Мы махуэхэм
2018-01-13
- ЩIышылэм и 13, щэбэт
- Урысей Печатым и махуэщ. УФ-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиу-мым 1991 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ.
- 1703 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ къыдэкIащ «Ведомости о военных и иных делах» урысейпсо газетым и япэ номерыр.
- 1830 гъэм «Литературная газета» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ.
- 1858 гъэм къагъэсэбэпу щIадзащ япэ урысей пощт маркэр.
- 1872 гъэм Урысейм лэжьэн щыщIидзащ дунейм и щытыкIэм кIэлъыплъ, къэунэхуну махуэм ар зыхуэдэнур къэзыхутэ IуэхущIапIэм.
- 1874 гъэм Урысейм и пащтыхь Александр II къыдигъэкIащ «Дзэм къулыкъу щыщIэным теухуа уставыр». Зи ныбжьыр илъэс 21-рэ ирикъуа цIыхухъум абы къалэн щищIырт къэралым къулыкъу хуищIэн хуейуэ.
- Физик цIэрыIуэ, СССР-мрэ Украинэмрэ щIэныгъэхэмкIэ я академиехэм я академик Лифшиц Илья къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу.
- «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщI, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Уэрдокъуэ Женя къыщалъхуа махуэщ.
- Актрисэ, режиссёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Апексимовэ Иринэ и ныбжьыр илъэс 51-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 7 — 5, жэщым градуси 8 — 7 щыхъунущ.
- ЩIышылэм и 14, тхьэмахуэ
- МахуэгъэпсыжьымкIэ (Юлиан еймкIэ) ИлъэсыщIэм и япэ махуэщ
- Узбекистаным щагъэлъапIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэр
- 1700 гъэм Пётр Езанэм унафэ ищIащ европэ къэралхэм щыпсэухэм я щыгъынхэм хуэдэхэмкIэ пщы псо-ми захуэпэн хуейуэ.
- 1814 гъэм Санкт-Петербург къыщызэIуахащ Императорым и библиотекэр. Абы екIуалIэ хъунут гупыж зыщI дэтхэнэри.
- 1921 гъэм Налшык къыщызэIуахащ къэрал библиотекэ.
- 1929 гъэм Москва областыр къызэрагъэпэщащ.
- 1980 гъэм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и зи мычэзу сессием щытепсэлъыхьащ советыдзэхэр Афганистаным зэрырашам икIи СССР-м ича лъэбакъуэмкIэ зэрымыарэзыр жаIащ.
- Адыгэпщ, Урысейм и къэрал лэжьакIуэ, дзэ къулыкъущIэ Черкасский Дмитрий (Къанщауэ) къызэралъхурэ илъэс 437-рэ ирокъу.
- Адыгэ тхакIуэ ЩакIуэ Талъостэн къызэралъхурэ илъэси 128-рэ ирокъу.
- Совет тхакIуэ, Сталиным и цIэкIэ щыIа саугъэтыр зрата Рыбаков Анатолий (и унэцIэ дыдэр Наумовщ) къызэралъхурэ илъэси 107-рэ ирокъу.
- Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Шэвлокъуэ Валентин и ныбжьыр илъэс 82-рэ ирокъу.
- КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, уэрэджыIакIуэ Уэтэр Анатолий къызэралъхурэ илъэс 77-рэ ирокъу.
- Совет хоккеист, Олимп джэгухэм тIэунейрэ (1972, 1976 гъэхэм) щытекIуа, дунейми Европэми мызэ-мытIэу я чемпиону щыта Харламов Валерий къызэралъхурэ илъэс 70 ирокъу.
- Педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ — егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министр Емуз Нинэ къыщалъхуа махуэщ.
- УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Самохинэ Аннэ къызэралъхурэ илъэс 55-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщыты-нущ, уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 6 — 4, жэщым градуси 6 — 5 щыхъунущ.
- ЩIышылэм и 15, блыщхьэ
- Урысей Федерацэм СледствиемкIэ и комитетыр къыщызэрагъэпэща махуэщ (2011 гъэм)
- Википедием — ИнтернеткIэ къагъэсэбэп щIэнгъуазэм — лэжьэн щыщIидза махуэщ
- Хорватиер къэрал щхьэхуэу къыщалъыта махуэщ (1992 гъэм). Европэ зэгухьэныгъэм щыщ къэрал 12-м ар щхьэхуиту къалъытауэ щытащ.
- 1897 гъэм Урысейм дыщэ ахъшэм щызекIуэу щIидзащ. Сомыр дуней псом валютэ нэхъ лъэщ дыдэ щыхъуат.
- 1943 гъэм Пентагоныр — США-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и унэр — ухуэн яухащ.
- 1955 гъэм Китайм и Iэтащхьэхэм унафэ къащтащ езыхэм я ядернэ Iэщэ ящIыным теухуауэ.
- 2006 гъэм Чилим щыяпэу а къэралым и президенту цIыхубз хахауэ щытащ. Ар Бачелет Мишелщ. 2014 гъэм и гъатхэпэм и 11-м ар етIуанэу а къулыкъум хахыжауэ мэлажьэ.
- Франджы драматург-комедиограф, актёр Мольер Жан къызэ- ралъхурэ илъэс 396-рэ ирокъу.
- Урысей дипломат, драматург, усакIуэ Грибоедов Александр къызэралъхурэ илъэс 223-рэ ирокъу.
- Адыгей усакIуэ, композитор, IуэрыIуатэдж Кубэ Шэбан къызэралъхурэ илъэси 128-рэ ирокъу.
- Урыс усакIуэ, тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, критик Мандельштам Осип къызэралъхурэ илъэси 127-рэ ирокъу.
- Къэрал, политикэ лэжьакIуэ Ахъуэхъу Аслъэнбий къызэралъ-хурэ илъэси 106-рэ ирокъу.
- ПсыщIагъырыкIуэ кхъухьым и унафэщIу щыта, Совет Союзым и ЛIыхъужь Маринеско Александр къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу.
- Актёр, режиссёр, СССР-м и цIыхубэ артист, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта Весник Евгений и ныбжьыр илъэс 95-рэ ирокъу.
- США-м цIыху зэхэгъэж щымыгъэIэным и бэнакIуэ лъэщу, зи фэр фIыцIэхэм я къыщхьэщыжакIуэу щыта, Нобель и саугъэтым и лауреат Кинг Мартин Лютер къызэралъхурэ илъэс 89-рэ ирокъу.
- Пшынауэ Iэзэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артисткэ Бырмамыт Гуащэкъарэ къызэралъхурэ илъэс 86-рэ ирокъу.
- КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ, IуэрыIуатэдж, жылагъуэ лэжьакIуэ Шэрджэс Алий и ныбжьыр илъэс 82-рэ ирокъу.
- Композитор, УФ-м и цIыхубэ артист Дунаевский Максим и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу.
- «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Щоджэн Иннэ къыщалъхуа махуэщ.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 3 — 2, жэщым градуси 6 — 5 щыхъунущ.