Нарткъалэ щыцIэрыIуэ IэщIагъэлI телъыджэ
2018-03-30
- Нобэ зи гугъу фхуэтщIынур Аруан щIыналъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, къэралми куэд хуэзыщIа цIыхущ. Нало Залым Алий и къуэр Нарткъалэ щыцIэрыIуэщ. Техник ныбжьыщIэхэм я станц къалэм щиухуэри, щIалэ цIыкIухэр абы дригъэхьэхащ техникэм, щыцIыкIум къыщыщIэдзауэ ар фIыуэ ялъагъуу, я IэкIэ зэпкъралъхьэфу.
- Техник ныбжьыщIэхэм я станцым зыщызыгъэса куэдым апхуэдизкIэ ар я гум дыхьати, Къэзан, Харьков, Мэзкуу къалэхэм дэт авиацэмкIэ институтхэм щIэтIысхьэри, ехъулIэныгъэкIэ къаухащ икIи IэщIагъэ яхуэхъуащ. Абыхэм ящыщщ генерал-майор, стратегие унэтIыныгъэ зиIэ ракетэдзэхэм я командир Кривов Анатолий, псы щIагъым щызекIуэ кхъухьхэм я ракетэхэр щащI Макеевым и цIэр зезыхьэ центрым и инженер нэхъыщхьэ Жырыкъ Юрий, адмирал, Ленинград гарнизоным и комендант Каданцев Юрий, хьэршым щыIэ станцхэм папщIэ двигателхэр щызэхуахьэс щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и технолог нэхъыщхьэ Телешкэ Валентин, Къэзан дэт авиацэ зэгухьэныгъэм и директор Кертанов Юрий, хьэуа зыхъумэжыныгъэмкIэ дзэхэм я полковник Новиков Сергей, офицер, Дзэ-Хьэуа Къарухэм я кхъухьлъатэзехуэхэу Стрела Александррэ Гончаров Александррэ, дунейпсо класс зиIэ спортымкIэ мастер, Япэ авиацэ джэгухэм щытекIуа Михайленкэ Александр сымэ. Станцым кIуэуэ щытащ Аруан куейм и Iэтащхьэу щыта Къанокъуэ Антемыркъан, «Эрпак» заводым и унафэщI Ерчэн Джамбулэт. Налом и гъэсэнхэм ящыщу япэ дыдэу Къэзан дэт авиацэ институтым щIэтIысхьар Жырыкъ Юрийщ. И цIэр фIыкIэ зыгъэIуа щIалэм и фIыгъэкIэ нарткъалэдэсхэу техник ныбжьыщIэхэм я станцым щеджахэр яфIэфIу абы къащтэу щытащ.
- СощIэж, лIэщIыгъуэ блэкIам и 60 гъэхэр. ЩIалэ нэхъыжьхэм кхъулъатэхэм я моделхэр щагъэлъатэкIэ нэхъыщIэхэр дыкъызэхуэжэсу щытащ. ДытемэхыкIауэ абыхэм дакIэлъыплъырт. А щIалэ цIыкIухэр ди дежкIэ щапхъэшхуэт.
- Нало Залым къыхэкIащ Хэку зауэшхуэм и гугъуехьхэр нэсу зыхэзыщIа щIэблэм. 1942 гъэм и мазаем къы- щыщIэдзауэ зауэр иухыху ар фронтым Iутащ. Гвардием и сержант Нало Залым лъэсыдзэ полкым и фочауэ гупым и командиру щытащ икIи зэхэуэ нэхъ гуащIэ дыдэхэм — Сталинград зауэм, Ясскэ-Кишинёв операцэм, Украинэр, Польшэр, Венгриер, Австриер хуит къыщащIыжым, Освенцим концлагерым исахэр къыщрагъэкIыжым — хэтащ. ТIэунейрэ уIэгъэ хъуа пэтми, зэрыхъужу сатырым хэувэжырт. Абы къыхуагъэфэщащ ЩIыхьым, Хэку зауэшхуэм я орденхэр, «Германием зэрытекIуам папщIэ» медалыр, ТекIуэныгъэшхуэм и юбилейхэм хуэгъэпса медалхэр. Зауэ нэужьым Налор ягъэкIуащ Львов дэт лъэсыдзэ училищэм. Ар щыхьэт тохъуэ адыгэ щIалэм дзэр къыхуэныкъуэу, абы хуэдэхэр офицер гупым хагъэтыну зэрыхуеям.
