Лъэпкъым и гуауэр ящыгъупщэркъым
2018-03-13
- Илъэс 74-кIэ узэIэбэкIыжмэ, 1944 гъэм гъатхэ-пэм и 8-м, Къэбэрдей-Балъкъэрым залымыгъэкIэ ирашри, Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ ягъэIэпхъуащ балъкъэр мин 38-рэ. Я хэкум зэрырагъэIэпхъукIам и зэран зэкIа балъкъэрхэм я фэеплъым деж гъатхэпэм и 8-м пэкIу щекIуэкIащ.
- Зэхыхьэм и пэ къихуэу, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и артистхэмрэ «Балкария» IуэрыIуатэ-этнографие къэрал ансамблым и къэфакIуэхэмрэ фэеплъым и утыкум деж жыгыщIэ щагъэтIысащ, балъкъэрхэм я хэкум къызэрагъэзэжам, абыхэм зэрызаужьым и дамыгъэу.
- ПэкIум хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, «Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэ Аттаев Жэмал, урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ «Вече» зэгухьэныгъэм и унафэщI Канунников Анатолий, республикэм и жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
- — Илъэс 74-рэ и пэкIэ зи щIыналъэм залымыгъэкIэ ираша балъкъэр лъэпкъыр илъэс пщыкIу- щым къриубыдэу зыхэта гугъуехьхэмрэ насыпыншагъэмрэ къызэфIагъэщIакъым, — къыхигъэ-щащ Аттаев Жамал.
- — 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м сыхьэтитIым къриубыдэу балъкъэрхэр я щIыналъэм ирашащ. Къытепсыха гуауэшхуэр къызэзынэкIыфа балъкъэрхэр пIалъэ кIэщIым къриубыдэу Урысейм и лъэпкъ нэхъ лъэрызехьэхэм икIи зызыужьхэм ящыщ зэрыхъуар умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. 1957 гъэм балъкъэрхэм я хэкум къагъэзэжыну хуит ящIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым гъэ къэс гъатхэпэм и 28-м щагъэлъапIэ Балъкъэрхэм я къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр, — жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и лIыкIуэхэу Сыжажэ Алимрэ Мисиров Хъызыррэ къызэхуэсахэр тхьэ ирагъэлъэIуащ политикэ залымыгъэм и зэранкIэ хэкIуэдахэм папщIэ. Апхуэдэхэщ Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысей Ипщэмрэ иса цIыху мин 800-р — къалмыкъхэр, къэрэшейхэр, шэшэнхэр, ингушхэр, балъкъэрхэр, тырку-месхетинхэр, нэгъуэщI лъэпкъхэр.
- ПэкIум зыкърезыгъэхьэлIахэм фэеплъымрэ балъкъэр усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Мечиев Кязим и кхъащхьэмрэ удз гъэгъахэр тралъхьащ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- Сурэтхэр Холлаевэ Любэ трихащ.