Япэ адыгэ газетхэр
2018-01-13
- Дэ дызэрыщыгъуазэмкIэ, япэ адыгэ газетыр Дым Iэдэмрэ Цагъуэ Нурийрэ 1917 гъэм къыдагъэкIын щIадза «Адыгэ макъ» зыфIащаращ. Абы къыкIэлъокIуэ 1924 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м япэу дунейм къытехьа «Къэрэхьэлъкъыр». Ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, газет Iуэхум Налшык иджыри Граждан зауэм и зэманым зэфIэувэн щыщIидзат, зи гупыжри совет тхыдэм и нэфI зыщымыхуа «офицер хужьхэращ». Абы щыгъуазэ дещI Налшык хужьхэм я унафэм зэрыщIэтам теухуауэ «Къэрэшейм къиIуэтэжахэр» зи псалъащхьэ тхыгъэм, Жансит Уэсмэн и кандидат лэжьыгъэм щыщ пычыгъуэм.
- Къэрэшей Бэчмырзэ Мазае (Февраль) революцэм и ужькIэ Налшык къыщыунэхуа гъэзэщIа-кIуэ граждан комитетым и лIыкIуэт. Ар 1918 гъэм и шыщхьэуIумрэ щэкIуэгъуэмрэ я зэхуакум Налшык округым и комиссару щытащ. 1919 гъэм Къэрэшейм Бекович-Черкасский Тембот (зи гугъу ищIыр «Шуудзэ щхьэмыгъазэм» хэта офицер «хужьращ») иухуа администрацэм цIыхубэ унафэхэр щызэблэхыныр и къалэну хэтащ. Дызытепсэлъыхь Iуэхур Бэчмырзэ «1919 гъэм екIуэкIа пщы-уэркъ съездыр» тхыгъэм къыщеIуэтэж. Абы зэрыжиIэмкIэ, 1919 гъэм Налшык «хужьхэм» щаIыгъа зэман кIэщIым къриубыдэу, къалэм «Кабардинец» зи фIэщыгъэ газет махуитI къэс зэ урысыбзэкIэ къыщыдэкIыу щытащ. Дэфтэрхэм къыхощ газетым текIуадэ мылъкур барон Тандефельт къыбгъэдэкIыу зэрыщытар. «Адыгэбзэ къудамэм и унафэщIыр ЩоджэнцIыкIу Алийщ», — дыкъыщоджэ адэкIэ а тхыгъэм. Газетыр къуажэ унафэр зыIэщIэлъхьэм хуагъэхьырт. Редакторыр Татарчевский Михаил Иванович зи цIэ, большевикхэр Налшык къыдыхьэн ипэкIэ къалэм дэIэпхъукIа къулыкъущIэ гуэрт. Никольская зи унэцIэ абы и шыпхъум Налшык адрыщIкIэ, Долинск щIыпIэм, унэ-лъапсэ щиIащ.
- «Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ «хужьхэм» я унафэм зэрыщIэтам совет тхыдэджхэр щытепсэлъыхь-кIэ большевикхэм лей къазэрытехьахэм, ахъшэ къызэрыхахам, щIалэхэр армэм зэрыдашам, къинэмыщIхэм фIэкIа и гугъу ящIыркъым, — щетх Жансит Уэсмэн «Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ большевикхэм зэрапэщIэтар» и лэжьыгъэм. — Ауэ щыхъукIэ, Бекович-Черкасскэм и администрацэр узыншагъэр хъумэным, щIэныгъэм зегъэужьыным хуэдэ Iуэхухэм егугъурт. «Лъэпкъым и щэнхабзэм зригъэужьын» мурадкIэ, абы 1919 гъэм и накъыгъэм щегъэжьауэ тхьэмахуэ къэс «Адыгэ газетэ» къыдигъэкIыу щытащ, къэбэрдей адыгэбзэкIэ тхарэ хьэрып хьэрфкIэ къэщыпауэ. КъинэмыщIауэ, «Кабардинец» зи фIэщыгъэ газетри къыдэкIыу щытащ».
- Жанситым зи гугъу ищI газетым и хъыбарым дыщрохьэлIэ Бытыр-быху дэт Урысей лъэпкъ библиотекэм и жэрдэмкIэ 2002 гъэм къыдэкIа «Совет зэманым химыубыдэ газетхэр (1918 — 1922)» тхылъым. 209-нэ номерым щIэту абы дыкъыщоджэ: «Кабардинец». Махуэ къэс хъыбархэмрэ телеграммэхэмрэ. Редакторым и къалэныр Хуциев М. Е. егъэзащIэ, къэбэрдей къудамэр зыгъэлажьэр Цагъуэ Н. 1919 гъэ, фокIадэм и 22; Тэрч — Дагъыстэн край. Барон Тандефельт къыдегъэкI, щытрадзар Львов К. М. и цIэр зезыхьэ типографиеращ».
- Даутокъуэ-Серебряков Заурбэч и тхыдэтх Чхеидзе Константин и гъащIэм теухуа тхыгъэри щыхьэтщ куржы зауэлI-тхакIуэм «1919 гъэм Врангелым и «Кабардинец» газетым тхыгъэхэр къытрыригъадзэу зэрыщытамкIэ.
- Чэрим Марианнэ