ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм  и  джэпсалъэ

2018-07-14

  • Урысей Федерацэм и Президент
  • ПУТИН Владимир
  • Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым
  • ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI
  • МАТВИЕНКЭ Валентинэ
  • Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым
  • и Къэрал Думэм и УнафэщI
  • ВОЛОДИН Вячеслав
  • Урысей Федерацэм и
  • Правительствэм и УнафэщI
  • МЕДВЕДЕВ Дмитрий сымэ я деж
  • Анэдэлъхубзэр хъумэныр, абыкIэ щIэныгъэ зэгъэгъуэтыныр цIыху хьэкъхэр къэзыгъэгъунэ лъапIэныгъэхэм ящыщу дуней псом къызэдалъытащ. Лъэпкъыбзэхэр къэзыхъумэ хабзэхэр иIэщ Урысейми. Урысей Федерацэм и Конституцэм къызэрыхэщымкIэ, абы хыхьэ щIыналъэхэр хуитщ езыхэм я бзэхэр къэра-лыбзэу къалъытэну, а бзэхэмкIэ егъэджэныгъэр къызэрагъэпэщыну (68-нэ едзыгъуэ).

  • Урысей Федерацэм и къэралыбзэм теухуа Законым и 1-нэ едзыгъуэм и 7-нэ пычыгъуэм зэрыжиIэмкIэ, щIыналъэ псоми урысыбзэр къэралыбзэу зэрыщигъэувым къикIыркъым лъэпкъхэм я бзэхэр зэрахьэну, ирагъэфIэкIуэну, егъэджэныгъэм щызэрахьэну хуимыту.
  • Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм теухуа Законым и 3-нэ едзыгъуэм и 5-нэ пычыгъуэм къызэрищтэмкIэ, лъэпкъыбзэхэр зыри къэмынэу Урысейм и хъугъуэфIыгъуэщ, ахэр хъума хъуным, егъэфIэкIуэным, зегъэужьыным шэсыпIэ хуэхъуу.
  • Ауэ, зэрытлъагъущи, а хуитыныгъэхэр къызэпауд, кIуэ пэтми къыжьэдакъуэ хъуащ. ГугъэкIуэдщ иджыблагъэ Къэрал Думэм къыщыхалъхьа законым и проектыр: лъэпкъыбзэхэр езы еджакIуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ я фIэфIыныгъэ хэлъу фIэкIа егъэджын хуэмейуэ, ари урысыбзэм и джыным пэрыуэгъу хуэмыхъуу къызэгъэпэщауэ щытыпхъэу жызыIэр.
  • Иджыпсту къэхъуа щытыкIэм дызыхуишэращи, ди анэдэлъхубзэм и къэкIуэнум, апхуэдэу щыщыткIэ — лъэпкъым и щыIэныгъэм дытешыныхь хъуащ. Абы къыхэкIыу дэ, адыгэхэм, ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ Егъэджэныгъэм теухуа Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ Къэрал Думэм и депутатхэм ищхъэрэ палатэм утыку къыщрахьа законопроектым къыщыгъэлъэгъуахэм.
  • Шэч хэлъкъым, урысыбзэр, ар къэралыбзэу щыщыткIэ, щIэныгъэ щызрагъэгъуэту къэралым ит еджапIэу хъуам щадж, абы ехьэлIауэ щыIэ егъэджэныгъэ пщалъэхэр къанэ щымыIэуи ягъэзащIэ. ГурыIуэгъуэщ, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм щIэныгъэр зэрызрагъэ-гъуэтыр урысыбзэщ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым я хъугъуэфIыгъуэхэм зэрызыщагъэгъуазэри а бзэращ. Ауэ анэдэлъхубзэр къуэлъхьэжыным хуэунэтIауэ къыхалъхьа мы проектыр пхыкIмэ, лъэпкъ мащIэхэм я бзэхэр кIуэдыпIэ ираша хъууэ аращ.
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм хыхьэ хасэ къудамэ 16-м хэтхэр хуабжьу егъэпIейтей анэдэлъхубзэм лей езых законым и проектым. 2018 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м Тырку къэралыгъуэм и къалащхьэ Анкара щызэхэта зэхыхьэм бзэм ехьэлIауэ къыщаIэта псалъэмакъым абы щIыпIэшхуэ щиубыдащ. Хэкурысри хэхэсри зэхуэдэу зыгъэгумэщI мы Iуэхугъуэм теухуауэ абдеж джэпсалъи къыщащIащ.
  • Урысей Федерацэм и унафэщIхэу пщIэ зыхуэтщIхэ! Мелуан зыбжанэ хъууэ дуней псом хэпхъауэ псэу адыгэхэр я адэжь лъахэмкIэ къеплъэкI зэпытщ. Зыр адрейм къыщхьэщызыгъэкI бзэр къызыжьэдатхъыну зи ужь ихьа лъэпкъхэм, абы адыгэхэри яхэту, я Iуэхур хэплъэгъуэщ. Бзэр джэгуалъэ зэращIам дыдэкIуэдынкIэ зэрыхъунури къэлъытапхъэщ, абы къызэщIиубыдэнур Урысейм щыпсэухэм я закъуэкъым, атIэ хамэ къэрал куэдым ис ди лъэпкъэгъухэри къызэщIигъэстынкIэ шынагъуэ щыIэщ.
  • Дуней псом щыпсэу адыгэхэм (шэрджэсхэм) лъэIу фхудиIэщ: бзэм теухуауэ кърахьэжьахэм куууэ зыщывгъэгъуэзэну икIи лъэпкъым и дежкIэ абы иIэ мыхьэнэр нэсу къэфлъытэну, анэдэлъхубзэхэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ хуэунэтIа Iуэху щхьэпэхэр влэжьыну, Урысейм щыпсэухэм я лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр хъума хъун папщIэ.
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм анэдэлъхубзэр зэрыхуа щытыкIэ гугъум къишыным фи гуащIэ хэфлъхьэну, егъэджэныгъэм и кIуэцIкIэ абы щиIэн хуей пщIэми и къыщхьэщыжакIуэ фыхъуну фыкъыхудоджэ. Бзэ зимыIэжым лъэпкъкIэ уеджэжыфынукъым, а гузэвэгъуэр къызэрытлъыщIыхьар зыхыумыщIэнкIэ Iэмал зимыIэщи, фыпэувыну, хэкIыпIэ къыхуэвгъуэтынуи зыфхудогъазэ.
  •  
  • СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий,
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ
  •  
  • Тырку Республикэ, Анкара къалэ,
  • 2018 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м
  • * * *
  • Гу зылъытапхъэ
  • Апхуэдэуи анэдэлъхубзэм теухуауэ зыгъэпIейтейхэр къыщагъэлъэгъуа тхыгъэкIэ зыхуагъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид сымэ.