ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъехъулIахэр щызэхалъхьэж

2017-12-26

  • Дауэ лэжьа Жылагъуэ палатэр 2017 гъэм?
  •  Ди газетым зэрытетащи, КъБР-м и Парламентым дыгъэгъазэм и 22-м щызэхэтащ республикэм и Жылагъуэ палатэм и IX пленарнэ зэIущIэр. Ар теухуауэ щытащ IуэхущIапIэм 2017 гъэм зэфIигъэкIахэмрэ етIанэгъэ къыпэщылъхэмрэ. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ.
  •  
  • Республикэм и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий зэхыхьэр къыщызэIуихым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий я IуэхущIапIэм хужиIа псалъэхэр къихьащ: «Къызыхуэтыншэу лажьэ Жылагъуэ палатэр къалэн куэд зэфIихыну жылагъуэмрэ къулыкъущIэхэмрэ зыщыгугъщ. Абы и пщIэм куэдкIэ хэхъуащ».
  • 2017 гъэм я IуэхущIапIэм зригъэхъулIахэм я гугъу щищIым, Бердым къигъэлъэгъуащ я лэжьыгъэр нэхъыщхьэу зыхуэунэтIауэ щыта Iуэхугъуэхэр. Ахэр хабзэм тету жылагъуэр къызэрапщытэ Iэмалхэр ирагъэфIэкIуэнырщ, социальнэ унэтIыныгъэ зиIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьыныр зи къалэн нэхъыщхьэ мыкоммерцэ организацэхэм ядэIэпыкъунырщ, къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я деж щыIэ жылагъуэ советхэм я лэжьыгъэр ефIэкIуэнымкIэ зыщIагъэкъуэнырщ, щIалэгъуалэм къыхалъхьэ жэрдэмхэр даIыгъынырщ, закъыхуэзыгъазэ цIыхухэм я Iуэху зэIумыбзхэр зэфIахыным и IуэхукIэ ядэлэжьэнырщ.
  • Къэпсалъэм жиIащ отчёт лъэхъэнэм къриубыдэу Палатэм пленарнэ зэIущIи 4 зэрыригъэкIуэкIар. Ахэр теухуауэ щытащ КъБР-м и щэнхабзэм, курорт-рекреацэ комплексым и щытыкIэхэм, лъэпощхьэпохэм, республикэм и хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ, нэгъуэщIхэми. КъищынэмыщIауэ, Жылагъуэ палатэм и Советым и зэIущIэ 11 зэхэтащ. Абыхэм къыщаIэтащ республикэм и гъащIэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехьэлIа Iуэху зэIумыбзхэр.
  • — КъулыкъущIэхэр ди чэнджэщхэм куэдкIэ нэхъ къыщIэдэIу, абыхэм зэрыхэплъам кърикIуам теухуа хъыбархэр и чэзум къытлъагъэIэсыж хъуащ, — къыхигъэщащ Бердым. — Жылагъуэ палатэм мы гъэм зыкъытхуэзыгъэзахэм я Iуэху зэIумыбзхэм я нэхъыбэр зэхьэлIар цIыхухэм я псэупIэр егъэфIэкIуэнырщ, пхъэнкIий идзыпIэхэр Iухынырщ, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр егъэфIэкIуэнымрэ абыхэм я уасэр зэрахуэмытымрэщ, гъуэгухэр зэгъэпэщыжынырщ.
  • Берд Хьэзрэталий зэрыжиIамкIэ, я IуэхущIапIэм зыкъыхуэзыгъазэхэм ягъэзэкIуэжыну къагъэлъагъуэ Iуэху мыщхьэпэхэм наIуэу къыщыгъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я социально-экономикэ щытыкIэм зыщыхуэзэ лъэпощхьэпохэр зыхуэдэр. Абы жиIащ илъэсым къриубыдэу республикэм и Жылагъуэ палатэр урысейпсо къэпщытэныгъэхэм, КИФЩI-м и Жылагъуэ советым и чэнджэщкIи, езыхэм я жэрдэмкIи КъБР-м и гъуэгухэм я щытыкIэм, Iэмал имыIэу цIыхухэр нэхъ зыхуэныкъуэ хущхъуэхэм я уасэхэм, щIыналъэм и жылагъуэ политикэр, республикэм и къуажэхэм щэнхабзэмкIэ я унэхэр зыхуэдэм зэрыкIэлъыплъар.
  • ЕтIанэгъэ Жылагъуэ палатэм игъэзэщIэну къыпэщылъ Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьым, Бердым жиIащ муниципальнэ IуэхущIапIэхэм я жылагъуэ советхэм я Iуэхухэр къыщызэрагъэпэщкIэ методикэ дэIэпыкъуныгъэхэр зэрыратынур.
