Зэуэ медаль 60
2018-04-10
- Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым Къэбэрдей-Балъкъэрым щыяпэу щекIуэкIащ лIэужьыгъуэ псори щызэхэт каратэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. Абы медалхэм щыщIэбэнащ щIыналъэм и жылагъуэ куэдым къикIа спортсмен 250-м нэблагъэ.
- Зэхьэзэхуэм хэгъэрейхэм медаль 60 щызыIэрагъэхьащ: дыщэу — 18, дыжьыну — 22-рэ, жэзу — 20. Гуп зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и каратистхэм япэ увыпIэр щаубыдащ. Абыхэм къакIэлъокIуэ Ингушым къикIахэр. Къэрэшей-Шэрджэсым и гуп къыхэхар ещанэ хъуащ.
- Зыхэта гупхэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ Iэмал ягъуэтащ мэлыжьыхьым и кIэухым Подмосковьем щекIуэкIыну къэралпсо зэхьэзэхуэм ди республикэм и командэ къыхэхам хэту зыкъыщагъэлъэгъуэну.
- ЖЫЛАСЭ Замир.