- АрщхьэкIэ Нало Залым мамыр цIыхут. Зауэм ипэ къихуэу абы Арщыданрэ Уэзрэджрэ дэт школхэм тхыдэмкIэ щригъэджат. Абы и гъащIэр зыхилъагъуэр сабийхэр гъэсэнымрэ щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэнымрэт. ЕгъэджакIуэхэм я демобилизацэмкIэ унафэр къызэрыдэкIыу, училищэр къимыухауэ абы къигъэзэжащ къыщалъхуа Старэ Урыху къуажэм икIи тхыдэмкIэ егъэджакIуэу лэжьэн щIидзэжащ.
- Зэман дэкIри, ар Нарткъалэ Iэпхъуащ, Къэхъун дэт курыт школым и унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ, Старэ Шэрэдж къуажэ школым и директору щытащ. 1953 гъэм абы щхьэгъусэ ищIащ и лэжьэгъу, Нарткъалэ дэт курыт школ №1-м тхыдэмкIэ и егъэджакIуэ Бабарыкинэ Аннэ. 1957 гъэм Техник ныбжьыщIэхэм я станцыр къызэрагъэпэща нэужь и директор хъуащ икIи 1991 гъэ пщIондэ абы щылэжьащ.
- Сэ сытым дежи сфIэгъэщIэгъуэну щытащ, кхъухьлъатэхэми, моделированиеми, техникэми зэи пыщIэныгъэ хузимыIа цIыхур Техник ныбжьыщIэхэм я станцым и директору лэжьэну зэрытегушхуар. Шэч хэмылъу, ар лъэбакъуэ хахуэт. Дауи, абы литературэ щхьэхуэ куэд щIиджыкIын хуей хъуащ езым предметым хищIыкIын папщIэ. ПэщIэдзэхэм Налом иIакъым техникэм зыгуэр хэзыщIыкIын мастер е инженер. Ар езыр икIи мастерт, икIи инженерт, икIи егъэджакIуэт. Зэманым къызэригъэлъэгъуащи, абы ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэригъэхьащ. Илъэс 34-м къриубыдэу Нало Залым игъэхьэзыращ щIэныгъэлI, инженер, дзэм къулыкъу щезыхьэкIа, спортсмен, СССР-м и рекорд зыгъэува, Европэм, дуней псом я чемпион, спортым и мастер, спортым и мастерым и кандидат цIэрыIуэ куэд. Абы и гъэсэн щэ бжыгъэхэр ди къэралми нэгъуэщI щIыпIэхэми щытхъу зиIэ IэщагъэлIхэу щолажьэ.
- Зэхьэзэхуэхэр къызэригъэпэщурэ Нало Залым къэралым иригъэцIыхуащ Нарткъалэ, Аруан районыр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр. 1975 гъэм къыщыщIэдзауэ абы и жэрдэмкIэ Аруан щIыналъэм щокIуэкI къэралым и авиамоделист цIэрыIуэхэр щызэхуэс авиамоделированиемкIэ зэпеуэхэр. 1991 гъэ лъандэрэ абыхэм еджэ хъуащ «Нало Залым и кубок»-кIэ. Авиамоделистхэм я гупым Налом пщIэшхуэ щиIэт. Ар жэуаплыныгъэшхуэ зыхэлъ цIыху пэжт. Республикэ категорие зиIэ судьяуэ щытащ, мыхьэнэшхуэ зрат зэхьэзэхуэ куэд и пщэ къралъхьэрт уеблэмэ, авиамоделированием хэмыхьэуи. Апхуэдэу, ар судья нэхъыщхьэу щытащ 1981 — 1985 гъэхэм екIуэкIа школакIуэхэм жьыкIэ къэзыжыхь IэжьэхэмкIэ я зэпеуэхэм.
