ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Урысейпсо зэхьэзэхуэм

2018-04-10

  • СамбэмкIэ дунейпсо чемпион Къуныжь Мухьэмэд и фэеплъ III урысейпсо зэхьэзэхуэ Черкесск къалэм щызэхэтащ. «А» класс зиIэ зэпеуэм хэтащ къэралым и щIыналъэ 15-м къикIа спортсмен 220-м щIигъу.
  •  
  • Зи хьэлъагъыр килограмми 100-м щIигъухэм я зэпэщIэтыныгъэм хыхьэу иригъэкIуэкIа зэIущIэхэм псоми щытекIуащ икIи Урысейм спортымкIэ и мастерым и мардэр игъэзэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Борыкъуей Алим. Финал зэIущIэм абы щыхигъэщIащ Адыгейм щыщ Нэгъуей Ибрэхьим.
  • Урысейпсо зэхьэзэхуэм жэз медалхэр къыщахьащ Абей Хьэзрэтрэ (кг 52-рэ) Темрокъуэ Азэмэтрэ (кг 57-рэ).
  • КЪЭХЪУН Бэч.