2018-01-13
- ПсыкIэ къызэрагъэпэщ
- Адыгей. Республикэм и Мейкъуапэ районым хыхьэ Махуэхьэблэ къуажэм псы дашэным епха лэжьыгъэр зэфIагъэкIащ. Абы трагъэкIуэдащ сом мелуани 10,8-рэ, нэхъыбэр — сом мелуани 6,8-р — федеральнэ бюджетым къыхэкIащ.
- Хамэ къэралхэм къикIыжу я хэкум къэзыгъэзэжахэр нэхъыбэу зыдэс къуажэм псым ехьэлIауэ 1998 гъэ лъандэрэ яшэча гугъуехьым кIэ игъуэтащ. Махуэхьэблэм и администрацэм и унафэщI Цей Мухьэмэд зэрыжиIамкIэ, иджы абы щопсэу я лъэхэгъу 260-рэ. ДяпэкIэ Махуэхьэблэ лъапсэ щызыухуэну хуеину унагъуэхэр нэхъыбэ хъунущ. ЩIы кIапэхэр щыкуэдщ.
- Махуэхьэблэ къуажэр къызэрагъэпэщауэ щытащ 1998 гъэм Косовэ къикIыжу Адыгейм къэкIуэжа адыгэу 165-м папщIэ. Иджыпсту абы щопсэу Сирием, Тыркум, Израилым, Иорданием къикIыжа унагъуэхэр.
- КонцертышхуэкIэ зэхуащIыж
- Къэрэшей-Шэрджэс.МахуэгъэпсыжьымкIэ нобэ ИлъэсыщIэр къыщрагъэхьэ махуэщ. Абы хуэгъэпса концертышхуэ нобэ щызэхэтынущ Черкесск къалэм и ут нэхъыщхьэм.
- МахуэгъэпсыжьымкIэ ИлъэсыщIэм зэрыпежьэм, КъШР-м и ИлъэсыщIэ псей нэхъыщхьэр зэрызэхуащIыжым теухуа махуэшхуэм щIидзэнущ пщыхьэщхьэм сыхьэт 17-м. Ар къызэIуахынущ ИлъэсыщIэм и лIыхъужь нэхъыщхьэхэм — Уае Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ. ХьэщIэхэм я нэгу зрагъэужьынущ Къэрэшей-Шэрджэсым и къэрал филармонием и артистхэм.
- УЭРДОКЪУЭ Женя.