Адыгэхэр ику ит лIэщIыгъуэхэм Кърымым пыщIауэ зэрыщытар
2018-04-14
- Кавказымрэ Кърым хытIыгуныкъуэм-рэ зэпэжыжьэкъым. А тIур зэпэщIэзы-хыр Керчь псыдэжыпIэращ. Пасэ зэманым адыгэхэр щыпсэуащ Кавказым и КъухьэпIэ, Ищхъэрэ-КъухьэпIэ лъэныкъуэхэм. Абыхэмрэ Кърымым щыпсэуа лъэпкъхэмрэ яку зэпыщIэныгъэшхуэ зэрилъам шэч зэрыхэмылъыр къызыхэщ хъыбар куэд къытхуагъэнащ алыдж тхакIуэхэм.
- Ди эрэм ипэкIэ VII — VI лIэщIыгъуэхэм къриубыдэу пасэрей алыджхэм хы ФIы-цIэм и Iуфэхэмрэ абы къедза щIыпIэхэм- рэ сату Iуэхухэр щызэрахуэ къалэхэр, быдапIэхэр иращIыхьын щIадзэ. Тхыдэдж Поркшеян Х. А. зэритхыжамкIэ, алыджхэм я тепщэгъуэ зэманым, ди эрэм ипэкIэ VII лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ ди эрэм и XIII лIэщIыгъуэм нэсыхукIэ, адыгэхэм пыщIэныгъэшхуэхэр хуаIащ Кърым щIыналъэм, псом хуэмыдэу щэнхабзэ, сату и лъэныкъуэкIэ. Кърымымрэ Кавказ щIыналъэмрэ хиубыдэу, алыджхэм яухуауэ щыта Боспор къэралыгъуэр щыщыIа зэманым Пантикапеймрэ (Боспорым и къалащхьэу щытащ, нобэрей Керчь деж хуэ- зэрт) нэгъуэщI къалэхэмри дэсахэщ адыгэ лъэпкъым къыхэкIа лIыщхьэхэр, IэщIагъэлIхэр, сондэджэрхэр. Кърымым къэралыгъуэхэр щыIэт, сатум, щэнхабзэм зыщиужьати, адыгэхэм я жагъуэтэкъым а гъащIэ зэгъэпэщам хыхьэныр, хэпсэукIыныр. Зиххэр (алыджхэм я бзэрэ латиныбзэкIэ адыгэхэм къызэреджэу щыта фIэщыгъэщ) пэрыуэ ямыIэу Кърымым зэпрыкIрэ щылажьэу, щыпсэууэ щытащ. Уеблэмэ, а зэманым куэдым зэрагугъэр Кърымыр Зихие щIыналъэм щыщ Iыхьэут.
- Генуе урым къэралыгъуэр хы ФIыцIэм тепщэу щыщыта лъэхъэнэм (XIII — XVI лI.) Кърымымрэ адыгэхэмрэ я зэпыщIэныгъэр куу дыдэ хъуат. ХытIыгуныкъуэм и къалэхэм куэду щыпсэурт адыгэхэр, хэт къулыкъу зэрихьэу, хэти и IэщIагъэм ирилажьэу, дзэм, хыдзэм, хабзэхъумэхэм яхыхьэхэри мымащIэу. XIII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм сатум пыщIауэ ятха тхылъхэм къыхощыж джэныуэзхэм, алыджхэм, ермэлыхэм, тэтэрхэм, венгрхэм нэмыщI, адыгэхэри Кърымым и къалэ Къаффэ зэрыщыпсэуар.
- Кърымым и къалэ нэхъыщхьэхэм — Къаффэ, Солдае, Чембало — хабзэхъумэу щылэжьащ адыгэ шууейхэр. Кааффэ и консулыр зыхъумэр, и Iуэхухэр зезыхьэр адыгэхэрт, я къулыкъум зэреджэр «оргузийт» (orgusii, argusii, arguxii). Ар къыхощ оргузийуэ лэжьэнухэм хузэхагъэува Хабзэм, 1449 гъэм Генуе къыщыдагъэкIауэ щытам. А Хабзэм ипкъ иткIэ, оргузийхэр къыхахырт нэхъ Iэчлъэчу, IэкIуэлъакIуэу, дзыхь зэбгъэз хъуну. Езыхэм я мылъкукIэ къащэхужырт зытесыну шыр, мэIухур, Iэщэр. Къалэм и мылъкум къыхэкIыу улахуэу мазэ къэс дэтхэнэми къратырт аспри 120. Языхэзри и щхьэ хуитыжт, зыми игъэпщылIынкIэ, гъэр ищIынкIэ Iэмал щымыIэу. Адыгэхэм къыхаша оргузийхэм я закъуэт зауэ хуэIухуэщIэм Iулажьэ гупу генуе къалэхэм щыIэхэр. Ахэрат къызыхашыжыр улахуэшхуэ зрат шууей хабзэхъумэхэр. Оргузийхэм яхъумэрт кхъухь тедзапIэхэр, кхъуафэжьейхьэнцэ зыIыгъ гъэрхэр, быдапIэм дэс дзэхэр. ЗыгуэркIэ хьэргъэшыргъэ, зэныкъуэкъу, хабзэм ебакъуэ къэхъумэ, Iуэхур зэхагъэкIыну зи пщэ къыдэхуэр оргузийхэрат. А зауэлIхэр адыгэхэм къыхахыу зэрыщытам щыхьэт тохъуэ урысей щIэныгъэлI Брун Филипп и тхыгъэхэр.
