2018-07-05
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэм теухуауэ
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 81-нэ статьям и «б» пунктым тету Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр игъэзэщIэну гъэувын Къумыкъу Iэуес Мухьэмэд и къуэр.
- Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
- и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий
- Налшык къалэ
- 2018 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м
- №103-УГ
- КIуэкIуэ Ю. А. къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр игъэзэщIэнущ Къумыкъу Iэуес
- КIуэкIуэ Юрий къыдигъэкIа указымкIэ Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым гъэсэныгъэмрэ социальнэ IуэхухэмкIэ и проректору щыта Къумыкъу Iэуес КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр игъэзэщIэну и пщэ ирилъхьащ.
- Къумыкъу Iэуес Мухьэмэд и къуэр КъБАССР-м и Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм 1966 гъэм къыщалъхуащ. Тхыдэ IэщIагъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиухащ. КъБКъУ-м и студентхэм я советым и унафэщIу лэжьэн щIидзащ 1991 гъэм. 1996 — 2011 гъэхэм университетым и профсоюз комитетым и тхьэмадэу щытащ. 2012 гъэм щегъэжьауэ 2018 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм нэсыху КъБКъУ-м гъэсэныгъэмрэ социальнэ IуэхухэмкIэ и проректору лэжьащ, КъБКъУ-м международнэ щIэныгъэмкIэ и институтым и унафэщIым и къалэнхэр игъэзэщIащ.
- Профессорщ, филологие щIэныгъэхэм я докторщ.
- Унагъуэщ, бынитI иIэщ.