Процентхэр егъэмащIэ
2017-11-11
- Урысейм и Мэкъумэш банкым хъыбар къитащ цIыху щхьэхуэхэм процент нэхъ мащIэ зытехуэ кре- дит Iуэхутхьэбзэхэр яхуищIэн зэрыщIидзар. Иджы узэрыхуейм хуэдэу къэбгъэсэбэпыну узыхуит щIыхуэхэм техьэр проценти 10-м къыщыщIидзэнущ, — нэхъапэм зэрыщытам елъытауэ пункти 2,5-кIэ ирагъэхащ.
- КъищынэмыщIауэ, программэ щхьэхуэхэм хыхьэ кредитхэм щхьэщатыкI процентхэр ягъэмэщIащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, нэгъуэщI банкхэм иратыжын хуей щIыхуэхэр зэрапшыныжын кредитхэр (илъэсым хуэзэу техьэнур процент 11,5-м къыщыщIэдзащ), пенсионерхэм ират кредитхэр (процент 11,5-м къыщыщIэдзауэ), уней подсобнэ хозяйствэ зезыхьэ цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр (процент 12,5-м къыщыщIэдзауэ). Процент къэгъэлъэгъуахэм къару яIэнущ, Iуэху-тхьэбзэр къэзыгъэсэбэпым и гъащIэмрэ и узыншагъэмрэ страхованэ ищIмэ.
- «Урысейм и Мэкъумэш банк» АО-р кредит тынымкIэ урысей рынокым щынэхъ лъэщхэм ящыщ зыщ. Ар ящыщщ къэралым розницэ кредит портфель нэхъ ин зыбгъэдэлъ и банк нэхъыфIищым.
- Iуэхутхьэбзэхэм нэхъ зэпкърыхауэ зыщагъэзэгъуэзэфынущ банкым и www.rshb.ru сайтым
- Урысей Федерацэм и мэкъумэш-промышленнэ IэнатIэм епха IуэхущIапIэхэм кредит-финанс Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ лъабжьэ быдэщ «Урысейм и Мэкъумэш банк» АО-р. Ар къызэрагъэпэщащ 2000 гъэм икIи нобэ къалъытэ АПК-м и кредитор нэхъыщхьэу. «Урысейм и Мэкъумэш банкыр» ди къэралым щылажьэхэм ящыщу нэхъ лъэщхэм, зи Iуэхухэр зэпIэзэрытхэм, мылъку хъарзыни зыбгъэдэлъ нэхъ банкышхуэхэм хабжэ. Абы и акцэхэм я проценти 100-ри къэрал мылъкущ.
- КЪЭХЪУН Бэч.