ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Джэримэс токIуэ

2018-04-10

  • Сабийхэм тхэквондомкIэ я Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Псыхуабэ щекIуэкIащ. Абы шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ къыщихьащ Сэралъп Джэримэс.
  •  
  • Зи ныбжьыр илъэситху фIэкIа иримыкъуа Джэримэс килограмм 26-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж щызэуащ. Абы и хьэрхуэрэгъу псори хигъэщIащ икIи дыщэ медалрэ япэ нагъыщэ зиIэ дипломрэ зыIэригъэхьащ.
  • Спортым япэ лъэбакъуэхэр щызыч Сэралъп Джэримэс дохъуэхъу ехъулIэныгъэфIхэр дяпэкIи иIэну икIи лъэпкъыр зэрыгушхуэн лIы нэс къыхэкIыну.
  • Хьэтау Ислъам.