Мысостышхуэ Маринэ: Сэ къызгуроIуэ КIунэ сызэрырагъапщэр
2017-12-05
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналисткэ Мысостышхуэ Маринэ ди псэлъэгъущ.
- — Маринэ, уи сабиигъуэм щегъэжьауэ театрыр зищIысыр къызэрыпщIам шэч къытесхьэркъым, Пщызэбийрэ КIунэрэ я дунейр арати. Театрыр дауэ къыпщыхъурэт абы щыгъуэм?
- — Театрыр ди унэ етIуанэ хуэдэт. Спектаклхэм сеплъ зэпытт, лъэпкъ театрыр нэгъуэщI щIыналъэхэм щыкIуэкIэ, сэри срагъусэт. Уеблэмэ сыцIыкIу дыдэуи спектакль зыбжанэм зыкъыщызгъэлъэгъуэну къысхуихуащ. Илъэситху сыхъуми арагъэнт, «Медея» спектаклым сыщыхэтам. ГъэщIэгъуэн къысщыщIат абы щыгъуэм. Медея и бынхэр щеукIыж а спектаклым, аращи, дылIа хуэдэу щытын хуейт, арщхьэкIэ и мычэзууэ сыкъыкъуэплъри, псори зэIызгъэхьэ пэтащ. Абы и ужькIэ сысабийуэ сыщагъэджэгужакъым ди театрым и спектаклхэм.
- Актёрхэм махуэ къэс уащыIущIэкIэ, дауи, уесэнтэкъэ?! Уеблэмэ хьэщIапIэ хэт деж дымыкIуами, зыри хамэу зэи къысщыхъуакъым. Болэ Мурат, Сонэ Мухьэрбий, ДыщэкI КIунэ, а зэманым театрым зи гуащIэ хэзылъхьа нэхъыжьыфIхэр икъукIэ я лэжьыгъэкIи цIыху хэтыкIэкIи узэхъуэпсэнт, щапхъэт.
- — Маринэ, зэуэ къыбгурыIуа гъащIэ IэщIагъэ пхуэхъунур?
- — Къыхэсхыну IэщIагъэм сегупсысу, курыт еджапIэр къыщызух гъэ дыдэм, Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр институтым (Москва къалэм) ягъэкIуэнухэр къыхахыу ирихьэлIащ. Сэ абы сыщIэтIысхьэну сызэрыхуейр занщIэу жысIащ, арщхьэкIэ мамэ арэзытэкъым. ЕрыскъыхэкIхэм пыщIа лэжьакIуэхэр щагъэхьэзыр еджапIэм сыщIэтIысхьэныр нэхъ фIэтэмэмт абы. Сэ сыпщэфIэну сфIэфIт икIи хъарзынэу а Iуэхур къызэхъулIэрти, арагъэнт абы щIытригъэчыныхьыр. Актёрым и улахуэр зэрымащIэр, щыщIыIи щыхуаби къуажэхэм кIуэн хуей зэрыхъур — сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкIэ сыхущIригъэгъуэжыну ар хэмытами: «Сэри уэ уэщхьу утыкум ситыну сыхуейщ», — жысIэри сукъуэдиящ икIи 1984 — 1988 гъэхэм ди щыхьэрым щIэныгъэ щызэзгъэгъуэтащ.
- — Уи япэ ролхэр сыт хуэдэт?
