ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дирижёр  гъуэзэджэм и пшыхь

2018-12-22

  • Темыркъан Юрий и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъуам теухуауэ ятхамрэ жаIамрэ мащIэкъым, ауэ мыри лейкъым тщIэну, ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэм щытеухуакIэ.

  • Япэрауэ, фигу къэзгъэкIыжынут Темыркъаным и щIыхькIэ концертышхуэ дыгъэгъазэм и 15-м Санкт-Петербург и филармонием зэрыщекIуэкIар. УФ-м и Президент Путин Владимир, ФедерацэмкIэ Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэ, нэгъуэщI къулыкъущIэхэри къэкIуат Темыркъаным къехъуэхъуну. Езым а пщыхьэщхьэм зигъэпсэхуащ, оркестрым и дирижёру щытар Янсон Марисщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэнумэ, Темыркъанымрэ Янсонымрэ 1961 гъэ лъандэрэ зэныбжьэгъущ. Марис и псалъэм къыхигъэщащ «зэманым я нэхъ гугъуми» филармонием и оркестрым и зэфIэкIыр зы мэскъалкIи къэмылъахъшэу ихъумэну Темыркъаным зэрыхузэфIэкIар.
  • Урысейм и Лъэпкъ оркестрым и художественнэ унафэщI Плетнёв Михаил и хъуэхъу псалъэм мыпхуэдэу къыхегъэщ: «Пэжу жысIэнщи, Юрэ музыкэм, псом хуэмыдэу оперэ гъуазджэм зэрыхущытым тещIыхьауэ къапщтэмэ, абы бгъэдэбгъэувэ хъун диIэу сщIэркъым. Темыркъаныр пультым щыбгъэдэткIэ, зэхэфхынущ фIым и фIыжыр зыхэзыщIэ дирижёрым къыхиха макъамэ.
  • Абы хуэбгъэдэн музыкантхэр — гъуазджэр къызыхуигъэщIар псэкIэ зыхищIэу абы хуэлэжьэныр, хъумэныр зыхузэфIэкIахэр — куэд хъуркъым».
  • Санкт-Петербург и Къэрал филармонием и пэш Хужьым Темыркъаным папщIэ щащIа пшыхьыр «Культурэ» каналым эфир занщIэу къигъэлъэгъуати, Iэмал диIащ къызэрымыкIуэу дахэ пэшым дыщIэсым хуэдэу деплъыну. Концертыр езыгъэкIуэкIар гъуазджэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Швыдкой Михаилт. Абы Темыркъаным теухуауэ а пщыхьэщхьэм гъэщIэгъуэн куэд щыжиIащ, ауэ сэ зи гугъу фхуэсщIыну сызыхуейр «Гениальность, непредсказуемость и блеск» тхыгъэм щыщ гуэрхэрщ.
  • Ар гуапэу топсэлъыхь дирижёр цIэрыIуэм и зэфIэкIымрэ къикIуа гъуэгуанэмрэ. Щхьэхуэу къытоувыIэ зы Iуэхугъуэм.
  • — 2001 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м Петербург къэкIуэн хуейт Франджым и президент Жак Ширак. ХьэщIэмрэ Путин Владимиррэ папщIэ филармонием и пэш Хужьым концерт щитынут Академическэ симфоническэ оркестрым. Франджы лъэныкъуэм къигъэуващ концертыр дакъикъэ 55-м фIэкI мыхъуну, Ширак и бгыр узырти, зы сыхьэт нэхъыбэ щысыфынутэкъым.
  • Сэ абы щыгъуэм щэнхабзэмкIэ министру сылажьэрт. СызэрыщыгъуазэмкIэ, Ширак и щхьэгъусэ Бернадетт симфоние макъамэр фIыуэ илъагъурт, ауэ президентым гупсэхугъуэ зыхилъагъуэр нэгъуэщI гъуазджэ лIэужьыгъуэт.
  • Дауи, франджыхэм я хьэтыр плъагъу хъунут, уеблэмэ абыхэм нэхъ дагурыIуэфыну къыщIэкIынт Темыркъаным нэхърэ. Равельрэ Чайковскэмрэ ятхахэм ящыщу концертым щхьэкIэ къыхихам дакъикъэ 70 ихьырти, ар бгъэкIэщIыну яужь уихьэмэ, программэр мыхьэнэншэ хъуну жиIэрт Темыркъаным. Сытми, дакъикъитху хуэдизкIэ игъэмэщIащ, классикитIыр зэран зэхуэмыхъуу. Дирижёрым и къалэну къилъытэрт композитор гъуэзэджэхэм я дуней лъагъукIэр, зыхэщIэкIэр зэрызэпэгъунэгъур я макъамэхэмкIэ къигъэлъэгъуэн хуейуэ. Арат концертым ихьын хуея зэманыр игъэмэщIэн щIимыдэр.
  • Темыркъаныр пультым бгъэдэуващ, жырыпкъ теплъэ иIэрэ макъамэ гъуэзэджэм дунейм щигъэзащIэ къалэныр политикэм зыкIи къызэрыкIэрымыхур захригъэщIэну хьэзыру… Абы хузэфIэкIат къедаIуэхэм зы зэманкIэ я Iуэхухэр яIэщIигъэгъупщыкIыу макъамэм и дунейм хишэну. ГъэщIэгъуэныщэт дирижёрыр, оркестрыр, пэшым щIэсхэр зы гурыщIэм зэрызэщIиубыдар плъагъуныр.
  • Илъэс 30 хъуащ Темыркъан Юрий оркестрым зэриунафэщIрэ, ар къызэзыгъэпэщауэ, и цIэр зыгъэIуауэ щыта Мравинский Евгений и Iуэхум пищэу. Темыркъаным ихъумащ, игъэбэгъуащ петербург оркестрхэм я зэфIэкIыр. Ар пультым зэрыбгъэдэувэу гъащIэм, щыIэкIэ-псэукIэм епха гугъуехьхэр, гурыщIэхэр езыр-езыру токIуэт. ИкIи зыхыбощIэ лъабжьэр къыщежьэмрэ щхьэкIэм зыщиубгъумрэ я зэхуакур «гъащIэ» жыхуэтIэжыр зэрыарар, — етх Швыдкой Михаил.
  • Къэзылэжьам пщIэ щигъуэткIэ гуапэщ. Къапщтэмэ, Темыркъаныр губзыгъагъэм, хьэл-щэн дахэм, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъым, зэфIэкI зиIэм, гушыIэ зыхэлъым, псэлъэгъу Iущым и щапхъэу дуней псом къызэрыщалъытэр ди дежкIи, Кавказ псомкIи къызэрымыкIуэу гуапэщ, мы щIыналъэм щыпсэухэм нэгъуэщI нэкIэ къыдэплъыным щхьэусыгъуэ хуохъури. Лъэпкъым фэфI кърезыгъэплъым, абы и цIэр зыгъэIум нэхъ цIыхушхуэ дунейм тету къыщIэкIынкъым. Хьэуэ, сыщоуэ. Нэхъ цIыхушхуэр — ар къэзылъхуа, зыгъэса и анэрщ.
  • Ширдий Маринэ.