- Лэжьыгъэмрэ жылагъуэ Iуэхухэмрэ щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ Налом къыхуагъэфэщащ Лениным и юбилей медалыр, «ЩIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ отличник», «Социалист зэхьэзэхуэм щытекIуа», «Профсоюзхэм жыджэру щылэжьа», «Пионерхэм жыджэру ядэлэжьа», СССР-м и ДОСААФ-м и дамыгъэ лъапIэхэр. Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я район зэгухьэныгъэм илъэс зыбжанэкIэ и тхьэмадэу щытащ, район Советым и депутату хахащ.
- ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы и къуитIми зыщагъэсащ техник ныбжьыщIэхэм я станцым. ИкIи гуапэщ, я адэм кърихьэжьа Iуэхугъуэхэм зэрыпащэр, пащэ къудей мыхъуу, атIэ абыхэм зэрыхагъэхъуэнум, зэрызрагъэужьынум зэрыхущIэкъур.
- Нэхъыжьыр, Николай, илъэс куэдкIэ Налшык и троллейбус управленэм и унафэщIу щытащ. Иужьрей илъэсихым къриубыдэу Налшык къалэм и Iэтащхьэм и дэIэпыкъуэгъущ. Урысейм Авиамодель спортымкIэ федерацэм хэтщ, абы и судья коллегием и унафэщIщ. НэхъыщIэр, Юрий, и адэм зи лъабжьэ игъэтIылъа Техник ныбжьыщIэхэм я станцым и директорщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Авиамодель спортымкIэ и федерацэм и тхьэмадэщ. Нэхъапэм нэхърэ нэхъыбэ зэхьэзэхуэхэр иджы Нарткъалэ къыщызэрагъэпэщ. Абыхэм ящыщщ Урысейм и кубокхэмрэ чемпионатхэмрэ я Iыхьэхэр. ПщIэшхуэ зиIэщ Королёвым и кубокыр къэхьыным ятеухуа зэпеуэр. Абы кърохьэлIэ ди къэралым и авиамоделист, ракетэ зыухуэ нэхъ лъэщхэр, нэгъуэщI къэралхэм къикIахэр. Нало Юрий и псалъэхэм къызэрыхэщымкIэ, гъатхэм и кIэм екIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтыну хуейуэ тхылъхэр кърагъэхьащ Тыркумрэ США-мрэ щыщхэми. Нарткъалэ къыщызэрагъэпэщ зэпеуэхэр къэралым щынэхъ инщ, нэхъ цIэрыIуэхэщ. Абы дэт Техник ныбжьыщIэхэм я станцым и гъэсэнхэр зэхьэзэхуэ куэдым хэтщ икIи щIэх-щIэхыурэ пашэныгъэхэр щаубыд.
- Нало Залым и къуэрылъхухэу Николайрэ Алимрэ я адэхэм нэхърэ нэхъ жыжьэж нэсащ. Ахэр Урысейм авиамодель спортымкIэ мастерхэщ. Езыхэм ягъэхьэзыража моделхэмкIэ щIалэхэм къэралми дуней псоми текIуэныгъэ къыщахьащ.
- Куэд мэхъу Нало лъэпкъыр — ар тхакIуэ цIэрыIуэхэщ, щIэныгъэлIхэщ, экономистхэщ, творческэ лэжьакIуэхэщ. Зы къудамэм — Залымрэ абы и щIэблэмрэ — къыщыхэжаныкIащ авиа, ракетэмоделированием. ИкIи абы ехъу-
- лIэныгъэшхуэ щызыIэрагъэхьащ Аруан районым, республикэм, къэралым и щIыхьыр яIэту. Ди гуапэщ а унэтIыныгъэм иджыри щыхагъэхъуэну.
- КЪЫЗЭРЫС Борис.