- Адыгэхэм къахэфIыкIа цIыхухэр щылъэрызехьэт Кърымым. Тхылъхэм къыхощ адыгэпщхэм хытIыгуныкъуэм и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щIышхуэ щаIыгъауэ. Апхуэдэу я цIэ къраIуэ Милленрэ Версахтрэ (Versacht), 1320 — 1330 гъэхэм Воспоро (Керчь) и унафэщIу щытахэм, абы къыдэкIуэу Зихие щIыналъэм и пщыу адыгэ щытауи къагъэлъагъуэ. Солхат къалэр 1379 — 1386 гъэхэм зыIэщIэлъа адыгэпщ Шэрджэс-бейщ 1380 гъэм джэнуэзхэм зауэ езыщIылIауэ щытар. Абы и сурэт тету, и цIэр тетхауэ гъущI ахъшэ Аст- рахань деж къыщагъуэтыжауэ щытащ. Абы къыщыгъэлъэгъуат 1375 гъэр. Адыгэ щIэныгъэлI Хьэткъуэ С. Хь. зэрилъытэмкIэ, ар Дыщэ Орда монгол къэралыгъуэшхуэм и лIыкIуэу щытащ, хъаным и унафэхэр игъэзащIэу Кърым щIыналъэм къигъэкIуауэ, нэгъуэщI зиххэм япщ Сихьэбей (Зихьэбей) хуэдэу. Урым (итальян) тхылъхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Сихьэбей Тана къалэ дэсащ (алыджхэм я зэманым ТанаискIэ еджэт, иджырей Азов къалэрщ, Тэн и Iуфэм щыIэщ).
- Адыгэхэр Кърымым зэрыщыпсэуам и лъэужьхэр къахэнащ щIыпIэцIэхэм. Апхуэдэ щапхъэ куэд къыщигъэлъэгъуэжащ тхыдэдж Тер-Абрамян «Кърымым и тхы-дэ» зыфIища тхылъым: Черкес-Кермен (Шэрджэс быдапIэ), иджырей Евпаторием и Iэгъуэблагъэм щыIа Черкес къуажэр, Черкес-Эли (Альмэ псым и гъунэгъуа къуажэ цIыкIур), Черкес-Тогай (Шэрджэс хы Iуфэ) Феодосие и Iэгъэблагъэм щыIа къуажэр, Черкес-Кир (Караэозан псым и Iэшэлъашэхэм деж щыIа къуажэр), Черкес-Хош (Беолок-Ламбата зи гъунэгъуа мэзым щыIа псыхъуэр), Черкес-Дере (Шэрджэс къуэкIий, Гурзуф щыIэ къуэкIийщ), Черкес-Даг (шэрджэсхэм ябг) — апхуэдэу йоджэ Поликастра и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ бгымрэ абы тет мэзымрэ.
- Генуе къалэхэр, быдапIэхэр кIуэдыжыху адыгэхэр абы щыпсэуащ 1475 гъэ пщIондэ, Уэсмэн къэралыгъуэм ахэр зэтрикъутэху. Урым тхылъхэм къызэрыхэщыжымкIэ, а зэманым ирихьэлIэу Къаффэ щыпсэуащ урымми, ермэлыми, урысми, адыгэми, мингрелми мин блыщIым нэс. Къаффэ тыркухэм зэраубыда щIыкIэр къызыхэщ письмоуэ Генуе дэфтэр хъумапIэм щахъумам мыр итщ: «Къалэр зи IэмыщIэ ихуа-хэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 7-мрэ и 8-мрэ лыхьи (поляки), урыси, сонэи, зихи, нэгъуэщI лъэпкъ гуэрхэри Iэрыубыд ящIри, гъэру ящащ».
