Ипотекэм и бжыгъэм хохъуэ
2018-04-17
- ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм псэупIэ кредиту 2018 гъэм итам я бжыгъэр сом мелуан 507-м щIигъуащ. Ар нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм зэрыщытам нэхърэ процент 76-кIэ нэхъыбэщ. Псори зэхэту 2017 гъэм абы сом мелард 1,8-рэ ди цIыхухэм щIыхуэу яритащ.
- «2017 гъэм и япэ мазищым щыIа сом мелард 6,6-м икIри псэу-пIэ кредитхэм я бжыгъэр ди республикэм мы илъэсым сом мелард 7,9-м щынэсащ. ПсэупIэр щаухуэ рынокым ХъумапIэ банкым и Iыхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым процент 63-рэ щрокъу. А IэнатIэм щIэуэ къахыхьахэм ящыщщ мылъкур узэрейм щыхьэт техъуэ хуитыныгъэр электрон IэмалкIэ ебгъэтх иджы зэрыхъур. Абы пщегъэпсынщIэ Росреестрымрэ МФЦ-мрэ уи Iуэхухэр щыпхыбгъэкIыну. Мыхьэнэшхуэ зиIэращи, абы щыгъуэм креди- тым техуэ ставкэр процент 0,5-1,5-кIэ ягъэмащIэ», — къыдгуригъэIуащ ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Урысбий Хьэмидбий.
- «ПсэупIэм кредит хухэхынымкIэ банкым и лъэр зэригъэбыдэр зыкъомкIэ и фIыгъэщ рынокыр тэмэ-му зэрызэфIэувамрэ ХъумапIэ банкым и ипотекэ зэфIэкIхэм фIыуэ зэрызаужьамрэ. Щапхъэу къэбгъэлъагъуэфынущ «ДомКлик» сервисым унэ къыщалъыхъуэн икIи къыщащэхун папщIэ Урысей Федерацэм и закъуэ цIыху мелуаным щIигъу зэрихьар», — дыщигъэгъуэзащ ХъумапIэ банкым и Ипщэ-КъухьэпIэ банкым и унафэщI Титов Евгений.
- Хьэтау Ислъам.