- — 1986 гъэм япэ дыдэу Фырэ Руслан игъэува-уэ щытащ Толстой Алексей и тхыгъэм къытращIыкIа «Бгъэмрэ бгъэ анэмрэ» спектаклыр. Абы еджапIэ нэужьым къикIыжахэр дыхагъэхьауэ щытащ. Псалъэ сиIакъым, ауэ абы пащтыхь гуащэ Старицкая Ефросинье и пхъурылъху цIыкIуу сыщыджэгуат. Абы къыкIэлъыкIуэу, Хугаевым и пьесэм Къубатий Мухьэмэд къытрищIыкIа «Си щхьэгъусэм и щхьэгъусэ» спектаклым сыхагъэхьэри, илъэситIым и кIуэцIкIэ ар дгъэлъагъуэу Къэбэр-дейр къызэхэткIухьащ. БжэIумых Бэллэрэ сэрэ Заретэ и ролыр дгъэзащIэрти, чэзуурэ къуажэхэм дыкIуэрт. АдэкIэ къыкIэлъыкIуащ «Уафэгъуагъуэ макъ», «Тыргъэтауэ» лэжьыгъэхэр.
- Спектакль къэс сыт щыгъуи артистыр мэгузавэ, къызэхъулIэну, си джэгукIэр ягу ирихьыну пIэрэ, жиIэу. Апхуэдэу щымытамэ, ди зэфIэ-кIым тхухэгъэхъуэну къыщIэкIынтэкъым. СпектаклыщIэр щыдгъэлъагъуэ япэ пщыхьэщхьэр ар псоми ди зэхуэдэ гъэунэхуныгъэщ. ЗэрыжысIауэ, умыгузавэмэ, умыартисту аращ. Пщыхьэщхьэ къэс къакIуэ цIыхур зэщхькъым, нэгъуэщIщ я гукъыдэжкIи, я гупсысэр зытеухуамкIи. Абы къыхэкIыу, дэ щIэрыщIэу къару хэтлъхьэу нэхъ ипэкIэ зыкъызэрыдгъэлъэ- гъуам нэхърэ нэхъыфIыжу утыкум ди лэжьыгъэр къитхьэн хуей мэхъу. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэщ сыт хуэдэ ролми сызэрелэжьар.
- — Уи ролыр зэрыбгъэзэщIам теухуауэ КIунэ уи критик нэхъыщхьэр?
- — КIунэ критик къудей мыхъуу, икъукIэ критик ткIийщ (мэдыхьэшх — Б. Л.). Пщызэбий дадэ, арат абы дызэреджэу щытар, нэхъ гумащIэт. Абы зыгуэр игу иримыхьамэ, махуэ зыбжанэ-кIэ езым ар игъэвынурэ, итIанэ убгъэдэсу и чэнджэщ къуихьэлIэну арат. Нэхъыбэрэ абы гу зылъызигъатэр си бзэр зэрезгъэфIэкIуэнырт.
- — Утыку укъыщихьэкIэ, пэшым уи благъэ-Iыхьлы щыщIэсым и деж уджэгуну нэхъ гугъукъэ?
- — Нэхъ уогузавэ. Уи Iыхьлым игу зрибгъэхьы-ну апхуэдизкIэ ухуейщи, нэхъыфIыжу уджэгуну иужь уохьэ, а Iуэхум удехьэхыIуэри, гулъытэ зыхуэщIыпхъэ куэд лъэныкъуэ егъэза мэхъу. Аращи, нэхъыфI пщIыну ухущIэкъуурэ, нэхъ мыхьэнэншэ щыпфIэхъу къохъу.
- — Актёр IэщIагъэ и лъэныкъуэкIэ хэт уи егъэджакIуэ нэхъыщхьэ дыдэр?
- — Дауи, ар си адэ-анэращ. Абыхэм сабгъуры-ту сызэрысабийрэ театрым сыщыщIэтакIэ, зыхэслъхьар абыхэм ядэслъэгъуаращ. Шэч хэмылъу, еджапIэми куэд къыщысщIащ, Вахтанговым и школым къыщIэкIа гуп нэхъыжь дыдэхэм ящыщхэу Львовэ Верэ, Борисов Анатолий, Стромов Юрий сымэ драгъэджати. НэгъуэщI зы гъэщIэгъуэн сигу къокIыж еджапIэм теухуауэ: къыщыдухым, чэнджэщ къызатат Цыджанхэм я театрым сыкIуэмэ, фIы дыдэу абы сыщылэжьэфыну. Си щхьэцыр фIыцIэрэ утIэрэзауэ, баринэу еутIыпщхьэхати, цыджан хъыджэбзхэм сахэгъуэщэнкIэ хъуну къащыхъуу арагъэнт. Ауэ сыкъэкIуэжащ. НэгъуэщI театр сыщылэжьэну зэи сигу къэкIакъым икIи сыхуеякъым.
