыр зэрызэбгъэдэIуэнур», «ШыщIэм узэрыдэлэжьэнур», «ЕджапIэ нэхъыщхьэ» — Iыхьищ къудейщ тхылъыр зэрыхъур, дэтхэнэ зыри шум бгъэдэлъын хуей Iэзагъымрэ ар шым зэрырихьэлIэну щIыкIэмрэ щытепсэлъыхьу.
- Къэрал щхьэхуэхэм шы гъэсэн Iуэхур къызэрыщекIуэкIам и тхыдэм ириплъэжурэ, IэщIагъэлIхэм Урысейм шы спортыр щIыдэхуэха щхьэусыгъуэхэмрэ абы зыкъегъэужьыжын зэрыхуеймрэ гупсысэр ирашалIэ. «Гур хэзыгъэщIыр сыт жыпIэ-мэ, екIуу, лантIэу утыкум ита шым хэмызагъэ Iэмал пхъашэхэр ирахьэлIэн щIадзэри, ди шы спортыр зытета щыгум къехуэхащ, иджы «спорт» зыфIумыщыжыфын Iуэху зехьэкIэм къыщыхутащ», — дыкъоджэ адэкIэ. Артамоновэмрэ Евдокимовымрэ нэмыцэ шы гъэсэкIэр къэгъэнауэ, латин шы гъэсэкIэ Iэмалым техьэжын хуейуэ къалъытэ. «Япэ дыдэу шы лъэпкъыфI гъэсэкIэм теухуауэ къытIэрыхьа дэфтэрым езы Цезарь Юлий и IэщIэдзыр щIэлъщ», — жыжьэу мэIэбэ я Iуэху еплъыкIэм къарурэ лъабжьэрэ зэриIэр пхагъэкIыну зи мурадхэр.
- ТкIиягъымрэ щабагъымрэ, акъылымрэ гущIэгъумрэ я зэпылъыпIэр къызыхуэубыд шум шыр езым къедаIуэу зэригъэсапхъэ Iэмал гъэщIэгъуэн куэдым топсэлъыхь зи IэщIагъэм щIэныгъэ куу езыхьэлIэ Лидиерэ Александррэ. Бзэ тыншкIэ тха, итIанэми IэщIагъэм епха термин куэд къагъэщхьэпэурэ зэхагъэува тхылъыр шыр фIыуэ зылъагъу куэдым яфIэгъэщIэгъуэнынущ. Дуней псом Iэпэ зырызкIэ къыщабж шыгъасэ бзылъхугъэхэм адыгэпхъу зэрахэтри уи гуапэ мыхъу Iуэхуу щыткъым.
- Артамоновэ (Къуныжь) Лидие Париж къалэ дэт Католик университетым экономикэмкIэ и магистрщ, тореадорщ. Шыхэр корридэм хуэзыгъэхьэзыр, Португалием латин шы зехуэкIэ Iэмалхэм нэхъ Iэзэ дыдэу щыхуезыгъасэхэу Оливейр, Салгейро, Дуарте, Салем сымэ я деж щеджащ.
- Евдокимов Александр 1974 — 1984 гъэхэм СССР-м шы спортымкэ и тренер нэхъыщхьэу щытащ, 1968 гъэм екIуэкIа Олимпиадэм хэтащ, Урысейм щIыхь зиIэ и тренерщ.
- ЧЭРИМ Марианнэ.