НыбжьыщIэ узыншэ нэхъыбэ щопсэу
2018-08-09
- Зи ныбжьыр илъэс 14-м нэмыса сабийхэр нэхъ мащIэрэ щысымаджэ щIыналъэхэр Урысей Федерацэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къигъэлъэгъуащ.
- БлэкIа гъэм УФ-м и хэгъэгухэм ящыщу абыкIэ зи Iуэхур нэхъыфIыр Шэшэнымрэ (сабий мини 100 къэс сымаджа 62 969,7-рэ хуозэ) Къэбэрдей-Балъкъэрымрэщ (115 723,7-рэ). АдэкIэ къакIэлъокIуэ Тыва (125 022,2-рэ), Адыгэ (132 902,7-рэ) Бурят (141 168,6-рэ) республикэхэр.
- ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.