«Узыншагъэм и лъагъуэхэмкIэ»
2018-06-26
- Апхуэдэ и фIэщыгъэцIэу Аруан районым къыщыхалъхьащ физкультурэ-спорт зэщIэхъееныгъэм зэрызегъэужьынымрэ ар зэрегъэфIэкIуэнымрэ хуэунэтIа жэрдэмыр. Ар алыдж-урым, бэнэкIэ хуит, бокс, футбол, волейбол, нэгъуэщI спорт лIэужьыгъуэхэм хухэха зэIущIэхэр егъэкIуэкIынырщ. А зэхыхьэхэм ящыщ зыр кикбоксингым теухуауэ щытащ. Ар щекIуэкIащ Ерчэн Темболэт и цIэр зезыхьэ физкультурэ-спорт комплексым.
- Пэшым щызэхуэсат Нарткъалэ дэт курыт еджапIэхэм щIэс сабий куэд. Абыхэм я хьэщIащ «Синдика» кикбоксер клубым зыщызыгъасэ спортсменхэмрэ иджыблагъэ дунейпсо категорие зиIэ тренер къызыфIаща Саралидзе Айдинрэ. КъищынэмыщIауэ зэIущIэм къекIуэлIащ дунейпсо, европэ, урысейпсо зэпеуэхэмрэ чемпионатхэмрэ щытекIуа Алборэ Амир, Аслъэн Тамерлан, Асатов Саид, Къанокъуэ Анжеликэ, Пэрымыс Рэмэзан, Шэнтыкъу Андемыркъан, «Синдика» клубым и гъэсэн цIыкIухэр.
- Зэхыхьэр къыщызэIуахым кърихьэлIахэм захуигъэзащ Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Куэшей Азэмэт. «Мыпхуэдэ зэIущIэ зэкIэлъыкIуэхэр едгъэкIуэкIкIэрэ, дэ физкультурэмрэ спортымрэ къыхэтшэну дыхущIокъу я ныбжь емылъытауэ дэтхэнэ зыри. Дэ дыхуейщ сабийхэм спортым зыхуагъэсэну, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэну, ар сытым дежи щхьэпэщ. Псори фыкъыхузоджэ — спортым зыхуэвгъасэ, узынша-гъэр евгъэфIакIуэ, насыпыфIэу фыпсэу», — жиIащ Куэшейм.
- АдэкIэ псалъэ иратащ чемпионхэм я гъэсакIуэ Саралидзе Айдин. Абырэ Аслъэн Тамерланрэ жэуап иратащ пэшым щIэс сабийхэм я упщIэхэм.
- Къэпсэлъэныгъэхэр зэфIэкIа нэужь тренерымрэ спортсмен цIэрыIуэхэмрэ я мастер-классым щIидзащ. ФIыуэ зыкъызэщIагъэплъа нэужь Саралидзе утыкум къришащ мастер-классым хэтыну гукъыдэж зыщIахэр. Утыкум напIэзыпIэм из хъуащ илъэсих нэхърэ нэхъыжь сабийхэр. Зыгъэсэныгъэхэм щIадзащ. Чемпионхэм ягъэлъагъуэрт уи хьэрхуэрэгъум уеуэн зэрыхуейр, зыхъумэжыныгъэм и щэхухэр, къыщобгъэрыкIуэкIэ узэрыпэщIэтыну Iэмалхэр. Сабийхэм занщIэу ягъэлъэгъуэжырт дерсыр къазэрыгурыIуар.
- Зэхыхьэр къекIуэлIахэм хуабжьу ягу ирихьащ. Шэч хэмылъу, иджырей мастер-классым иужь-кIэ тренер Саралидзе Айдин и деж загъэсэну сабий куэд къекIуэлIэнущ. Зэман кIыхькIэ щIалэгъуалэр бущиифынущ спортым зыхуагъэсэну, арщхьэкIэ мыпхуэдэ зэхыхьэхэм ехъулIэныгъэ нэхъыбэ къызэрыпэкIуэнум шэч хэлъкъым. Аращи, «Узыншагъэм и лъагъуэхэмкIэ» акцэр адэкIи екIуэкIынущ.
- ЩIыналъэ администрацэм физическэ щэнхабзэмрэ спортым-кIэ и къудамэм и унафэщI КIурашын Владимир зэрыжиIамкIэ, къыкIэлъыкIуэ зэхыхьэр Псыгуэнсу къуажэм щыIэнущ. А махуэм къызэхуэсахэм ирагъэлъагъунущ бэнэкIэ хуитымкIэ мастер-класс.
- Къызэрыс Борис