ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Балэ Жансурэт и илъэс 90-р

2018-09-04

  • Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ жылэм щыпсэу, егъэджэныгъэ лэжьыгъэм и ветеран Балэ Жансурэт Джатэгъэжь и пхъум мы махуэхэм хуагъэлъэпIащ илъэс 90 щрикъу махуэшхуэр. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ Бахъсэн район администрацэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ Дыгулыбгъу Маринэ.

  • «ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм къыхуалъхуащ», — зыхужаIэхэм хуэдэщ Жансурэт. ФIыуэ илъагъу IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь, абы лэжьэн щыщIи- дзащ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт курыт школ №2-м икIи илъэс 42-кIэ и IэнатIэм хьэлэлу пэрытащ. Жылагъуэм пщIэшхуэ щызиIэ егъэджакIуэм зы щIэблэкъым гъащIэм и гъуэгуанэ захуэм тригъэувар, унэтIакIуэ зыхуэхъуар. Ноби Жансурэт и цIэр фIыкIэ къраIуэ абы и гъэсэну щытахэм, абыхэм я адэ-анэхэм.
  • И махуэшхуэмкIэ бзылъхугъэ гуащIафIэм ехъуэхъуар и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ я закъуэкъым. Абы хьэщIэ лъапIэу къыхуэкIуащ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Шакъ Миланэрэ район администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэм и къалэн-хэр зыгъэзащIэ Къэзан Зауррэ. Абыхэм Жансурэт иратыжащ УФ-м и Президент Путин Владимиррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрийрэ къабгъэдэкIа хъуэхъу тхылъхэр. Апхуэдэу хьэщIэхэр егъэджакIуэм хуэгуэпащ саугъэтхэмрэ удз гъэгъа Iэрамэ дахэхэмкIэ.
  •  
  • КЪАРДЭН Маритэ.