ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ щэнхабзэм и фестиваль Израилым  къыщызэIуах

2018-07-12

  • Израилым и адыгэ жылэ Кфар-Камэ гъэ къэс къыщызэрагъэпэщ Адыгэ щэнхабзэм и дунейпсо фестивалыр 2018 гъэм бадзэуэгъуэм и 13 — 14 махуэхэм екIуэкIынущ. Мы гъэм абы хэтынущ Адыгэ Республикэм цIыхубэ къафэмкIэ и «Налмэс» къэрал академическэ ансамблыр.

  • ГуфIэгъуэ зэхыхьэшхуэр махуитIкIэ екIуэкIынущ. Япэ махуэм къуажэм дэс хьэрычэтыщIэхэм, IэпэIэсэхэм я IэдакъэщIэкIхэр утыку къыщрахьэну гъэлъэгъуэныгъэ щыIэнущ. Пщыхьэщхьэм «Налмэсымрэ» Кфар-Камэ и «Ди псэ» ансамблымрэ уэрамым джэгу дахэ щызэхашэнущ, нэхъыжьхэм къыхадзэрэ щIэблэм къыпащэу. ЕтIуанэ махуэм цIыху мини 5-м щIигъу кърихьэлIэу езы фестивалыр къызэIуахынущ.
  • Махуэшхуэм кърагъэблэгъащ Урысей Федерацэм и лIыкIуэу Израиль къэралыгъуэм щыIэ Викторов Анатолий, УФ-м и консулу Хайфэ къалэм щыIэ Попов Игорь, Тель-Авив дэт Урысей щэнхабзэ центрым и унафэщI Пархомчук Денис сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • Къэбарт Мирэ.