ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мы махуэхэм

2018-08-09

  • ШыщхьэуIум и 9, махуэку
  • Щалъхуа щIыналъэ щыпсэуж лъэпкъхэм я дунейпсо махуэщ
  • Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэщ — Пётр Езанэм и унафэм щIэту урыс флотыр 1714 гъэм шведхэм Гангут щIыхьэбзыпэм деж щатекIуащ.
  • Болгарием и Дзэ-тенджыз флотым и махуэщ
  • Канадэм щагъэлъапIэ мамырщIэкъухэм я махуэр
  • США-м и мэзхэр мафIэсым щыхъумэным и лъэпкъ махуэщ
  • 1173 гъэм Пиза къалэм (Италие) ухуэн щыщIадзащ чэщанэ. Ар дуней псом цIэрыIуэ щызыщIар лъэныкъуэкIэ ещIауэ зэрыщытырщ. 1173 — 1250 гъэхэм ищхъэрэкIэ, 1272 — 1997 гъэхэм ипщэкIэ ещIауэ щытщ. А чэщанэр дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэм яхибжащ ЮНЕСКО-м.

  • 1859 гъэм Америкэм щыщ Эймс Натан эскалатор къызэригупсысам щыхьэт техъуэ тхылъ къратащ.
  • 1940 гъэм Берлин — Багдад гъущI гъуэгур ухуэн яухащ.
  • 1942 гъэм блокадэм ит Ленинград къалэм щагъэзэщIат Шостакович Дмитрий и «Ебланэ симфониер».
  • 1945 гъэм СССР-м Японием зауэ ирищIылIащ, и дзэхэр Маньчжурием иришэри.
  • 1945 гъэм Японием и Нагасаки къалэм США-м и кхъухьлъатэм атомнэ бомбэ щридзыхащ. ЦIыху мин 74-рэ хэкIуэдауэ, къалэм щыщ Iыхьэшхуи зэтракъутауэ щытащ.
  • 1965 гъэм Сингапурыр Малайзием къыхэкIри, къэрал щхьэхуэ хъуащ.
  • 1990 гъэм Карельскэ АССР-м и къэрал суверенитетым теухуа унафэр къащтащ. 1991 гъэм къыщыщIэдзауэ ар УФ-м щыщ Карелие Республикэщ.
  • 1990 гъэм «Эхо Москвы» радиостанцым лэжьэн щIидзащ.
  • 1992 гъэм Барселонэ (Испание) щызэхуащIыжащ ХХV гъэмахуэ Олимп джэгухэр.
  • Кавказым и археолог, археограф Берже Адольф къызэралъхурэ илъэси 190-рэ ирокъу.
  • УэрэджыIакIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Гуляев Юрий къызэралъхурэ илъэс 88-рэ ирокъу.
  • Политик, 1994 — 2005 гъэхэм Украинэм и президенту щыта Кучмэ Леонид и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
  • Америкэм щыщ уэрэджыIакIуэ, актрисэ Хьюстон Уитни къызэралъхурэ илъэс 55-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 — 21-рэ, жэщым градус 16 — 18 щыхъунущ.
  • ШыщхьэуIум и 10, мэрем
  • Эквадор Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1809 гъэм ар Испанием къызэрыхэкIым теухуа унафэ къащтащ, ауэ къэрал щхьэхуит щыхъупар 1822 гъэрщ.
  • 1793 гъэм дунейм и музей нэхъ ин дыдэхэм ящыщ, Париж дэт Луврыр цIыхухэр щIыхьэну, абы зыщаплъыхьыну хуиту къызэIуахащ.
  • 1833 гъэм иджырей Чикагэ къалэм (США) и лъабжьэр ягъэтIылъащ. А зэманым ар цIыху щитI иримыкъу щыпсэу Уинди-Сити къуажэ цIыкIурт.
  • 1876 гъэм Канадэм щыщ Онтарио штатым и Брантфорд къалэм дунейм щыяпэу телефонкIэ ипсэлъыкIри, Белл Александр зыпищIащ абы километр 13-кIэ пэжыжьэ Парис къалэм.
  • 1889 гъэм Инджылызым щыщ Райлэндс Дэн зи щхьэтепIэр щхьэщыпIуантIэ хъу птулъкIэ къызэригупсысам щыхьэт техъуэ тхылъ къратащ.
  • 1921 гъэм РСФСР-м пощт маркэхэр къыщыдагъэкIыу щIадзащ.
  • 1985 гъэм Джексон Майкл доллар мелуан 47,5-кIэ «Битлз» гупым и уэрэд псори къищэхуащ.
  • Урыс, совет тхакIуэ Зощенкэ Михаил къызэралъхурэ илъэси 122-рэ ирокъу.
  • КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, щIэныгъэлI Нало Ахьмэдхъан къызэралъхурэ илъэс 97-рэ ирокъу.
  • КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емуз Гъузер къызэралъхурэ илъэс 89-рэ ирокъу.
  • Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Горянка» газетым и япэ редактор нэхъыщхьэу щыта Сэбаншы Розэ къыщалъхуа махуэщ.
  • Театрымрэ киномрэ я актёр цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Стриженов Олег и ныбжьыр илъэс 89-рэ ирокъу.
  • Литературовед, Дагъыстэным щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Ержыб Аслъэн къызэралъхурэ илъэс 88-рэ ирокъу.
  • Къэрал къулыкъущIэ, политик Собчак Анатолий къызэралъхурэ илъэс 81-рэ ирокъу.
  • Сирием къикIыжа щIэныгъэлI, тхакIуэ Къумыкъу Мамдухь и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу.
  • Совет актёр, режиссёр, тхакIуэ Смехов Вениамин и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу.
  • Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мызэущ Борис и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу.
  • УсакIуэ, тхакIуэ, «Адыгэ амазонкэхэр» романыр зи IэдакъэщIэкI Ахъмэт МуIэед и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу.
  • Испанием къыщалъхуа, США-м щыпсэу киноактёр цIэрыIуэ Бандерас Антонио и ныбжьыр илъэс 57-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 15 — 16, жэщым градус 13 — 14 щыхъунущ.