- — Актёр къэс, и зэфIэкIыр зыхэлъым къищынэмыщIа, къемыхъулIи щыIэу къыщIэ-кIынщ? Абы укъытхутепсэлъыхьыфыну?
- — Сэ сыактрисэ бэлыхьу езым зыкъысщыхъужынкIи хъунщ, арщхьэкIэ, сэ сызэреплъымкIэ, си зэфIэкIыр къэзыгъэлъэгъуэфынур утыку сызэритымрэ цIыхум ягу сызэрынэсымрэщ. НэхъыфIу схэлъым и гугъу сщIымэ, къыхэзгъэщыфынур зэпымыууэ сылэжьэну, си зэфIэкIым хэзгъэхъуэну сызэрыхуейр арагъэнщ. Утыку къихьэну зыфIэмыфI артистыр артисткъым.
- КъызэмыхъулIэ щыIэми, сытепсэлъыхьыну къыщIэкIынтэкъым (мэдыхьэшх — Б. Л.). Ауэ роль гугъур сыт хуэдэ уи дежкIэ жыпIэмэ, утыку иджыри къыумыхьаращ. Ар къызэрохъулIэну щIыкIэр пщIэркъыми, уи къарум ущымысхьы- жу махуэ къэс абы уолэжь. ИкIэм-икIэжым, апхуэдиз зэман зытебгъэкIуэда ролыр уи быным хуэдэ мэхъу, жэщи махуи уегупсысу укъонэ.
- Нэхъ иужьрейхэм ящыщу икъукIэ си гуапэу селэжьащ Фырэ Руслан игъэува «Гулъытэншэ хъуахэр», «Унэ лъапIэ» спектаклхэм щызгъэзэщIа ролхэм.
- — Сыт хуэдэ роль ущIэхъуэпсрэ, Маринэ?
- — ЖысIэну тIэкIу емыкIуми сщIэркъым, ауэ си анэм ищIа образыр си щапхъэщ. Тыргъэ-тауэ хуэдэу зэфIэкI, къару зиIэ цIыхубзщ зи гугъу сщIыр. ЦIыхухэр зэрыIыгъын, фIыуэ зэрылъагъун зэрыхуейр дгъэлъэгъуэн, а гупсысэм егъэувэлIэным дыхуэщхьэпэн хуейуэ къысщохъу. Зэрылъытэу, зыр адрейм егуапэу, зэхуэнабдзэгубдзаплъэу щытмэ, дунейри нэхъ мамыр хъунут. ЦIыху гъащIэр апхуэдэу кIыхькъым, ар Iейм тебгъэкIуэдэну.