  •  ЩIыуэпсыр хъумэным хухаха илъэсым кърикIуахэр къыщызэщIикъуэжым, Берд Хьэзрэталий къыхигъэщащ республикэм и щIыналъэ куэдыр къабзагъэм зэрыхуэхейм, ди щIыпIэм щIыуэпсыр хъумэнымрэ псэупIэмкIэ жылагъуэ инспекторхэр нобэр къыздэсым къызэрыщызэрамыгъэпэщам зэригъэпIейтейр.
  • — Псом хуэмыдэу Жылагъуэ палатэм гулъытэ нэхъыбэ хуищIынущ 2018 гъэм гъатхэпэм екIуэкIыну ди къэралым и Президентым и хэхыныгъэхэм жылагъуэр къыщыпщытэным, — къыхигъэщащ Бердым. — Палатэм къыпэщылъщ республикэм и хэхыныгъэ участкэ 354-р жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэмкIэ къызэригъэпэщыну, щIыналъэм и ХэхакIуэ комиссэм щIыгъуу ахэр иригъэджэну.
  • Дызэрыт илъэсым зэфIагъэкIахэр и тегъэщIапIэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм экономикэмкIэ, хьэрычэт Iуэхумрэ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмкIэ и комиссэм и унафэщI Павленкэ Владимир. Абы къыхигъэщхьэхукIащ комиссэр илъэсым къриубыдэу зыхэплъа Iуэху зэIумыбзхэмрэ ахэр зэ-фIэхыным я IуэхукIэ гъэзэщIакIуэ властхэм хуагъэхьа чэнджэщхэмрэ зыхуэдэр. Павленкэ Владимир зэхыхьэм къыщыхилъхьащ Жылагъуэ палатэмрэ республикэм и муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ зэгурыIуэныгъэхэр зэращIылIэну, администрацэхэмрэ щIыпIэ самоуправленэхэм я Советхэмрэ я зэIущIэхэм Палатэм хэтхэр ирагъэблэгъэн папщIэ. Абы и щхьэусыгъуэу къигъэлъэгъуар я къалэм, районым щыщу Жылагъуэ палатэм хэтхэр языныкъуэхэм зэрамыцIыхурщ.
  • Республикэм и Парламентым Егъэ-джэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комиссэм и унафэщI Азычэ Светланэ депутатхэм къабгъэдэкIыу Жылагъуэ палатэм хэтхэм фIыщIэ яхуищIащ хабзэубзыху органым жыджэру зэрадэлажьэм папщIэ. Апхуэдэу Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ советым хэтхэм абы псалъэ гуапэхэр яхужиIащ республикэм и щIалэгъуалэ политикэм теухуа Iуэхухэм жыджэру зэрыхуэлажьэм папщIэ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём фIыуэ къилъытащ властымрэ жылагъуэмрэ зэрызэдэлажьэр нэхъри егъэфIэкIуэным, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр Iуэхум тегъэгушхуэным ехьэлIауэ республикэм и Жылагъуэ палатэм 2017 гъэм зэфIигъэкIахэр. Абы и жэрдэмщ гъэ къакIуэ щыщIэдзауэ Палатэм и сайтыр къагъэсэбэпу цIыхухэм я Iуэху зэIумыбзхэр зыхуэдэм щIэупщIэныр.
  • ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щIыуэпсыр хъумэнымкIэ, мэкъумэш хозяйствэмкIэ, къуажэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и унафэщI Уянаев Борис, Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ советым и Iэтащхьэ Шэджэмокъуэ Оксанэ сымэ.
  • КъБР-м и Парламентым, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм, республикэм ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм, КъБР-м Граждан жылагъуэ институтхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм я щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэщахэм зэхыхьэм щратыжащ. Апхуэдэхэщ Бажэ Дотий, Павленкэ Владимир, Iуэхъу Анатолий, Уянаев Борис, Кульбаев Хьэким, Къалмыкъ Жылэбий, Гуппоев Тимур сымэ, нэгъуэщIхэри. КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм щагъэпэжащ «КъБР-м и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм 2017 гъэм я жылагъуэ совет нэхъыфI» республикэ зэпеуэм пашэ щыхъуахэр. Апхуэдэхэщ Егоровэ Галинэ, Уэзрокъуэ Абубэчыр, Мэзло Руслан сымэ.
  • ЗэIущIэм къыщащтащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм 2018 гъэм и лэжьыгъэр зыхуэдэнум теухуауэ къыхалъхьа планыр.
  • Берд Хьэзрэталий зэхыхьэм хэтхэм къэблагъэ ИлъэсыщIэмкIэ ехъуэхъуащ икIи жиIащ зытехьэну 2018 гъэр мытыншми, Жылагъуэ палатэм и жыджэрагъыр зымащIэкIи игъэкIащхъэ зэрымыхъунур, жылагъуэм, дэтхэнэ зы цIыхуми я Iуэху зэIумыбзхэр зэфIахыныр я къалэн нэхъыщхьэу къызэрынэжыр.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.