ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Электрон зэдэлэжьэныгъэм хуокIуэ

2018-08-16

  • Къэрал IуэхущIапIэхэм зэрыдэлажьэ щIыкIэр ХъумапIэ банкым электрон Iэмалхэм адэкIи хуегъакIуэ.

  • Ведомствэхэм зэдай электрон зэдэлэжьэныгъэм и Iэмалхэр (СМЭВ) къигъэсэбэпурэ ХъумапIэ банкым иджыпсту зэпыщIэныгъэхэр хуиIэщ Фе-деральнэ налог къулыкъум (ЕГРЮЛ-мрэ ЕГРИП-мрэ къыхэтхыкIыныр, цIэ-унэцIэмрэ зищIысыр къэзыгъэлъагъуэ документхэмкIэ ИНН-р къэпщытэныр, налог зытым и счётхэмкIэ операцэхэр егъэкIуэкIыныр къызэтрагъэувыIауэ унафэ щыIэмэ зэгъэщIэныр), Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъум (IуэхущIапIэхэм гъэ къэс я бухгалтер отчётыр), Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъум (хьэпшып е ерыскъы хьэрэмыгъэ хэлъу къезыгъашэхэм я реестрым юридическэ лицор хэтрэ хэмытрэ).
  • 2018 гъэр иухыхукIэ зэфIэкIынущ ЕГРН-м къыхатхыкIа- хэр зыIэрагъэхьэнымкIэ Росреестрым и сервисхэм банкыр хэзэгъэныр икIи хьэрычэтыщIэхэм мылъку яхухэхынымкIэ Мэкъумэш хозяйствэм и министерствэм и программэм тхылъымпIэ къамыгъэсэбэпу хэлэжьыхьыным хуэкIуэныр.
  • «ХъумапIэ банкыр жыджэру хэтщ «Бжыгъэхэр зи лъабжьэ экономикэ» къэрал программэм. Банкым и сервисыщIэхэр къызэгъэпэщыным и мурад нэхъыщхьэщ цIыхухэм, хьэрычэтыщIэм, къэралым я зэхущытыкIэхэр бжыгъэр зи лъабжьэ Iэмалхэм хуэгъэкIуэнымрэ документхэр тхылъымпIэ хэмыту зэблэгъэкIынымрэ, абы зэман куэд къыдигъэхуэнущ. Къыхэгъэщыпхъэщ, я щхьэм ехьэлIа хъыбархэр къэрал органхэм банкым къызэрыратыр клиентхэм я арэзыныгъэ хэлъущ», — къыхигъэщащ «ХъумапIэ банк» ПАО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Урысбий Хьэмидбий.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2017 гъэм жэпуэгъуэм и 3-м Урысей Федерацэм и Правительст- вэм зэхъуэкIыныгъэ хилъхьащ Унафэ №1471-р-м. Абы банкхэм Iэмал ярет СМЭВ-р къагъэсэбэпу физическэ, юридическэ лицохэм ехьэлIа документ, хъы-бар лIэужьыгъуэ 20 зыIэрагъэхьэну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ УФ-м и Правительствэм диIыгъащ къэрал органхэм ядэлэжьэнымкIэ электрон Iэмал-хэр къагъэсэбэпыным хуэкIуапхъэу ХъумапIэ банкым и жэрдэмхэр.
  • Хьэтау Ислъам.