- ЗгъэзэщIарэт жысIэу сиIэ хъуэпсапIэр — ар щэхущ. Артистхэм, зэрыпщIэщи, езыхэм я нэщэнэ гуэрхэр я фIэщ хъужу яIэщ. Псалъэм папщIэ, театр утыкум щIыбкIэ зыхуэбгъазэ хъунукъым. Абы ещхьщ уи хъуэпсапIэр жыпIэмэ, къыдэмыхъулIэну къызэрытщыхъури, нэгъуэщI куэди. Артистыр, къапщтэмэ, сабийм хуэдэщ. Апхуэдэу щымытамэ, апхуэдиз хьэл-щэн зэхуэмыдэм дихьэфынутэкъым. Пьесэм делэжьыну къыщытщтэм и деж псори дызэхуэдэщ, цIыхубэ артистри къызэрыгуэкIри. Япэ классым ущыкIуам ещхьу, алфавитыр зэрызрагъащIэм хуэдэу, псоми зэгъусэу къыщIадзэ. Ауэрэ щхьэж и ролыр ирегъэфIакIуэ. Сыт артистым и лэжьыгъэр дохуты-рым, егъэджакIуэм, нэгъуэщIхэм яйм къазэрыщхьэщыкIыр?! Артистыр махуэ къэс образ зэхуэмыдэ куэдым ихьэн хуей мэхъу, ар цIыхум я фIэщ ищIыфу. Ар къехъулIэн щхьэкIэ, псэкIэ зэныкъуэкъужын хуей мэхъу. Си анэ шыпхъур «Тыргъэтауэ» спектаклым щеплъам щыгъуэ, КIунэ къыжриIауэ щытат: «Апхуэдиз къарурэ узыншагъэрэ щхьэ бгъэкIуэдын хуей?!». Артистым и къару химылъхьэмэ, ищIэр къехъулIэнукъым.
- — ЗэрытщIэщи, журналистикэми уи гуащIэ хыболъхьэ…
- — Журналистикэм сызэрыхыхьэрэ мы гъэм илъэс 16 хъуащ. СызэреплъымкIэ, актёр IэщIагъэмрэ журналист лэжьыгъэмрэ зыр адрейм и сэбэп изогъэкIыж. Япэми етIуанэми дызыдэлажьэр цIыхуращ. СфIэгъэщIэгъуэну саIуощIэ цIыхухэм, абыхэм я Iуэху еплъыкIэм зыщыбгъэгъуэзэну хьэлэмэтщ. ЦIыху къэс и хьэлым, зыIыгъыкIэм, псэлъэкIэм гъэщIэгъуэну зыгуэр къыхыбохыф, ар Мэлычыпхъу и дыщэ чысэм ещхьу щIэншэщи, утыкум къызэрыщызгъэсэбэпыжыным хузогъэтIыгъуэ. КъинэмыщIауэ, сабийхэм эстетикэ гъэсэныгъэ етыным хуэлажьэ, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ центрым ныбжьыщIэ цIыкIухэр актёр IэщIагъэм щыхызогъэгъуазэ, ари сигу ирихь IэщIагъэм щыщщ.
- — Маринэ, уи анэм и гъусэу утыкум ущыджэгуныр тынш хьэмэ гугъу?
- — «Гуащэ ябгэ» спектаклым илъэс куэд хъуауэ дыщызэдоджэгу гуащэрэ нысэу, къищынэмыщIауэ, «Уахътыншэ хъуахэр» лэжьыгъэм зэанэзэпхъуу дыхэтщ. Си дежкIэ сыт щыгъуи тыншщ КIунэ сыдэджэгуну, ауэ езыр гугъу езмыгъэхьу пIэрэ, жызоIэ (мэдыхьэшх). Къапщтэмэ, хьэл-щэнкIэ апхуэдэу гъунэгъуу ущызэрыцIыхум деж, утыкум псалъэншэуи ущызэгурыIуэфынущ. Абы и лъэныкъуэкIэ ар сэбэп къытхуэхъуу къысщохъу.
- Сэ къызгуроIуэ КIунэ сызэрырагъапщэр, абы къыхэкIыу си лэжьыгъэм нэхъ жэуаплыныгъэ схэлъын хуейуэ къысхуегъэув. Хэти и дуней тетыкIэкIэ, цIыху хэтыкIэкIэ артистщ, ар имыIэщIагъэми. НэгъуэщI зы лIэужьыгъуи щыIэщ: утыкум щыартисту, ауэ и дуней тетыкIэкIэ цIыху щэхуу. Сэ иужьрейхэм захызобжэ.
- Епсэлъар
- Багъэтыр Луизэщ.