- Урым къалэхэр къутэжами, абы къикIыркъым адыгэхэм Кърымыр къабгынауэ. Генуе республикэм и унафэщIхэм яфIэфIт къахэтIысхьэ лъэпкъхэмрэ щIыпIэм щыщхэмрэ яку нэчыхь къыщыдэхъуэр. Шэрджэс благъэ ягъуэтыныр я гуапэт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ езыхэм Кърымми Кавказми я щыIэныгъэр абы игъэбыдэрт. Абы и щапхъэщ 1419 гъэм Къаффэ и къулыкъущIэшхуэ Гизольфи Симон и къуэ Винченцорэ адыгэпщ Бэрзэхъу ипхъу Бикэ-канон-рэ зэрызэрышар. Пщым и благъэщIэм тыгъэ яхуищIат Матрегэ (Тамань хытIыгуны къуэм щыIэ Тэмтэрэкъей щIыналъэр). Шэрджэс хъыджэбзхэр щхьэгъусэ ящIат джэнуэз урым лъэпкъым щыщ куэдым. Апхуэдэхэр куэдыщэти, XV лIэщIыгъуэм «шэрджэс-франджыр» (адыгэхэм япэрей зэманым Европэ щIыналъэм къикIа лъэпкъхэм «франдж», «ферендж» фIэщыгъэр иратырт) лъэпкъыцIэ хъуауэ абы-кIэ зэджэжхэр къэунэхуат. Ахэр я щэнхабзэкIи я псэлъэкIэкIи адыгэхэм зыкIи къащхьэщыкIыртэкъым.
- Католик щихъ Эмиддио де Асколи мыпхуэдэу итхат: «180 гъэм ипэкIэ тыркухэм Къаффэр генуехэм къыщытрахам, шэрджэс-франджхэм ящыщ цIыху хэIэтыкIа куэд Константинополь яшэри, зы уэрамым трагъэтIысхьащ. Зыкъомыр абы кIуэну хуэмейуэ, Черкасием Iэпхъуащ я шэрджэс щхьэгъусэхэм я фIыгъэкIэ. Хъаным и пщIантIэм къыдэнахэри щыIэщ, сыту жыпIэмэ хъаным абыхэм пщIэшхуэ къахуещI. Шэрджэсхэм хуэдабзэу, абыхэми худэчых яIэщ, я хабзэкIи зэтохуэ. Шэрджэс-франджхэр зэрыпсалъэр итальяныбзэкъым, атIэ тыркубзэщ, тэтэрыбзэщ, шэрджэсыбзэщ. Шэрджэсхэм ещхьу, абыхэми пхуашэчынукъым ущие, гъэкъуэншэныгъэ, унафэ». Мы щапхъэр щыхьэт тохъуэ адыгэ лъэпкъым къыхэкIа анэхэм я лъэкIыныгъэр джэнуэз адэхэм ейм зэрытекIуар.
- Шэрджэс-франджхэр, я къуэш адыгэхэм хуэдэу, нэхъыбэу дэзыхьэхыр дзэм къулыкъу щыщIэнрат. Ахэр зауэм кIуэрт хъаным и зауэлIхэм яхэту. Шэрджэс-франджхэм щхьэкIэ жаIэрт ахэр Кърымым щыпсэу адрей лъэпкъхэм пхъашагъэкIэ, хахуагъэкIэ къащхьэщыкIыу. Щапхъэу тхыдэм къыхощыж Кърым щIыналъэм щыIа Фоти-сала (Феччиале, иужькIэ 1945 гъэм Голубинка фIащыжащ) апхуэдэ зы жылэшхуэ дэсауэ.
- Адыгэхэм къахэкIауэ лъэпкъ куэд Кърымым щыпсэуащ XVIII лIэщIыгъуэм нэсыху. Кърым хъанхэмрэ адыгэхэмрэ яку пIалъэ-пIалъэкIэрэ зауэ къыдэхъуэми, хъанхэр благъагъэкIи политикэ и лъэныкъуэкIи япыщIат адыгэхэм. Урысей щIэныгъэлI Смирнов Василий зэритхыжамкIэ, адыгэ лъэпкъхэм къалэнышхуэ щагъэзащIэрт Кърым хъаныкъуэм и къэрал, политикэ Iуэхугъуэхэм, апхуэдэу, къыщыхъуи щыIэт, «гузэвэгъуэ дакъикъэ щихуэхэм деж герай лъэпкъым щыщхэми, уеблэмэ, езы хъан дыдэми шэрджэсхэм я деж щхьэщыжакIуэрэ быдапIэрэ къыщалъыхъуэрт».
- КЪЭБАРДЭ Астемыр,
- тхыдэмкIэ егъэджакIуэ.