Жэмтхьэлэ къуажэм щыщ Джэрыджэ Хьэсанш нобэ къыщалъхуа махуэщ, илъэс 90 ирокъури, дохъуэхъу
2018-09-22
- ФIыуэ тлъагъу, зыпэтщI щымыIэ ди адэ дыщэ, ди дадэ лъапIэм дынохъуэхъу! Уи узыншагъэр мыкIуэщIу, дэрэжэгъуэ уиIэу, уи быным я ехъулIэныгъэм, уи къуэрылъху-пхъурылъхухэм я насыпым уи псэр игъэгуфIэрэ уи гум ехуэбылIэу, гъащIэм и IэфIыгъэ псори зыхэпщIэу куэдрэ укъытщхьэщытыну, уи илъэсищэр зэгъусэу дгъэлъэпIэну Тхьэм жиIэ!
- Уи бынхэр, къуэрылъху-пхъурылъхухэр.