КъБР-м щыпашэщ
2018-10-23
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ цIыху мини 110-м щIигъум я улахуэр къыIах ХъумапIэ банкым и банк картэхэмкIэ.
- Лажьэхэм я процент 92-м щIигъум ХъумапIэ банкым и улахуэ картэхэр нобэ яIэщ. Нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм ебгъапщэмэ, абыхэм я бжыгъэм проценти 5-кIэ хэхъуащ.
- Улахуэ проектым ипкъ иткIэ Урысейм и ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм епхащ IуэхущIа-пIэ 1000-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ кампание ин дыдэ- хэу «Ростелеком» ПАО-р, «МРСК Северного Кавказа» ПАО-м и къудамэр, «Къэббалъкъэнерго» АО-р, къищынэмыщIауэ узыншагъэр хъумэнымкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, щэнхабзэмкIэ бюджет IэнатIэхэр.
- «Мы илъэсым щегъэжьауэ ХъумапIэ банкым и улахуэ картэхэр еттащ республи-кэм и цIыху 3000-м щIигъум. Картэхэр зиIэхэм Iэмал ягъуэт банкым къэмыкIуэу, дэнэ щыIэми, Iуэхутхьэбзэ зыбжанэ яхуэтщIэну. Мы- хьэнэшхуэ зратхэм ящыщщ зыри хэмыкIыу ахъшэр зэрызэрагъэкIуэфымрэ льготэхэр къариту банкым щIыхуэ къызэрыIахыфымрэ», — дыщигъэгъуэзащ Урысейм и ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Урысбий Хьэмидбий.
- Хьэтау Ислъам.